КЪЫЗЭРЫЗГЪЭЗЭЖЫНУМ ШЭЧ КЪЫТЕВМЫХЬЭ

Иорданием и пащтыхьыкъуэ Алий зи пашэ Кавказ зекIуэр дигу къыдогъэкIыж
Адыгэ мухьэжырхэм якIуа гъуэгуанэм кърикIуэжу, Иорданием щытепщэ Хьэшимит пащтыхьыгъуэм и лIыкIуэ, пащтыхь Хъусейн и къуэ Алий щауэ 50 щIыгъуу и хэкумрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ шу зекIуэкIэ зэпищIауэ щытащ 1998 гъэм. 
Алий-пащтыхьыкъуэм тыншыгъуэ къилъыхъуэу гу лъыптэртэкъым. ЗэрыщауэфIыр IупщIу, ар жэщ къыщытехъуэ щIыпIэм щожей, уеблэмэ, зэрыжей къэпхэм илъу щIыбым нэху къыщыщекIи къыхуохуэ. Ерыскъы хэплъыхьи ищIыркъым, къыIэрыхьэр фIэIэфIщ. Ар и фIэщу къызэрыгуэкI шхыныгъуэхэм щогуфIыкI, пщIэ хэха хуащIыну хуежьэмэ, яхуидэркъым. Пащтыхь унагъуэм и щIалэ гъэфIэну фэ зытет щIалэм, гъэсэныгъэ дахэм, хьэл зэтетым и щапхъэ куэд далъэгъуащ а махуэ зыбжанэм. 
Кавказ Ищхъэрэм зекIуэ ежьэну мурад зэрищIу, Iуэхум зэрырихьэжьам гу лъыптэу, зыхуигъэхьэзырын щIидзат Алий-пащтыхьыкъуэм. Американ доллар 300 000 зи уасэ шыхэр къызэрырашэкIын гушхуэ иригъэщIащ. Мэстафэ Вячеслав Иорданием мазиплIкIэ щыпсэуащ, зекIуэм хэтыну шухэм фащэрэ вакъэрэ яхуиду. IэщIагъэлIым и унапщIэри, абы игъэхьэзыра хьэпшыпхэм ятекIуэда ахъшэри пащтыхьыкъуэм и жып кърихащ. Дыжьыным къыхэщIыкIа Iэщэхэр зыщIар Адыгейм щыщ бзылъхугъэ IэпэIэсэ Еутых Iэсиятщ. Шыхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым ирашу Иорданием зэрашам доллар 15000 текIуэдащ. Шу къэс гъуэгупщIэ къудейуэ доллар мин зырыз иратащ. 
А псом щхьэусыгъуэ хуэхъуар пащтыхьыкъуэм зекIуэм хилъхьэ мыхьэнэ куурт. 
- Адыгэхэр тхыдэм игъэфIауэ пхужыIэнукъым, - жеIэ Алий пащтыхьыкъуэм. - Ауэ нобэ дунейм щызекIуэ демократием и хьэтыркIэ дэ ди адэшхуэхэм яхузэфIэкIыу щымытам дытогушхуэф. И чэзу хъуащ адыгэхэм я щхьэ Iуэху зэрахуэжыну, тхыдэкIэ я хэкум ягъэзэжыныр зрагъэхъулIэфыну. Ди зекIуэм и мыхьэнэр сыт жыпIэмэ, мухьэжырхэм якIуа гъуэгуанэм дрикIуэжу, адыгэ гъащIэм къыщыхъун хуей зэхъуэкIыныгъэм щапхъэ дыхуэхъунырщ. Сэ си пщэ дэслъхьэжа къалэным ипкъ иткIэ, ар япэ лъэбакъуэ къудейщ. ЕтIуанэ лъэбакъуэу адыгэхэм хэкум зэрихьэжыну визэхэр къыIахыныр псынщIэ ящыщIын хуейщ, хэкумрэ езыхэр щыпсэу щIыпIэмрэ зэпызыщIэ кхъухьлъатэхэр щыIэн хуейщ, гъуэгуанэ лей зэпамычу, нэгъуэщIыпIэ Iумыхьэу унэм кIуэжыфын хуэдэу. Ди нэхъыжьхэр нэгъуэщI зэманщ зыхапIыкIар. Абыхэм захъуэжыныр нэхъ къатохьэлъэ. Абы къыхэкIыу, щIалэгъуалэм ядэлэжьэн хуейщ. Лъэпкъым и къэкIуэнур зэлъытар ахэращ. ЩIалэгъуалэм езым и пщэрылъ, и къарур зрихьэлIэн плъапIэ лъагэ иIэжын хуейщ. 
Пащтыхьыкъуэм зэрыжиIэмкIэ, шы шэсыныр зэрыцIыкIурэ и щIасэщ. Псоми ягъэщIагъуэрт ар екIуу адыгэ къафэм зэрытетыр, ауэ щыхъукIэ, абы зыми къэфэкIэ иригъэщIакъым, джэгум хэтыну зэрыфIэфIым щхьэкIэ, и ныбжьэгъу адыгэ щIалэхэм ирагъэсауэ аращ. Апхуэдэ дыдэу, ар шы шэсыкIэми хуеджакъым. 
Шым зэрышэсу, Алий-пащтыхьыкъуэр напIэзыпIэм къуршыщхьэм долъэтей. Шымрэ шумрэ зы мэхъури, тIури зэтехуэу бауэу къыпфIощI. Пащтыхьыкъуэм Кавказым хьэщIэу зыкъыщилъэтыжыркъым: «Си анэр Токъанхэ ящыщщ, адэмкIэ си анэшхуэр – убых лъэпкъым къыхэкIащ». 
Абы дэщIыгъужыпхъэщ пащтыхь Хъусейн зыпIа бзылъхугъэри адыгэу зэрыщытар. 
Пащтыхьыкъуэм ибзыщIыркъым и зекIуэм щIалэгъуэм хуэщ романтикэ тIэкIуи щхьэусыгъуэ зэрыхуэхъуар. ИтIанэ хуитыныгъэм хуэпабгъэ зэпыту зэрыщытри и хьэлхэм язщ. ЩыцIыкIум щыгъуэ, абы плъыр дзэлIхэм щIэх-щIэхыу зафIигъэпщкIуурэ закъригъэлъыхъуэжырт. Нэхъ ин хъуа нэужь, Инджылызым, Америкэм и закъуэ къыщынэурэ щыпсэурт, пащтыхь унагъуэм зэрыщыщыр ибзыщIу, цIыху къызэрыгуэкIыу псэуну Iэмал иIэн папщIэ. И закъуэ къэнэныр сыт щыгъуи фIэфIщ абы лъандэрэ. Хуэмурэ ар дихьэхащ адыгэхэм закъригъэужьыжын гукъыдэжым. И гъусэу гъуэгу къытеува щIалэ псори шууейхэщ, пащтыхьым и плъырыдзэм щыщщ. Ауэ Алий-пащтыхьыкъуэм ахэр езым къыхуэпщылI гуэру къилъытэркъым: «Дэ зы гуп зэрыIыгъым дыщыщщ, псори дызочэнджэщ. Сэ абыхэм сратепщэу щытми, езыхэм сыкъахъумэкIэ Iуэхур зэфIэкIынукъым, сэри абыхэм зыри къазэрыщымыщIыным селIэлIэн хуейщ». 
Гъуэгур къызэрыхахам щытепсэлъыхькIэ, щIалэм жеIэ: «Дэ гъуэгугъэлъагъуэ диIакъым, гъуэгури дубзыхуатэкъым дыкъежьэн ипэ. Дегупсысурэ дыкърикIуащ, дэнэкIэ дгъэшмэ нэхъыфI хъуну пIэрэ жытIэурэ». 
Къэрэшей-Шэрджэсым и Хьэбэз районым гупыр турист хэщIапIэм къыщыувыIат. Пщыхьэщхьэм зыгуэрым, Iэдииху и чэщанэм и лъэныкъуэкIэ плъэуэрэ, цIыхубзыцIэм къикIымрэ абы епха хъыбарымрэ пащтыхьыкъуэм жриIэжыну мурад ищIащ. Псэлъэн иригъэухри, Алий абы иджыри хъыбаритI худыщIигъуащ Iэдииху теухуауэ. Пщэдджыжьым пащтыхьыкъуэр и закъуэ чэщанэм бгъэдыхьащ. Таурыхъыр гъащIэм щыхуэкIуэж щапхъэхэм яз къыщIэкIынт ари. Илъэс 24-рэ фIэкIа мыхъуа пащтыхьыкъуэм щIыпIэ дахэ куэд зригъэлъагъуну хунэсат зекIуэм къежьэн ипэкIэ. 
- Мы щIыналъэм хуэдэу сызыщIэзышэ щыIэкъым, - жеIэ абы иджы. - Си фIэщ хъуркъым езы адыгэхэм я щIыпIэм и дахагъэмрэ и уасэмрэ нэсу къагурыIуэу. 
Иджыри укъытхыхьэну уи мурад? – жаIэри йоупщI Алий-пащтыхьыкъуэм бысымхэр. «НтIэ», - къарет жэуап иджы инджылызыбзэкIэ. Ауэ и жыIэкIэм къикIыр нэгъуэщIщ: «Абы шэч къытефхьэрэ?» 

 

Зыгъэхьэзырар Чэрим Марианнэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. 

17.04.2024 - 16:05

ДУНЕЙПСО ЩIЭИНЫМ И МАХУЭ

«Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо