Мэкъумэш
Урысейм мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министр Патрушев Дмитрий видеоконференцым и Iэмалыр къигъэсэбэпри, мы гъэм гъавэу Iуахыжамрэ ахэр зыхуей зэрыхуагъэзамрэ теухуа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу а зэIущIэм хэтащ КъБР-м мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн.
Патрушевым къызэрыхигъэщащи, гъавэ бэву кърахьэлIэнум ди къэралыр ирикъунущ, нэгъуэщI къэралхэми иращэну Iэмал ягъуэтынущ. Апхуэдэ къабзэщ жылапхъэхэмкIи.
Ди къэралым щыIуахыжащ гъавэу тонн мелуани 111-рэ. Иджыри Iуахыжын хуейщ гектар мелуанитхум нэблагъэ. ЩытыкIэр гугъу ещI дунейр къызэрызэIыхьам, зэрыуэтIпсытIым.
Мы зэманым Iуахыжыну хунэсащ фошыгъу жэгундэу тонн мелуан 21-рэ. Ар нэгъабэ елъытауэ фIыуэ нэхъыбэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ дагъэ къызыхащIыкI къэкIыгъэхэм я бэвагъым фIыуэ зэрыхэхъуар.
Къэбэрдей-Балъкъэрым дунейм и щытыкIэр нэхъыфI зэрыщыхъужу, губгъуэ лэжьыгъэхэр щIагъэхуабжьэ.
ИджыкIэ Iуахыжыну хунэсащ гъавэу тонн мин 575-м нэблагъэ. Абы щыщу тонн мин 240-р нартыхущ. Нартыху Iухыжыныр республикэм щигуащIэгъуэу щокIуэкI. ЗэкIэ гектар мин 37-рэ кърахьэлIэжащ, ар иджыри Iуахыжыну къапэщылъым и процент 27-рэщ зэрыхъур. ХадэхэкIыу и пIэм ирагъэзэгъэжащ тонн мин 230-рэ, абыхэм я нэхъыбэр кIэртIофщ.
НафIэдз Мухьэмэд.