МИНИСТРЫР КЪБР-М И ЩIАЛЭГЪУАЛЭ ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И ЛIЫКIУЭХЭМ ЯIУЩIАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Шаваев Ильяс КъБР-м и ЩIалэгъуалэ правительствэм и лIыкIуэхэм иджыблагъэ яIущIащ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и ЩIалэгъуалэ правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Ахметов Артуррэ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Берюковэ Аннэрэ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ министерствэмрэ ЩIалэгъуалэ правительствэмрэ зэрызэдэлэжьэну щIыкIэхэм, къапэщылъ Iуэхугъуэхэм, нэхъапэ игъэщыпхъэ икIи къыхэлъхьапхъэ проектхэм.
Апхуэдэу, къулыкъущIэ ныбжьыщIэхэм къыхалъхьащ дыкъэзыхъуреихь дунейр хъумэнымрэ экологие щIэныгъэр хэгъэхъуэнымкIэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIыпхъэу, курыт еджапIэм щIэсхэр а Iуэхум жыджэру къыхэшапхъэу.
«Дызэрыт илъэсым дызэлэжьыну дубзыхуа Iуэхухэм япкъ иткIэ щIыуэпсыр хъумэным хуэгъэзауэ лэжьыгъэ зыбжанэ щыIэщ. ДызэрегупсысымкIэ, абыхэм щIалэгъуалэ нэхъыбэ къыхэшэн хуейщ, дыщIэлажьэр къытщIэхъуэ щIэблэращи, дызыпэрыт IэнатIэм и мыхьэнэр къагурыдгъэIуэну къытпэщылъщ», – жиIащ Шаваев Ильяс.
Министрым КъБР-м и ЩIалэгъуалэ правительствэм и лIыкIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм я нэIэ зэрытетым, щIэгъэкъуэн къазэрыхуэхъум папщIэ, икIи къигъэгугъащ, къыхалъхьэ проектхэм гъуэгу етынымкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуну.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ