КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ щыIэ советым и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ

Советым и зэIущIэм хэтащ республикэм и къалэ ок­ругхэмрэ муниципальнэ районхэмрэ я щIыналъэ ад­министрацэхэм я Iэтащхьэхэр, хьэрычэт IэнатIэм и лэ­жьакIуэхэр.

Псалъэмакъыр нэхъыбэу теухуауэ щытащ хьэрычэт IэнатIэм къэралым и дэIэпыкъуныгъэ етыным, «2025 гъэм нэсыху Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым зегъэу­жьыныр» Урысей Федерацэм и къэрал программэм химие промышленностым, мэкъумэш хозяйствэм, нэгъуэщI IэнатIэ зыбжанэм пыщIауэ 2018 гъэм хагъэ­хьауэ щыта инвестицэ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум. Апхуэдэ проектхэм ящыщт лэч зэмылIэужьыгъуэу тонн мини 10-м нэблагъэ илъэ­сым къыщIэзыгъэкIы­фыну завод ухуэныр, жылапхъэфI­хэр щагъэкI центр къызэгъэпэщыныр, пластик тарэ къыщIэзыгъэкI заводыр къэгъэщIэрэщIэжыныр (а проектищри дызэрыхьа илъэ­сым къриубыдэу гъэзэ­щIа хъунущ), иджырей жыг хадэхэр щыхасэкIэ къагъэсэбэп бетон пкъохэр къыщIэзыгъэкI завод ухуэ­ныр (предприятэр 2018 гъэм къызыхуэтыншэу хьэзыр ящIащ). Псори зэхэту а проектхэм ятекIуэдэнущ сом мелард 1,5-м щIигъу.

КIуэкIуэ Казбек къыщы­псалъэм къызэригъэлъэ­гъуамкIэ, республикэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI хьэ­рычэт IэнатIэ мыинымрэ куры­тымрэ дэIыгъынымкIэ программэхэр щIэуэ зэ­теу­хуэ­жыным, хьэрычэ­тыщIэ­хэр Iуэхум тегъэгушхуэным икIи а лэжьыгъэм ШэсыпIэ фондымрэ МикрокредитхэмкIэ фондымрэ къых­э­шэным хуэунэтIауэ. Ап­хуэдэу щыт пэтми, хьэры­чэ­тыщIэхэр лэжьыгъэм те­гъэ­гушхуэ­нымкIэ хэ­кIы­пIэ­хэр дяпэкIи къэлъыхъуэн ­хуейщ.

«Хьэрычэт IэнатIэм бгъэ­дэтхэм дэ дащогугъ къытпэщыт социальнэ гугъуехь­хэр дэгъэкIынымкIэ зыкъытщIагъэкъуэну. ЦIыху­хэм ипэжыпIэкIэ къаIэрыхьэ хэхъуэхэм я лъэныкъуэкIэ дэ нэрылъагъуу дыкъыкIэроху къэралым ику иту щыIэ бжыгъэхэм. Абы къыхэкIыу республикэр хагъэхьащ цIыху­хэм я хэхъуэхэм хэгъэхъуэ­нымкIэ, хуэмыщIауэ псэухэр хуэдитIкIэ нэхъ мащIэ щIынымкIэ социально-экономикэ зыужьыныгъэм пы­щIа мурадхэр 2024 гъэм нэсыху гъэзэщIэным хуэунэ­тIауэ зэхалъхьа федеральнэ проектыр япэу къыщагъэ­сэбэпыну щIыналъэхэм. ИкъукIэ мытынш, ауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ апхуэдэ къалэныр бизнесым, хозяйствэ зезыхьэ субъект псоми я дэIэпыкъуныгъэ хэмылъу гъэзэщIэгъуейщ. Абыхэм дэIэпыкъуныгъэ и лъэныкъуэкIэ нэхъыщхьэ дыдэу дазэрыщыгугъыр цIыхухэм кърагъэлэжь улахуэм хагъэхъуэну аращ», - къыхигъэщхьэхукIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм.

КъБР-м и Правительст­вэм, КъБР-м и Парламентым хуагъэуващ хьэрычэ­тыщIэхэм, хозяйствэ зезы­хьэ субъектхэм я унафэщI­хэм зытепсэлъыхьыр зэ­гъэ­щIылIа адрей IэнатIэхэм ящIыгъуу мы Iуэхур куууэ зэпкърахыну икIи зэфIагъэкIыпхъэхэр яубзыхуу зэман гъунэгъум къриубыдэу къыхалъ­хьэну.

Республикэм и экономикэм щIэгъэхуэбжьауэ зе­гъэу­жьынымкIэ программэм и инвестицэ Iыхьэм и гугъу щищIым КIуэкIуэ Казбек къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ экономикэм и IэнатIэ нэхъыщхьэхэм къыхузэ­щIагъэуIуэ инвестицэхэр нэхъыбэ щIын зэрыхуейм. «Инвестицэхэм я куэдагъым хэгъэхъуэным къыдэкIуэу, ахэр и зэманым къагъэсэбэпын зэрыхуейри къэ­лъытапхъэщ. Нэгъабэ дэ а къалэным нэгъэсауэ дехъу­лIакъым икIи абы къыхэкIыу инвестицэ проект щхьэ­хуэ­хэр тхуэмыгъэзащIэу 2019 гъэм хыхьащ. ДяпэкIэ апхуэдэ Iуэхур зыми хуэдгъэгъу хъунукъым. Щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ и зэманым ямыгъэзащIэу къэнахэм къэралым и дэIэ­пыкъуныгъэкIэ зэлэжь инвестицэ проектхэри коммерцэм пыщIа проектхэри яхэтщ. Инвесторхэр Iуэхум нэхъ тегушхуэн папщIэ абыхэм мылъкур яфIэкIуэ­дынымкIэ щыIэ шынагъуэр гъэмэщIэн, инвестицэхэр къэгъэсэбэпынымкIэ Iэмал тэмэмхэр зэтегъэувэн, къэралым и дэIэпыкъуныгъэм зегъэубгъун хуейщ. Дэ дыщогугъ республикэм и хьэрычэтыщIэхэм ирагъэ­кIуэкI инвестицэ лэжьыгъэр щIагъэхуэбжьэну. Дэ абыхэм сыт и лъэныкъуэкIи защIэдгъэкъуэну, проект пыу­хыкIахэр щагъэзащIэкIэ лъэныкъуэ щхьэхуэхэмкIэ яхудэдчыхыну дыхьэзырщ», - жиIащ щIыналъэм и Iэтащхьэм.

ЗэIущIэм къыщапсэлъахэм япкъ иткIэ КъБР-м и Правительствэм и пщэ иралъхьащ властым и федеральнэ органхэм щIыналъэ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ субсидиехэр Къэбэрдей-­Балъкъэрым хухэхыным теухуа зэгурыIуэныгъэ яри­щIылIэну. Апхуэдэу «2025 гъэм нэсыху Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым зегъэужьыныр» Урысей Федерацэм и къэрал программэр гъэзэщIэным хэтхэм икIи абы хиубыдэ инвестицэ проектхэр къэщтэнымкIэ жэрдэмщIакIуэу увахэм пщэрылъ щащIащ а прог­рам­мэхэм хиубыдэ Iуэхухэр нэгъэсауэ ягъэзэщIэну.

Гу зылъытапхъэ:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ щыIэ советыр зэпымыууэ лажьэ коллегиальнэ чэнджэщэгъу органщ. Ар къызэрагъэпэщащ экономикэм и зыужьыныгъэр щIэгъэхуэбжьэным, хьэ­ры­чэт IэнатIэм зегъэужьыным, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм инвестицэ щыты­кIэ тэмэм щызэтегъэувэным хуэгъэза Iуэхухэр убзыхуным пыщIа лэжьыгъэ­хэр зэблигъэкIын папщIэ.

Советым и къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ инвестицэхэр къызэщIэгъэуIуэнымкIэ, хьэрычэт IэнатIэм зегъэужьынымкIэ зыхуей правовой, экономикэ Iэмалхэр зэтегъэувэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуныр, инвестицэхэмрэ хьэрычэт Iуэхумрэ яхуэгъэза къэрал политикэм и стратегиехэмрэ хабзэхэмрэ зэхэлъхьэным хэтыныр, административнэ лъэпощхьэпохэр къызэ­нэ­кIыным, инвестицэ Iуэху­хэмрэ хьэрычэт IэнатIэмрэ къэрал дэIэпыкъуныгъэ етынымкIэ чэнджэщхэр гъэхьэзырыным телэжьэ­ныр, республикэм хьэрычэт IэнатIэм зыщегъэужьы­нымкIэ программэхэмрэ инвестицэ проектхэмрэ пхыгъэкIынымкIэ, ахэр ахъшэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ дэIэ­пыкъуэгъуу щытыныр.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.