ХУЭБГЪЭФАЩЭКIЭ ЗЭФIЭКIКЪЫМ Главные вкладки

Пщыхьэ, Шахэ, Щхьэгуащэ, Кхъужьыпс я псыхъуащхьэхэр зэпызыгъэщхьэхукI къурш гуэрэным щхьэщылъэгыкI бгыхэм я нэхъ уардэщ Фыщт Iуащхьэжьыр, метр 2888-рэ зи лъагагъыр.
ЭТИМОЛОГИЕМ (псалъэпкъхэм я лъабжьэхэр къэзылъыхъуэ щIэныгъэм) зыдезыгъэхьэххэм куэду яхэтщ зэман блэкIахэм къахэтэджыкIа щIыпIэцIэхэр, гурыIуэгъуафIэ тщащI къащыхъуу, нобэрей бзэхэм я IукIэм хуэзыгъакIуэхэр. Абыхэм къалъытэну я щхьэ тралъхьэркъым бзэм и пкъыгъуэу фIэщыгъэцIэм ехьэлIахэр блэкIа лIэщIыгъуэхэм «я кIыщым зэрыщыщIаIущIыкIар».
ЖытIам и зы щапхъэу къэтхьынщ КъухьэпIэ Кавказым и бгы нэхъ удэзыхьэххэм хабжэ Фыщт Iуащхьэжьым и цIэр зэхэщIыкIыгъуэу жызыIэхэм Интернетым куэду дазэрыщрихьэлIэр. Ауэ щыхъукIи, зи гугъу тщIы бгъэдыхьэкIэм хуэдэхэр Iуэхум и пэжыпIэр зэхэгъэкIыным зэрыхуэмылажьэм дэри шэч къытетхьэркъым. Сыту жытIэмэ, «Фыщт» щIыпIэцIэр зэман жыжьэ дыдэхэм къыщежьащ икIи мыбдежым дэ дызыщыхуэзэр «зыпхыплъыгъуей» дыдэ хъуа псалъэпкъ зэхэгъэувэкIэщ. Ар къызыхэкIауэ къэлъытэн хуейри, дэ дызэрегупсысымкIэ, мы щIыналъэм щыIуу щыта бзэхэм лъэхъэнэ кIыхьым къриубыдэу ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэмрэ ящыщ языныкъуэхэр зэрыщымыIэжымрэщ (псалъэм папщIэ, убыхыбзэмрэ садзхэм я бзэмрэ). Аращ Фыщт бгым и цIэм хуэдэхэм адыгэ-абазэ-убыхыбзэхэм я тхыдэм куууэ дыщIыхашэри.
Убыххэр къэтщтэнщи, гу лъытапхъэщ икIи гъэщIэгъуэныщэщ, ахэр Тыркум къыщыхута иужькIи, абы щалъагъу мэзыншэ бгы джафэхэм щхьэкIэ «фыщт» жаIэу зэрыщытари. «Я Хэкужьым щхьэщылъагыкI Фыщт Iуащхьэжьыр абыхэм, дэнэ щIыпIэ щымыIами, хуиту ялъагъу лъагапIэт», - щыжиIэгъащ и тхыгъэхэм ящыщ зым нэмыцэ лингвист, этнограф цIэрыIуэ, кавказыбзэхэр (убыххэм яйри абыхэм яхэту) джыным илъэс куэдкIэ яужь ита Дирр Адольф.
Мэрэтыкъуэ Къасым и «Адыгейский топонимический словарь» тхылъым къызэрыщихьамкIи, щIыпIэцIэхэр джыным куэд щIауэ дихьэх Твёрдый Александр зэритхымкIи, Лагъуэнакъэ (Лагонаки) бгыщхьэ тафэм егъэщIылIа къуршхэм уардэу къахэхужьыкI Фыщт Iуащхьэжьым и цIэр пычыгъуитIущ зэрызэхэтыр: япэр - («фы») - («фыжь», «хужь»); етIуанэр - («щт») - («щтын», «щта», «зэщIэдиихьа») Iыхьэхэущ, зэщIэгъэуIуауэ къарыкIри «бгы хужь зэщIэщтыхьа» мыхьэнэращ.
АрщхьэкIэ, ищхьэкIэ зэрыщыжытIащи, апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм арэзы къимыщIхэри щыIэщ. Абыхэм ящыщ языныкъуэхэр мыпхуэдэу йогупсыс: «фыщт» фIэщыгъэм и япэ пычыгъуэм «фыжь-хужь» къидгъэкIыфынуми, кIэух «т»-р еиныгъэ къигъэлъагъуэу къэтлъытэми, а тIум я зэхуаку къыдэува «ш» - «щ» макъым къикIыр зэрымыгурыIуэгъуэу къонэ», - жаIэу.
Иужьрей макъым теухуауэ еплъыкIитI щыIэщ. Япэр «щ»-р «щта», «зэщIэщтыхьа» мыхьэнэм хуэгъэкIуэнырщ, етIуанэр «щ»-р щабэуи хуабжьыуи къепщэ жьым и макъым егъэщхьынырщ.
«Фыщт» фIэщыгъэр абазэбзэм къыхэкIауэ, «аф» пычыгъуэм «Щыблэм и тхьэ», «щта»-м «Абы и унэ», «Абы и щIыпIэ» мыхьэнэхэр къарыкIыу, зэхэплъхьэжмэ, «щыблэ уапIэ» мыхьэнэм хуэкIуэжу жызыIэхэри щыIэщ.
ИтIани, ищхьэкIэ къызэрыщыхэдгъэщащи, хуэгъэфэща бгъэдыхьэкIэ этимологием и «щIасэкъым». Аращи, Iуэху еплъыкIэу къэдгъэлъэгъуахэм «Фыщт» фIэщыгъэм къикIыр нэгъэсауэ къыдгурагъэIуэфу къэлъытэныр тIэкIу пасэIуэу къыщIэкIынущ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.

13.05.2024 - 08:45

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ И ЩIЫХЬКIЭ

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым щагъэлъагъуэ студент-дизайнерхэм я лэжьыгъэхэр.

12.05.2024 - 09:03

ЛЪАХЭХУТЭ ЗЭПЕУЭ

КъБР-м и Сабий, щIалэгъуалэ творчествэ унэм иджыблагъэ щекIуэкIащ урысейпсо зэIущIэ.