ГЪУАЗДЖЭМ И ЛЪАГЪУЭХЭШХЭР

Зэпеуэ

Налшык къалэ Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэхэмкIэ и институтым иджыблагъэ щекIуэкIащ «ГъуазджэмкIэ сабий еджапIэм и егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэр. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къищынэмыщIауэ, Ставрополь щIыналъэм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Шэшэным, Дагъыстэным щыщ егъэджакIуэхэр, гъэсакIуэхэр, унэтIакIуэхэр. Щхьэж и щIыналъэ къыщызэрагъэпэщу щызэхэта япэ Iыхьэм щытекIуахэрщ зэхьэзэхуэм кърихьэлIар.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэпеуэм хэтар КъалэкIыхьым дэт гъуазджэмкIэ сабий еджапIэм и лэжьакIуэ Хьэил Натальещ. Наталье тIомпIырэм, пшынэм, аккардеоным теухуа дерсхэр сабийхэм ярет, лъэпкъ IэмэпсымэхэмкIэ ныбжьыщIэ оркестрым и унэтIакIуэщ.

Налшык щекIуэкIа къызэщIэзыкъуэж етIуанэ Iыхьэм къыхэжаныкIыу бжьыгъуэ зэфIэхьым нэсар Ставрополь щIыналъэм щыщ Куликовэ Светланэ пэтми, къызэгъэпэщакIуэхэми къэпщытакIуэхэми Хьэил Наталье утыку кърилъхьа лэжьыгъэр зэрыгукъинэжыр, IэпэIэсагъ нэс зэрыхэлъыр къыхагъэщащ. «Гъуазджэм щытекIуаи щыхагъэщIаи щыIэкъым, псори зытелажьэр кIуэдыж зимыIэ дахагъэрщ, – жиIащ Кавказ Ищхъэрэм гъуазджэхэмкIэ и институтым хыхьэ еджапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Хьэгъундокъуэ Аидэ. – Наталье и IэщIагъэм игури и псэри зэрыхилъхьэр IупщIщ. Пшынэм и бзэр и бзэкъущ, жаIэ адыгэхэм. Аккардеоным зэрылъэлъу адыгэ пшыналъэ къибгъэкIыныр зэфIэкIышхуэщ. Фи фIэщ хъунумэ, апхуэдизкIэ зыхэсщIащ Наталье и аккардеон еуэкIэри, хъуаскIэ къыхэлъэлъу пIэрэ, жысIащ. Нэхъри уефIэкIуэну, уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэну си гуапэщ, Наталье».

Апхуэдэу, Хьэгъундокъуэм зэхьэзэхуэм хэтахэм псоми фIыщIэ яхуищIащ, гъуазджэм пщIэ хуэзыщI, абы псэ хэзылъхьэ егъэджакIуэхэр щыIэху, дахагъэм кIуэдыж зэримыIэр къыхигъэщащ. «Ди егъэджакIуэхэр гъуазджэм и лъагъуэхэшщ, IэнатIэ зыпэрытым и жьэгу мафIэщ, фIыщIи щытхъуи фхуэфащэщ», – жиIащ Хьэгъундокъуэм.

Зэпеуэм и къэпщытакIуэхэм къызэрыхагъэщамкIэ, лэжьыгъэшхуэ кърахьэлIа хъуащ, зэрыщымыгугъауи зэхьэзэхуэм щIэупщIэшхуи игъуэтащ. Ауэ, нэхъ гуапэ ящыхъуаращи, утыкушхуэ ипшэми утемыукIытыхьыну егъэджакIуэфI дыдэхэр зэрыщыIэр, ахэр хэIущIыIу зэрыхъуарщ.

КъызэгъэпэщакIуэхэм УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм фIыщIэ хуащIащ мы зэпеуэр екIуэкIыным и гуащIэ зэрыхилъхьам, щхьэж и зэфIэкIыр игъэлъэгъуэну егъэджакIуэхэм Iэмал зэраритым папщIэ.

Зэхьэзэхуэм и кIэм текIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ фIыщIэгуапэ тхылъхэр иратащ, утыкум ита сабийхэм тыгъэхэр хуащIащ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.