«ДыгъафIэ къалэр» нэхъыфIхэм халъытэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшык дэт, ТворчествэмкIэ сабий академие «ДыгъафIэ къалэ» лицейр къэралым и еджапIэ нэхъыфIу 50-м хэхуащ. Зэгъэпщэныгъэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэр щIэх-щIэ­хыу­рэ езыгъэкIуэкI RAEX агентствэм къихутащ а IуэхущIапIэм и гъэсэнхэм ящыщ куэд къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я «Медицинэ» унэтIыныгъэм лъэпощхьэпоуншэу зэ­ры­щIэтIысхьэфыр. Абы и ­лъабжьэр - лицейм щызрагъэгъуэт щIэныгъэ куурщ. 

RAEX-м иригъэкIуэкIа къэп­щытэныгъэ-зэгъэп­щэ­ныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, «ДыгъафIэ къалэр» мы гъэм къэзыуха ­ныбжьыщIэхэм ящыщ куэ­дым я щIэныгъэм щыхагъахъуэ еджапIэ нэхъыщ­хьэ­хэм. Псом хуэмыдэу куэд мэхъу «ДыгъафIэ къалъэр» къэзыухахэм ящыщу медицинэ IэщIагъэм щыхура­гъаджэ IуэхущIапIэхэм лъэпощхьэпоуншэу щIэтIыс­хьэфхэм я бжыгъэр. Лицейм абыкIэ къэралпсо рей­тингым 16-нэ увыпIэр къыщихьащ икIи яхэхуащ Урысей Федерацэм а унэ­тIыныгъэмкIэ нэхъыфIу къы­щалъыта курыт еджапIэ 50-м. 
Апхуэдэ увыпIэ лъагэр хуэфащэ дыдэу къылъагъэсащ «ДыгъафIэ къалэм». 2015 гъэм и щэкIуэгъуэ ма­зэм къызэIуахауэ щыта а еджапIэр Кавказ Ищхъэрэм щылажьэ лицей нэхъ лъэ­рызехьэхэм ящыщщ. Абы и егъэджакIуэхэр ныбжьы­щIэхэм щадолажьэ, зыхуей псомкIи къызэгъэпэща пэш­хэр, лабораторэхэр къагъэсэбэпыну Iэмал яIэу. Лицейм и къатитхури хуэщIащ сабийм лъэныкъуэ куэдкIэ зиужьыным. 
ЖыпIэнурамэ, къыхуэт щымыIэу къызэгъэпэщащ сабий академиер и унэлъащIэкIи, техникэкIи, технологие пэрыткIи. Абы я щIэ­-ныгъэм щыхагъэхъуэфынущ, ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм зыщ­рагъэужьыфынущ зэуэ сабий мини 5-м щIигъум. Зеужь, йофIакIуэ «Дыгъа­фIэ къалэр». Абы и къудамэхэр щолажьэ КъБР-м хыхьэ Тэрч, Май щIыналъэхэми. 
Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм къызэщIиубыдэ унэ­тIыныгъэ куэдымкIэ гуп­жьей­хэр, предмет хэхахэмкIэ кабинет щхьэхуэхэр ­щолажьэ академием. Ап­хуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, математикэмкIэ, химиемкIэ, экологиемкIэ, биологиемкIэ, инджылызыбзэмкIэ, нанотехнологиемкIэ, робототехникэмкIэ лаборато­рэ­хэр, литературэ, щIалэ­гъуа­лэ клубхэр, уэрэд­жыIакIуэ студиер, библиотекэ иныр, компьютер, хаб­зэм, су­ды­щIэ Iуэхухэм щыхурагъаджэ пэшхэр, «Къе­гъэлакIуэ ныб­жьы­щIэм» и классыр, нэгъуэщIхэри. Абы къыщы­зэIуахащ Темыркъан Юрий и цIэр зезыхьэ «Маэстро» макъамэ классыр. Апхуэдэу «ДыгъафIэ къалэм» щыIэщ ­медицинэ пэшхэр, пщэфIапIэ, шхапIэ екIухэр. ДэнэкIи щыфIэдзащ КъБР-м, УФ-м я картэхэр, ди щIыуэпс ­дахэм, зыгъэпсэхупIэ цIэ­рыIуэхэм я сурэтхэр. 
Абы къыщызэIуаха «Кванториум» Сабий технопаркым ныбжьыщIэхэм ябгъэ­дэлъ зэфIэкIхэм зыщрагъэужь РОБО, НАНО, ­КОСМО, IT, ЭНЕРДЖИ унэ­тIыныгъэхэмкIэ. Ар къы­зэгъэпэщащ технологие ­лъагэ зиIэ лабораторэхэмкIэ, компьютер техникэ лъэщ­хэмкIэ. 
Егъэджэныгъэм и фIагъыр къэIэтыным хуэгъэп­-са бгъэдыхьэкIэщIэхэм ди щIы­налъэм зыщегъэуб­гъу­ным гулъытэшхуэ щы­хуащI сабий академием ­дохъуэхъу ехъулIэныгъэ­щIэ­хэр зыIэ­ригъэхьэну, и цIэр фIыкIэ куэдрэ къраIуэну. 

ЖЫЛАСЭ  Маритэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.