Москва щызэIущIащ УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министр Васильевэ Ольгэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ КазбекрэДыгъуасэ Москва лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэхуэзащ УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министр Васильевэ Ольгэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ УФ-м и Президентым «Урысей Федерацэм 2024 гъэ пщIондэ зэрызиужьыну щIыкIэм теухуауэ зыхуэплъэхэмрэ къалэн нэхъыщхьэхэмрэ я IуэхукIэ» накъыгъэм къыдигъэкIа указыщIэм щыубзыхуахэр гъэзэщIэным ипкъ иткIэ цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтын IэнатIэм республикэм зэрызыщиужьыну, «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым щIыналъэр 2019 гъэм зэрыхэтыну щIыкIэхэм ятеухуа Iуэхухэм.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|