ЗИ МАКЪ ДАХЭМКIЭ ДУНЕЙ ПСОР КЪЭЗЫХЬЭХУА

Дуней псом цIэрыIуэ щыхъуащ Иорданием щыщ, илъэсипщI зи ныбжь адыгэ оперэ уэрэджыIакIуэ БищIо Иман.
2008 гъэм Амман къалэм къыщалъхуа Иман илъэситI зэрыхъурэ оперэм дехьэх, ариехэр егъэзащIэ.
Абы и цIэр Урысейм апхуэдэу щымыIуами, и макъ дахэр цIыху мелуанхэм ягу дохьэ. КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ дуней псомрэ IэIэт нэхъыбэ щызыIэригъэхьэри, ар «Arabs Got Talent» проектым пхыкIащ икIи доллар мин 55-рэ къыхуагъэфэщащ. "Америка ищет таланты" телепроектым и къэпщытакIуэхэри абы къедэIуа псори Иман къыдихьэхащ. Иджы адыгэ пщащэ цIыкIур дуней псом щыцIэрыIуэ телеканалхэм я ток-шохэм ирагъэблагъэ. Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я NBC каналым интервью щитащ.
20I7 гъэм накъыгъэм и 25-м Иорданиер и къэралыгъуэр щагъэлъапIэм, пщащэр Рагадан уардэунэм ирагъэблагъэри, пащтыхь Абдалла II къритащ «ФIыщIэ зэрыбгъэдэлъым папщIэ» дыщэ медалыр.
 Оперэм и вагъуэщIэ къэунэхуам и макъыр зэ зэхэзыхам къыгуроIуэ абы зэфIэкI зэриIэр. Гуапэщ хамэ къэрал щыщ ди лъэпкъэгъу пщащэм и цIэр дуней псом зэрыщыIуар! Иорданиемрэ Тыркумрэ къадэкIуэу, БищIо унэцIэр Урысейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыкуэдщ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI