Бабыщ гъэжьа, мыIэрысэ илъу

Бабыщ гъэкъэбзар зэгуамыгъэжу псы щIыIэкIэ ятхьэщI, хъыдан къабзэкIэ ялъэщIыж. Бабыщ гъущам и щIыбми и кIуэцIми шыгъурэ шыбжийрэ фIыуэ щахуэ. АдэкIэ мыIэрысэр, ­нэхъ цIыкIуурэ къыхахри, ятхьэщI, якIхэр ­кърач, ялъэщIыж. МыIэрысэхэр бабыщ кIуэцIым иралъ­хьэри, псы щIыIэ тIэкIу иракIэж, бабыщыр мастэ-IуданэкIэ зэгуадэж. Тебэм тхъу тIэкIу щахуэ, бабыщ кудар, и щIыбыр егъэзыхауэ, абы иралъхьэ, псы тIэкIу щIакIэ, хьэкулъэм ирагъэувэри, дакъикъи 10 - 15-кIэ ягъажьэ. Бабыщылым занщIэу вэгъу дахэ къищтэн щхьэкIэ, хьэкулъэр пщтыру щытын хуейщ. Ар тхъуэплъ дахэ хъуа иужькIэ, мафIэ цIыкIум тету хьэзыр хъуху ягъа­жьэ. Бабыщылыр жьамэ, и куэпкъым гуахъуэ е сапэ хэпIумэ щабэу хыхьэнущ, псы къыщIэ­жари яжьафэу щытщ. Ар хьэкулъэм кърахыжри, и щIыбыр егъэзыхауэ тепщэчышхуэм иралъхьэ, Iуданэхэр къыхахыж. Ар Iэнэм зэпкърыхауэ тебгъэувэми хъунущ, ауэ абы щыгъуэм лыр щIэхыу мэупщIыIу. ЩIакхъуэ и гъусэу пщтыру яшх.
Халъхьэхэр (цIыхуитху Iыхьэ):
бабыщу - 1,
мыIэрысэу - г 500,
бабыщ кIуэцIым иракIэ псыуэ - г 230-рэ,
тебэм щахуэ тхъууэ - г 5,
шыгъуу, шыбжийуэ - узыхуейм хуэдиз.
Къубатий  Борис.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.