Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэрагъэпэщыж къуршыпс къиуахэм зэтракъутахэр. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А. къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ щIыналъэм щагъэуващ къызэрымыкIуэ щытыкIэм и хабзэрКъуршыпс къиуахэм зэтракъутахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэрагъэпэщыж. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий и унафэмкIэ республикэм щагъэуващ къызэрымыкIуэ щытыкIэм и хабзэр. Къэхъуа щытыкIэр гъэзэкIуэжыным пыщIа Iуэхухэр дэзыгъэкI бригадэхэр, техникэ хэлъэр къагъэсэбэпурэ, Iуащхьэмахуэ районым щыщ Тегенекли къуажэм махуэ ещанэ хъуауэ щолэжь гъуэгур зэгъэпэщыжыным, Бахъсэн псыр Чегет куейм щIэмыгъэуэным, федеральнэ гъуэгум телъ лъэмыжыр, унагъуэ лъапсэхэр псым щыхъумэным. Нобэм ирихьэлIэу IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ псыкIэ, газкIэ, электрокъарукIэ къызэрагъэпэщыжащ. Зэблэу къыхэмыкIыу мэлажьэ медицинэм и IуэхущIапIэхэр, еджапIэхэр, зыгъэпсэхупIэхэр. Шэрэдж районым иджыпсту шынагъуэ щыIэщ псы къиуар цIыху минитхум нэблагъэ зыдэс Аушыджэр къуажэм щIэуэнкIэ. Абы къыхэкIыу властым и IэнатIэхэм къарууэ щыIэр хузэщIагъэуIуэ цIыхухэм шынагъуэ ятемыгъэхьэным. Сыт хуэдэ къэхъукъащIэхэми и зэманым япэщIэувэн папщIэ къызэрагъэпэщауэ мэлажьэ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымрэ абы и лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ Правительствэм и комиссэр.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|