ЖЭНЭТ ЩIЫНАЛЪЭ

«ЩIылъэу щыIэм я нэхъ гуакIуэр ар си къуажэ дахэращ, 
 Уи мэз лъапэм сыщытескIэ, Кенжэ дахэ,
Жэнэт лъапэ сэ сыщIэсщ», - апхуэдэ псалъэ дахэмкIэ къыщIедзэ Мамий Аслъэн Кэнжэ къуажэм теухуауэ иуса уэрэдыр. Мы дунейм зы цIыхуи тету къыщIэкIынкъым къыщалъхуа щIыпIэр фIыуэ имылъагъуу. Сэри сащыщщ зи адэжь лъахэр зи псэм хзэлъхэм. Сэ сыкъыщалъхуащ Кэнжэ къуажэм, КъуэшыркъуейкIэ зэманыжьым зэджэу щыта жэнэт щIыналъэм. 
ПщIэ-нэмыс дэлъу, щыпсэу цIыхухэр лажьэрэ шхэжу игъащIэ лъандэрэ къогъуэгурыкIуэ ди жылэр. Абы щызэхэта совхозыр и зэфIэкIхэмкIэ щыцIэрыIуэт Къэбэрдей-Балъкъэрми къэрал псоми Къуажэдэсхэр игъащIэ лъандэрэ йолэжь жыг хадэ гъэкIыным икIи абы цIэрыIуэ ирихъуащ. 
Кэнжэ къуажэм иджыпстуи зеужь, йофIакIуэ. Ди жылэм дэтщ курыт еджапIэ, сабий гъэсапIэхэр. Абы щылажьэхэр йогугъу щIэблэщIэм щIэныгъэ куурэ гъэсэныгъэ екIурэ зэрыбгъэдалъхьэным. Куэд щIакъым къуажэм ЩэнхабзэмкIэ унэщIэ зэрыщащIрэ. Абы лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щрагъэкIуэкI, гупжьей хьэлэмэтхэр щолажьэ, сабийхэм я зэхэщIыкIым зрагъэужь. Къуажэм щаухуащ сабий куэд зэкIуалIэ спорт комплексышхуэ икIи зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щIэх-щIэхыурэ къыщызэрагъэпэщ. А псоми мыхьэнэшхуэ яIэщ сабийхэм я зэманыр сэбэпынагъ хэлъу къагъэсэбэпынымкIэ.
Къуажэм и пщIэр яIэт абы къыдэкIа цIыху цIэрыIуэ куэдым. къыдэкIащ. А нэхъыжьыфIхэр я щапхъэу жылэм къыдохъуэ щIэблэ узынши. 
 

 

ЖЫГУН Рузанэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ