ГЪУЭГУ ТЭМЭМ ПХЫТШЫФЫНУ КЪЫСЩОХЪУ

Америкэ Штат Зэгуэтхэм щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Чыгъэду Казбек США-м зэрыIэпхъуэрэ хэтщ Адыгэ Хасэм, сыт щыгъуи лъэпкъ Iуэхум жыджэру и гуащIэ хелъхьэ.

Сирием и Джолан лъэгапIэхэм щыIэ адыгэ къуажэхэм я нэхъ ин дыдэ КъунейтIрэ къыщалъхуащ Казбек 1956 гъэм. Илъэс 11 хъуа нэужь Израилымрэ Сириемрэ зэзэуэн щIадзэри, унагъуэр Дамаск Iэпхъуащ. Абы класс 12-р къыщиухри, и къуэшхэр еджакIуэ здагъэкIуа Америкэм езыри Iэпхъуащ. Абы лъандэри Хасэ Iуэхум хэтщ, ауэ лэжьыгъэм къызэрыпэрыкIыжрэ зэман нэхъыбэ хухех.

- Нью-Джерси штатым щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу узэрыхахрэ куэд мыщIауэ жыбоIэ, а Iуэхум сыт щыгъуи ухэтащ. Фи лэжьыгъэм утезгъэпсэлъыхьынут.

- Пэжым ухуеймэ, Америкэм щыпсэу си лъэпкъэгъухэр зыхэсхэм яхэмыгъуэщэжыну, адыгэу къэнэну гурэ псэкIэ хуейщ, ауэ гъащIэм и жыпхъэхэр хуабжьу лъэпощхьэпо къытхуохъу. Тыншкъым хамэ къэралым адыгэу зыщыпхъумэжыну, уеблэмэ США-р абы и лъэныкъуэкIэ псом нэхъ гугъуу къызолъытэ. Инщ абы и щIыналъэр, хуабжьу щызэбгрыдзащ адыгэр. Абы ипкъ иткIэ, ди къуэшхэм къатохьэлъэ я бзэр, я хабзэр ящIэжыныр, абы тетыныр.

Хасэм лэжьыгъэ хъарзынэхэр щокIуэкI. Сэ абы адыгэбзэ щызогъаджэ. СыегъэджакIуэкъым, ауэ яжызоIэ: «Сэ сщIэ адыгэбзэм хуэдиз фэри фщIэмэ, фыкIуэдынукъым». НыбжьыщIэхэр хуейщ я бзэр ящIэну. Илъэс 15 - 20 зи ныбжь щIалэр зэи адыгэбзэкIэ мыпсэлъауэ къэкIуа нэужь, дебгъэхьэхын хуейщ, арыншамэ, тхьэмахуитI нэхъыбэкIэ пхуелIэлIэнукъым, къакIуэн щигъэтыжынущ.

НыбжьыщIэхэм я мызакъуэу, балигъхэри къокIуалIэ, бзэр зэрагъэщIэну хуейуэ. Ахэм нэхъ «саполъэщ», инджылызыбзэр, хьэрыпыбзэр мащIэу къэдгъэсэбэпми, адыгэбзэр нэхъыфIу зрагъащIэ.

Абы нэмыщI къэфакIуэ ансамбль хъарзынэ диIэщ, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым хэта щIалэм тхуигъасэу.

- Зи хэку исыж щIалэгъуалэм дежкIи къиинщ нобэ адыгэбзэр. Ауэ Америкэм щыпсэу адыгэхэм, мащIэми, ящIэжу пIэрэ?

- Курыт ныбжьым итхэм мыIейуэ ящIэу жыпIэ хъунущ, ауэ щIалэгъуалэм, ди жагъуэ зэрыхъущи, яIэщIэхуащ. Сыт хуэдизу дукъуэдийми, Замирэ, сигу къыщIитхъуурэ бжызоIэ, сэ си ныбжь итхэр щымыIэжмэ, Америкэм адыгэбзэ зыщIэ исыжынукъым.

Бзэр зэбгъэщIэн щхьэкIэ фIэкIыпIэ имыIэу щхьэусыгъуитI ухуэныкъуэн хуейщ: е ар уи псэм хэлъу фIыуэ болъагъу, е ущыпсэу щIыпIэм щызекIуэ бзэращи, Iэмалыншэщ. Зы щапхъэ къыпхуэсхьынщ, Америкэм щыпсэуну хуейуэ щIалэ ноIэпхъуэ, адыгэ унагъуэ къыщыхъуауэ, псалъэм папщIэ, абы илъэсрэ ныкъуэм, илъэситIым къриубыдэу инджылызыбзэр зрегъащIэ. Сыт щхьэкIэ? Ирипсэуну хуэныкъуэщи. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ. Бзэр фIыуэ зылъагъу щыIэщ. И Iуэху дэкIыу Америкэм зы щIалэ щопсэу. АпхуэдизкIэ и гум, и псэм зэрихуэти, и анэдэлъхубзэр фIыуэ илъагъути, хэкум къэкIуэжри университетым бзэр щиджащ, адыгэ къуажэм щызэригъэщIащ. Иджы программэхэр зэхилъхьэу, адыгэбзэр зымыщIэхэм еплъурэ зэрызэрагъэщIэн дерсхэр игъэпсауэ Интернетым кърелъхьэ. Емышэ Джантийщ зи гугъу сщIыр, и хъыбар зэхэфхагъэнщ.

Мыдрей щIалэгъуалэр къапщтэмэ, «сыадыгэщ» жаIэ, я машинэхэм адыгэ бэракъым тегъэпщIащ, кирилл хьэрфхэмкIэ «адыгэ» тетхащ, а псалъэр зытет джанэхэр ящыгъщ, ауэ зэрызэпсалъэр инджылызыбзэщ.

- Адыгэ цIыху дапщэ ис Америкэм? Фыщыгъуазэ? Нью-Джерси Хасэм куэд къекIуалIэрэ?

- Бжыгъэ зэхуэтхьэсам тепщIыхьмэ, цIыху минищ хуэдиз дохъу. Мыр, дауи, псори зырызыххэу къэдбжакъым, атIэ бжыгъэ хуэгъэфэщащ. Паттерсон къалэмрэ абы и Iэгъуэблагъэмрэ, Калифорнием щыпсэухэр зэрыхъур тщIэну дыхуейуэ, къыхезгъэтхыкIат, си къулыкъум сыщыпэрыхьам, 3000 хъууэ къалъытащ.

 Хасэм къекIуалIэр, дауи, нэхъ мащIэщ. ГуфIэгъуэмрэ гузэвэгъуэмрэ нэхъыбэ къызэхуос, ауэ махуэ къэс къакIуэр мащIэщ. Мэрем пщыхьэщхьэм, щэбэтым, тхьэмахуэм цIыхухэр нэхъ къызэхуос, щахущIыхьэр аращи.

Пэжщ, махуэшхуэхэр щедгъэкIуэкIым деж нэхъыбэ дохъу. Псалъэм папщIэ, фокIадэм лъэпкъ зэхуэсышхуэ дощI, артистхэр къыдогъэблагъэри, студенти, балигъи зыкърагъэхьэлIэ. Хэкум, лъэпкъым, бзэм, тхыдэм, хабзэм теухуа псалъэмакъхэр идогъэкIуэкI апхуэдэхэм деж, къафэмрэ джэгумрэ нэмыщI.

- Езы Хасэм дапщэ щылажьэрэ, къыдбэлэжьэн гуп зэбгъэпэща?

- ЦIыхуибгъу хуэдиз дызэдэлажьэу аращ. Ауэ сыхуейт дяпэкIэ щIалэгъуалэри Iуэхум къыхэсшэну. Лэжьыгъэр куэд мэхъу, куэд къызэщIэдубыдэну сыхуейщ. Иджыпсту зы цIыхум къалэнитI-щы зэдехь, ахэри нэхъ хуит хъун щхьэкIэ, илъэсыщIэ дызэрыхьэм лэжьакIуэ къезгъэблэгъэнущ.

- Хасэм и бюджетыр къызыхэкIым сыщIэупщIэнут, Казбек. Фи Iуэху зэрыдэвгъэкIын мылъкур дэнэ къифхрэ, е фонд къызэвгъэпэща?

- Хасэм хэт дэтхэнэ зыми хэтыпщIэ къыхелъхьэ. Ар лIэужьыгъуищу дгуэшащ: студентым, лэжьакIуэм, пенсэ ныбжьым нэсам зэрахузэфIэкIым хуэдэу ахъшэ бжыгъэр дгъэувауэ, илъэс Iэджэ лъандэрэ апхуэдэущ зэрыхэтлъхьэр. КъищынэмыщIауэ, Хасэм къищэхуауэ унитI диIэщи, бэджэнду дот, кафетерий диIэщи, ари зыгъэлажьэхэм пщIэкIэ ядот. Мис абыхэм къапэкIуэ ахъшэри ди мылъкум хыдолъхьэ.

Хэлъхьэныгъэшхуэу жыпIэ хъунущ зэпымычу зыкъытщIэзыгъакъуэхэм къытхуаутIыпщ ахъшэри. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, цIыху щыIэщ, сэ сылIэжыхукIэ мазэ къэс Хасэм доллари I00, доллар 200 хэслъхьэнущ, е дыщылажьэ пэшым унэлъащIэ щIэзгъэувэнущ жызыIэхэр. КъищынэмыщIауэ, пхъуантэ диIэщ хэт сыт хуэдиз хузэфIэкIми дилъхьэу. Мы псори хъарзынэщ, ахэр къэдгъэсэбэпурэ Iуэху куэд къызыдогъэпэщ, нэхъ дызыпэмылъэщын Iуэхушхуэ гуэрхэр къыщетхьэжьэми, къыддэIэпыкъун цIыху жумартхэр дызэриIэм гур игъэкIуэдыркъым.

- Хэкум хувиIэ пыщIэныгъэр сыт хуэдэ? МыбыкIэ къэкIуэну зи нэ къикI щыIэ?

- Я щхьэ закъуэу, я благъэхэм, Iыхьлыхэм къакIэлъыкIуэхэр щыIэщ, ауэ куэд къэкIуэж хабзэщ схужыIэнукъым. Нобэ, Хасэм Iуэхур зэтеубла щыхъумэ, си мурадщ илъэс 15 ныбжьым ит сабийхэр къасшэурэ тхьэмахуитI-щы хуэдэ хэкужьым изгъэсыну, адыгэ къуажэхэр езгъэцIыхуну. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэ диIамэ, хуабжьу сэбэп хъунут. Кавказым щыIауэ нэзыгъэзэжар зэи америкэ цIыху хъунутэкъым.

- Казбек, езы американхэр сыт хуэдэ цIыху? Гугъу абыхэм уахэсыну?

- Я цIыху щIыкIэкIэ зыгуэркIэ къытщхьэщыкIыу схужыIэнукъым. Дэтхэнэ лъэпкъми иIэщ цIыхуфIи цIыху Iеи. Псым хэлъ мывитI нэгъунэ зоунтIэIу, апхуэдэщ дунейри. Пэжым фыхуеймэ, тыншу дахозагъэ, тыншу дадопсэу. Мис иджы зэрыунагъуэу дыкъежьэти, ди гъунэгъум хъыбар едгъэщIащ, дызэрыдэмысынур. «Зы щхьэкIи фымыгузавэ, унэм сэ сыкIэлъыплъынщ», - жиIэри, дыкъригъэжьащ. Лъэпкъ зэхэгъэж щыIэкъым Америкэм, фэкIэ зэмыщхьщ щыIэр. Дэ нэхъыбэм дахогъуащэ.

- Тхьэм уигъэпсэу, Казбек, ди упщIэхэм жэуап къазэрептам папщIэ, узыпэрыхьа къулыкъуми хуэижьын Тхьэм уищI.

Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Епсэлъар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.