ЖЬЫУБГЪУ (ДЖУБГЭ)

Хы ФIыцIэ Iуфэм дызыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэм яхэтщ ди нобэрей гъащIэм куэдрэ щызэхэтххэр. Апхуэдэхэм ящыщщ Джубгэ (Жьыубгъу) зыфIащари. Абы и къежьэкIэ хъуам ехьэлIауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.
Адыгэ Республикэм щыпсэуа бзэщIэныгъэлI Мерэтыкъуэ Къасым къызэрилъытэмкIэ, «жьыубгъу» псалъэм къикIыр езым къеIуэтэж: «жьым зыщиубгъу щIыпIэ» жыхуиIэщ.
Лъахэхутэ цIэрыIуэ Ковешников Владимир и IэдакъэщIэкI «Очерки по топонимике Кубани» тхылъым зэритымкIэ, щIыпIэцIэр къытехъукIагъэнкIэ хъунущ «губгъу» - «губгъуэ» псалъэми. Сыту жыпIэмэ, Джубгэ псы цIыкIур хым щыхэлъэдэжым деж къыщыунэху ныджэр, губгъуафэ епплъыну, къызэрымыкIуэу бгъуфIэщ, абы къыхэкIыуи, псы щхьэфэ абрагъуэм къыхиху жьым хуиту зыщиубгъущ.
Гу лъытапхъэщ, фIэщыгъэр «пшагъуэм зыщригуашэ» жыIэгъуэм хуэзыгъакIуэхэри зэрыщыIэм.
Iэгъуэблагъэм пэмыжыжьэу щыс шапсыгъ къуажэхэм дэс нэхъыжьыфIхэм къызэраIуэтэжым тетщIыхьмэ, щIыпIэцIэм и лъабжьэр хуэдгъакIуэ хъунущ «Устьджегутинск» (Къэрэшей-Шэрджэсым дызыщрихьэлIэ щIыпIэщ) фIэщыгъэр къызытехъукIауэ къалъытэ «жьэгъуп» - «жьэгъум и пэ» псалъэ зэхэтми. Къыхэгъэщыпхъэщ, бзэщIэныгъэлI, профессор Лопатинский Лев лIэщIыгъуэ блэкIам икухэм хуэзэу мы фIэщыгъэм и гугъу щищIым, «жьэгъуп» - «жегуп» псалъэхэр къигъэсэбэпу зэрыщытари.
Мыдрейуэ, дымыгъэщIэгъуэн тлъэкIыркъым, фIэщыгъэр урысыбзэм хуэзышэну зыфIэкъабылхэри зэрыщыIэр, къикIыр «жэщ тхьэIухуд» е «дахагъэм и тIуащIэ» мыхьэнэхэм хуагъакIуэу. Апхуэдэ егупсысыкIэр къызыхахари нобэрей гъащIэрщ: жэщым кхъуафэкIэ хым утесу, зи гугъу тщIы ныджэм укъыщыхуэплъэкIэ, нэм къыIуидзэ теплъэм хуабжьу узэрызыIэпишэрщ, узэритхьэкъурщ. АрщхьэкIэ, ди гуапэ зэрыхъунщи, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм лъабжьэ гуэри имыIэу къалъытэ тхыдэджхэм я нэхъыбапIэм. Ар нэрылъагъущ адыгэхэм ди псэукIэу щытамрэ ди бзэм щыщу, зы мащIэ нэхъ мыхъуми, зыгуэр хэзыщIыкIхэм я дежкIи.
Джубгэ посёлкэр а цIэ дыдэр зезыхьэ псы цIыкIур хы ФIыцIэм щыхэхуэжым деж Iусщ, ТIуапсы къалэм и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ километр 70-кIэ пэжыжьэщ.
Зи гугъу тщIы фIэщыгъэр зезыхьэ псым километр 27-рэ и кIыхьагъщ, и Iуфэхэм мывэ джей абрагъуэхэмкIэ щызэтрагъэувауэ щыта испы унэхэр щыкуэдщ. Абыхэм ящыщ зыр Кавказым щынэхъ ин дыдэхэм хабжэ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI