КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Iуащхьэмахуэ бгы рудник комбинатым и унафэщI Ушаков Игоррэ Тырныауз и вольфрамымрэ молибденымрэ я къыщIэхыпIэр зэтеублэжыным ехьэлIа Iуэхур ирагъэжьащ.
А щIыпIэм щIэгъэхуэбжьауэ лэжьыгъэхэр щокIуэкI, комбинатыр зыхуеину IэмэпсымэщIэхэр кърашалIэ.
Ди щIыналъэм дежкIэ Iуэхугъуэ щхьэпэу щыт зэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленостымкIэ, энергетикэмрэ сату IуэхухэмкIэ и министр Iэхъуэбэч Щамил, ухуэныгъэхэмкIэ комбинатым и инженер нэхъыщхьэ Соколов Сергей, Iуащхьэмахуэ муниципиальнэ щIыналъэ администрацэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Соттаев Къурмэн, Тырныауз къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Джаппуев Руслан, подряд организацэм и унафэщI Уянаев Муслим, Тырныауз комбинатым япэIуэкIэ щылэжьахэр.
Тырныауз щекIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ зиужь ихьа Iуэхум мыхьэнэуэ иIэм, абы фIы куэдкIэ зэрыщыгугъым. Комбинатыр яхуегъэжьэжмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ ин дыдэ промышленнэ предприятэ хъунущ.
Проектым текIуэдэнущ сом мелард 25-м нэблагъэ. Зы илъэсым хуэзэу предприятэм гъуаплъэу, пцIийуэ тонн мелуан 1,5-рэ къыщIигъэкIыфынущ. ЛэжьапIэ IэнатIэкIэ абы къызэригъэпэщынущ цIыху 700-м нэблагъэ. Комбинатым лэжьэн щIидзэнущ 2023 гъэм. Илъэсищ дэкIмэ, и лъэщагъ псомкIи зэтеублауэ щытынущ. Зэрагугъэм хуэдэу Iуэхур зэтраублэфмэ, гъэ къэс республикэм и бюджетым хэхъуэу иIэнущ сом мелуан 300-м нэблагъэ.
Тырныауз щыIэ комбинатым епхауэ промышленнэ ухуэныгъэу тIу щыIэнущи, зым гъущI лъапIэхэр къыщыщIахынущ, адрейм - пцIийр. Невинномысск дэт гидрометаллургиемкIэ заводым пцIийр щагъэкъэбзэнущ. Мы зэманым яукъуэдий комбинатым екIуэлIэн хуей электрокъарур, газыр, гъуэгухэр яухуэ.
Вольфрамымрэ молибденымрэ гъуэтыгъуей гъущIхэкI лIэужьыгъуэхэм щыщщ. Ар къыщагъэсэбэп металлургием, машинэ, кхъухьлъатэ ухуэныгъэхэм, щIыдагъэм елэжьынымкIэ, зыхъумэжыныгъэмкIэ промышленностхэм.
Промышленностымрэ энергетикэмрэ ехьэлIа нэгъуэщI ухуэныгъэхэри Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэгъэхуэбжьауэ щокIуэкI. Абыхэм ящыщщ уры-сей компание РусГидро-м Псыгуэнсу, Адыр-Су псыхэм ГЭС цIыкIу щиухуэну зэримурадыр. Ахэр сэбэп хъунущ а щIыпIэхэм дыщэ къыщIэхыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр тэмэму щызэтеублэнымкIэ.
НафIэдз Мухьэмэд.