КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зи чэзу зэIущIэм «Правительствэм хухаха сыхьэтым» щытепсэлъыхьащ «КъБР-м и къуажэхэм зэдэууэ зегъэужьыныр» къэрал программэр республикэм гъэзэщIа зэрыщыхъум. Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн Iуэхум теухуауэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ, зи гугъу ящI къэрал программэм социальнэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр, къуажэхэм щыпсэу IэщIагъэлIхэр щIыпIэм щылэжьэнымкIэ сэбэп зэрыхъур, къуажэдэсхэм я гъащIэр зэрыригъэфIакIуэр.
«Къуажэхэм инфраструктурэхэр къыщызэгъэпэщыжынымрэ абыхэм зегъэужьынымрэ» къэрал программэм и Iыхьэм щыщ «Къуажэхэм я иджырей теплъэр» проектым хыхьэу 2020 гъэм ягъэзэщIащ «Май щIыналъэм зегъэужьыныр» проектыр. Абы и фIыгъэкIэ Май къалэм щаухуащ псы фIейхэр зэрагъэкъабзэ, уэрамхэм псы зэрырикIуэ ухуэныгъэхэр.
Апхуэдэу 2020 гъэм километр 15 зи кIыхьагъ, псы зрикIуэ бжьамийхэр къызыхэкI ухуэныгъэу 6 щрагъэкIуэкIащ Къулъкъужын Ипщэ, Псыншокъуэ, Аруан, Шэджэм Ищхъэрэ, Дзэлыкъуэдэс къуажэхэм, Солдатскэ станицэм. Зеикъуэ къуажэм километри 8,845-рэ и кIыхьагъыу газ зэрыкIуэ бжьамийхэр щаукъуэдиящ.
УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа зэпеуэм къы-щыхахри, 2021 гъэм къэрал программэмкIэ социальнэ мыхьэнэшхуэ зиIэ проектищ гъэзэщIэн щIадзащ - Пролетарскэ, Солдатскэ, Къэщкъэтау жылэхэм я щIыналъэхэм зегъэужьыным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр йокIуэкI. Пролетарскэ къуажэм дэт, Восканов С.П. и цIэр зезыхьэ курыт школыр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжащ, апхуэдэуи абы и уэрамхэр къэзыгъэнэху уэздыгъэхэ-ри зэрахъуэкIащ.
Зэгъэпэщыжыныгъэ, зэфIэгъэувэжыныгъэ лэжьыгъэхэр процент 95-кIэ ягъэзэщIащ. ПIалъэ ягъэувам тету, 2021 гъэм и кIэм ирихьэлIэу ухуэныгъэхэр зэ-фIагъэкIыну я мурадщ, Солдатскэ станицэм тIысыпIи 140-рэ иIэу къыщрагъэжьа сабий садым къищынэмыщIауэ. Ар 2022 гъэм яухын хуейуэ аращ.
Сыжажэр тепсэлъыхьащ къэрал программэм хыхьэ «Транспорт IэнатIэм зегъэужьыныр» проектым хэту ирагъэкIуэкI Iуэху зыбжанэм. 2020 гъэм республикэм и къуажихым автомобиль гъуэгуу километр 2832-рэ щаухуащ. Апхуэдэу 2021 гъэм Гундэлэн - КъухьэпIэ Къэнжал гъуэгур щIын яухащ.
2020 гъэм «Къуажэхэм псэупIэ щыухуэным зегъэужьынымрэ уней лъапсэ- хэр зэIузэпэщ щIынымрэ» проектым ипкъ иткIэ, къуажэхэм щыпсэухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хухах мылъкум щыщ бынунагъуэшхуэу 3-м иратащ. 2021 гъэм апхуэдэ социальнэ ахъшэр яIэрыхьащ унагъуитIым икIи унэхэр яухуэри, я псэукIэр ирагъэфIэкIуащ. КъищынэмыщIауэ, къуажэхэм щыпсэухэм я псэукIэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ, 2020 гъэм къыщыщIэдзауэ льготэ зиIэ ипотекэ кредитхэр ят.
Министрым жиIахэм едэIуа нэужь, Егоровэ Татьянэ щIэупщIащ 2021 гъэм къэрал программэмкIэ ягъэзэщIэн хуея социальнэ проектищым хухаха мылъкур нэсу къыщIамыгъэсэбэпам и щхьэусыгъуэм, апхуэдэуи «КъБР-м и къуажэхэм зэдэууэ зегъэужьын» къэрал программэм япэ щрагъэщ проектхэр къызэрыхах щIыкIэм.
Япэ упщIэм теухуауэ Сыжажэм къыхигъэщащ ар я нэIэм зэрыщIэтыр, абы и IуэхукIэ лэжьыгъэр зыгъэзащIэхэм иджыблагъэ зэрепсэлъар икIи илъэсым и кIэм ирихьэлIэу псори зэхуэкIуэжыну къызэрагъэгугъар.
- Лэжьыгъэхэр ягъэзэщIащ, ауэ мылъкур яIэрыхьакъым, аращ къэдгъэлъэгъуа процентыр щIэмащIэр, - жиIащ министрым. - Абы щыгъуэми къэрал, республикэ бюджетхэм къыхэкIыу ахъшэр и чэзум къокIуэ. Лэжьыгъэр зэфIэзыгъэкIхэм ящIам текIуэдар къабжыжыным Iуэхур игъэгуващ.
Къуажэхэм зегъэужьыным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм япэ игъэщыпхъэхэр къызэрыхахым и гугъу щищIым, абы къыхигъэщащ ар соци-альнэ мыхьэнэ зиIэ объектхэр ухуэным, зэгъэпэщыжыным тещIыхьауэ зэрыщытыр.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим щIэупщIащ 2022 гъэм къуажэхэм щаухуэну гъуэгухэр зыхуэдизымрэ абы текIуэдэну мылъкумрэ.
Министрым зэрыжиIамкIэ, «КъБР-м и къуажэхэм зэдэууэ зегъэужьын» къэрал программэм хыхьэ «Къуажэхэм транспорт IэнатIэм зыщегъэужьыныр» проектымкIэ гъуэгуи 10 яухуэнущ километр 17-м нэблагъэ я кIыхьагъыу икIи абы сом мелуан 437-рэ текIуэдэнущ.
КъБР-м и Парламентым Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ туризмэмкIэ и комитетым и унафэщI Бэрэгъун Арсен и гугъу ищIащ республикэм агротуризмэм зыщегъэужьыным, абыкIэ цIыхухэр къыдэхьэхыным щхьэпагъышхуэ зэриIэнум.
КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI ТекIушэ Артур къигъэлъэгъуащ къуажэхэр псыкIэ тэмэму къызэгъэпэща зэрымыхъур икIи а Iуэхухэр зэфIэхыным щIыпIэ администрацэхэм я унафэщIхэр жыджэру къыхэшэн зэрыхуейр.
Депутатхэр тепсэлъыхьащ Уэзрэдж къуажэм дэт курыт школ закъуэм зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэшхуэ зэрыщегъэкIуэкIыпхъэм икIи къыхагъэщащ илъэс гъунэгъухэм къриубыдэу ар зи нэIэ щIэт ведомствэхэм абы хэкIы- пIэ гуэр къыхуагъуэту зэфIагъэкIыну зэрыгугъэр. Мы Iуэхум нэхъапэкIи и гугъу ящIауэ щытащ, КъБР-м и Парламентым Лэскэн районым я зи чэзу зэIущIэр щыщрагъэкIуэкIам, школым и щытыкIэм гу лъатауэ щытат.
«Правительствэм хухаха сыхьэтым» депутатхэм къыщаIэтащ худэчых зиIэ ипотекэ кредитхэр зэратым, зи псэупIэр езыгъэфIэкIуэну хуей цIыхухэм зыкъызэрыхуагъазэ лъэIухэм, къэрал программэр гъэзэщIэнымкIэ ведомствэм зыхуигъэувыжа къалэнхэм яте- ухуа упщIэхэр.
Зэпсэлъэныгъэм кърикIуахэмкIэ Iуэхум иужь ит IэнатIэхэм чэнджэщхэр хуагъэхьыну яубзыхуащ.
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.