КIыщокъуэмрэ Кулиевымрэ я фэеплъ къызэIуах

Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КIыщокъуэ Алимрэ Ку­-лиев Къайсынрэ я фэеплъ иджыблагъэ Шэджэм къалэм къыщыщызэIуахым ирагъэ­кIуэ­кIа пэкIум. Ди щIыналъэм и мызакъуэу, зэрыхэгъэгуу щы­цIэ­рыIуэ цIыхубэ усакIуитIым я фэеплъ махуэщIым кърихьэлIащ КъБР-м и Правительствэмрэ ­Парламентымрэ щыщхэр, щIыналъэхэм щIыпIэ унафэр щызезыхьэ къулыкъущIапIэхэмрэ жы­­лагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я лэжьакIуэхэр, усакIуэхэм я Iыхьлыхэр.

ПэкIур къыщызэIуахым, КIуэ­кIуэ Казбек къызэхуэсахэм абы къызэрекIуэлIам папщIэ фIыщIэ яхуищIри жиIащ: «Ди щIыналъэм и щIыдэлъху лъэпкъитIыр зэпы­зыщIэ, я зэхуаку илъ ныбжьэгъугъэр зыгъэбыдэ усакIуитIыр ­Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъ­хэр зэзыпх лъэмыжщ, я IэдакъэщIэкIхэр дунейм тетыху зэ­рыгъуэзэн псэкупсэ гъуэмылэщ, я зэхущытыкIэр мыкIуэдыжын фэ­еплъщ».
МахуэщIым ирихьэлIэу, УФ-м и цIыхуу зэрыщытым щыхьэт техъуэ паспортыр КIуэкIуэ Казбек Шэ­джэм щIыналъэм щыщ ныбжьы­щIэ 12-м яритащ. «Нобэ зи цIэ къит­Iуэ, зи фэеплъыр дгъэлъапIэ цIыхубэ усакIуитIым ди щIына-лъэм и фIыр дунейм хагъэIуэн щхьэкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэ­кIащ. КIыщIокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ я IэдакъэщIэкI тхыгъэхэм укъыхураджэ гуащIэдэ-кIым пщIэ хуэпщIу, цIыхум цIы­хугъэ кIэлъызепхьэу дунейм утетыныр. ЦIыхугъэкIэ зи гъащIэр зыгъэнщIым Iэмалыншэу и гуащIэм къыхэкI хъерыр езым и щхьэм и мызакъуэу, щалъхуа щIыналъэми екIынущ. Сэ быдэу си фIэщ мэхъу нобэрей махуэр мы ныбжьыщIэ-хэм гукъинэж зэращыхъунур, ­игъэ­гупсэу адэжь лъахэм зэрещхьэпэн дуней зэраухуэнур. Фы­щIалэщ, фыдахэщи, фи дахагъэм дунейр дэщIэращIэу, цIыхум сэбэп къахуэфхьу, фыщалъхуа Хэкур вгъэпэжу фыпсэуну си гуапэщ», - ехъуэхъуащ абыхэм КъБР-м и Iэ­тащхьэр.
КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев ­Къайсынрэ я фэеплъыр Шэджэм къалэ  кIуэцIым дащIыхьа Шэ­джэм жыг хадэм итщ. Абы иращIыхь ухуэныгъэхэм еплъыну КIуэкIуэ Казбек мызэ-мытIэу къэ­кIуащ. «ПсэупIэхэмрэ къалэ зэ­Iузэ­пэщыныгъэмрэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ екIуэкIауэ щыта урысейпсо зэпеуэм Шэджэм жыг хадэм и проектыр нэхъыфI дыдэу къыщалъытауэ щытащ. Фэеплъым и гупэкIэ лъэс лъагъуэ иIэщ, езыми бгъэдыхьэпIэхэри хуэ­щIащ. И хъуреягъкIэ щIыб уэздыгъэхэр зы-пылъ пкъохэр къегъэувэкIащ, жыгхэри къесэкIащ. Къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм иубыд щIы Iыхьэм зрагъэубгъуащ, махуэщI хуэIу­хуэ­щIэхэр щрагъэ­кIуэкIыну утыкури нэхъ ин ящIащ. Жыг хадэм цIы­ху­хэм зыщагъэ­п­сэху хъун щIыпIэрэ лъакъуэрыгъа­жэкIэ къы­щыбжыхь хъун лъа­гъуэхэмрэ хэтщ. Фэеплъым и Iэ­гъуэб­лагъэм иращIыхь лэжьыгъэхэр и кIэм нэсащ, дяпэкIэ яу­тIып­­щынурэ цIыху кIуа­пIэ ящIынущ.
НыбжьыщIэхэм паспортхэр ирата нэужь, илъэситIым и кIуэцIкIэ Шэджэм щIыналъэм щекIуэкIа ­гъуэгу ухуэныгъэхэм я гъэлъэ­гъуэныгъэр утыку кърахьащ. ­КъБР-м транспортымрэ гъуэгу ­Iуэ­ху­хэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шына­гъуэншэхэр» лъэпкъ проектыр зэ­рыкIуатэ щIыкIэм цIыхухэр щыгъуа­зэ щищIым жиIащ: «2020 гъэм Щхьэ­лыкъуэ - Каменкэ гъуэгу Iыхьэм щыщу «Ищхъэрэ» вокзалым екIуалIэ гъуэгур зыхуей хуэдгъэзащ. Щхьэлыкъуэ - Каменкэ, Кэнжэ - Каменкэ гъуэгухэр зэдгъэпэщыжащ, уэздыгъэ пкъохэр щыдгъэуващ. Налшык - Май - Шэ­джэм гъуэгум телъ асфальтыр щIэуэ тетлъхьэжащ. Иджырей мардэхэм тету лъэс лъагъуэ 22-рэ дубгъуащ, Т-7 лIэужьыгъуэм хуэдэ светофорхэр Лашынкъей, Щхьэлыкъуэ, Яныкъуей, Шэджэм Ищхъэрэ, Хъущтэ-Сырт, Эльтюбю, Шэ­джэм ЕтIуанэ къуажэхэм щы­дгъэуващ. Дызэрыт илъэсым «Кавказ» гъуэгушхуэм щыщу Нартан дыхьэр зэдгъэпэщыжащ, Яныкъуей - Лашынкъей гъуэгу Iыхьэми декIуэкIыу  уэздыгъэ пкъохэр ­дгъэ­уващ. Абы къищынэмыщIауэ, ­гъуэгу зэпрыкIыпIэ 37-рэ хуэдиз тщIащ, дэтхэнэми Т-7 лIэужьы­гъуэм хуэдэ светофорхэмкIи къы­зэдгъэпэщащ. Псори зэгъусэу ­къапщтэмэ, километр 230-рэ хуэдиз зи кIы­хьагъ гъуэгу зэзыгъэп­э­щыж икIи къэзыгъэщIэрэщIэж лэ­жьыгъэ ет­щIылIащ. Къыхэгъэщын ­хуейщ Шэ­джэм ЕтIуанэ - Булунгу   гъуэгуми дызэре­лэжьар, гуэ­хункIэ шынагъуэ зиIэ щIыпIэхэр зэпэщ зэрытщIыжар. Бахъсэн къалэм хуэкIуэ гъуэгумрэ Къэбэрдей икIи Сыжажэм и цIэр зезыхьэ уэ­рамхэмкIэ укъикIыу еджапIэмрэ сабий гъэсапIэмрэ узэрекIуалIэ ­гъуэгухэмрэ лъэс лъагъуэхэмри зэдгъэпэщыжащ».
Министрым къыхигъэщащ ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэм ипкъ иткIэ, Шэджэм ЕтIуанэ - Булунгу Iыхьэм хиубыдэу Шэджэм Ищхъэрэ икIи Хъущтэ-Сырт къуажэхэм дэкI гъуэгухэм зэрелэжьынур, Шэджэм псыкъелъэхэм ухуэзышэ гъуэгу дэкIыпIэр зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ зэрыз­э­ра­гъэпэщынур. «КилометрипщI зи кIыхьагъ а гъуэгу Iыхьэм ещIылIапхъэ лэжьыгъэр дызытехьэ илъэ-сым духыну ди мурадщ. КIэщIу зэфIэдгъэкIын ди гугъэщ Шэджэ­мып­сым телъ лъэмыжым епха зэзыгъэпэщыж лэжьыгъэхэмрэ къалэ кIуэцIым дэт щIыщIагъ зэп­рыкIыпIэм епха ухуэныгъэхэм­рэ», - жиIащ ДыщэкI Аслъэн.
Лъэпкъ проектхэмрэ къэралпсо программэхэмрэ пыщIауэ лэжьыгъэ куэд нэгъуэщI унэтIыныгъэ­хэмкIи 2022 гъэм Шэджэм щIыналъэм щекIуэкIынущ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, Хьэ-цIы­кIу Анатолэ и цIэр зезыхьэ щIыналъэ сымаджэщыр къэгъэ­щIэ­рэ­щIэ­жыным пыщIа лэжьыгъэхэр, Шэджэм Ищхъэрэм щаухуэну топ джэгупIэр.
ШУРДЫМ  Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ