СТIАЩ ЮРЭ И ФАЩЭХЭР КЪОПСАЛЪЭ

СурэтыщI-модельер, дизайнер, Адыгейм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, «Лиги мира» республикэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и саугъэтыр зрата СтIащ Юрэ Мэхьмуд и къуэм и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 90 ирикъуащ.

Абы и цIэр дыщэ IуданэкIэ щыхидыкIащ лъэпкъ тхыдэм. СтIащым лъэпкъым дежкIэ иIэ мыхьэнэмрэ и цIэм и лъапIагъымрэ къыбжеIэ ар къыщалъхуа махуэр Адыгэ фащэм и махуэу ягъэуву къэрал махуэшхуэ зэращIам. А жэрдэмыр АР-м и Адыгэ Хасэм къыхилъхьэри, 2011 гъэм япэу ягъэлъэпIащ. ИтIанэ, 2014 гъэм, къэрал статус игъуэтащ.

Сыхьэт бжыгъэ дапщэкIэ убгъэдэсми урикъунукъым абы, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы и фащэхэм уеплъ къудей мыхъуу, езым уедэIуэн хуейщ. Зэ еплъыгъуэкIэ «зэхэпхыу» къыбгурыIуэхэри яхэтщ, езыр къызыпхутепсэлъыхьын хуеи щыIэщ. «Япэ адыгэ кутюрье» зыфIаща дэрбзэрым и коллекцэм ЩIы хъурейм гуапагъэмрэ мамырыгъэмрэ, зэгурыIуэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ укъыхуезыджэ гупсысэхэр теплъэ зыхуищIа фащэ пщIы бжыгъэхэр хэтщ.

Дуней псом къыщацIыху ди лъэпкъэгъу дэрбзэрыр. Абы и гъэлъэгъуэныгъэхэр Мейкъуапэ, Краснодар, Налшык, Псыхуабэ, Черкесск, Кисловодск, Ставрополь къалэхэм къыщызэрагъэпэщащ, апхуэдэуи, Сирием, Иорданием, Тыркум, США-м, Германием, Израилым, Эстонием, нэгъуэщI къэралхэми щигъэлъэгъуащ.

Иджыпсту СтIащым и лъэщапIэр здэщыIэр КъуэкIыпIэ къэрал музейм и Кавказ-Ищхъэрэ къудамэу Мейкъуапэ щыIэращ. Дэныр зи щIэщыгъуэ щIалэм хуэдэщ ар иджыпстуи, нэгъуджэ къудеи Iумылъу Iэрыгъадэ машинэм махуэ къэс пэрысщ. Илъэс 70 лъандэрэ зыпэрыт Iуэхур лэжьыгъэу зэи къилъытакъым, творчествэу фIэкIа. Пщэдджыжьым жьыуэ лъэщапIэм макIуэри, мадэ, мабзэ, и IэдакъэщIэкIхэр зрагъэлъэгъуну хуейуэ музейм екIуалIэхэм яхуозэ, йопсалъэ.

Юрэ сытым дежи щIэ гуэр къелъыхъуэ. ЩIэ гуэр къигъэщIыну, щIэ гуэр къищIэу ар цIыхухэм яхуиIуэтэну, я пащхьэ ирилъхьэну фIэфIщ. Абы зэи хуэщхьэхыркъым дэрбзэрыр.

«Сэ сызэрыцIыкIурэ творчествэм сыдихьэхырт. Апхуэдэу сыкъигъэщIащ. IэщIагъэм зыхуезгъэсэну сыздэкIуэ лъэщапIэм щылажьэ нэгъунэ си анэм къыхуагъэщIагъуэрт, и къуэр абы зэригъакIуэр. Ауэ сэ зэи сыщIегъуэжакъым. Си псэм фIэфI лэжьыгъэр сщIащ, иджыри сощIэ. ЦIыхур бгъэдэхэн, пхуэпэн нэхъыфI сыт щыIэ? Сыт хуэдиз гуфIэгъуэ къызитат си щхьэм япэу хуэздыжа костюмым.

Си гум сызыхуиша IэщIагъэрщ сызыпэрытыр. Си Iуэху щIэкIэри къыхэзыхыжар, къэзыгупсысар сэращ. Сэ сыхуеякъым хьэрычэт Iуэхум сыхыхьэну, зыгуэрхэм сахуэдэурэ ахъшэ къэзлэжьыну. Си щхьэ хуэдэнри щызгъэтыжат, апхуэдизкIэ фащэхэмрэ тхыпхъэщIыпхъэхэмрэ сыдахьэхати. Си гъащIэ псом си улахуэмкIэ сыщахуэурэ здыуэ аращ мы фащэхэр. Си дежкIэ сытым дежи нэхъыщхьэу щытари, щытри, цIыхухэм дахагъэ гуэркIэ сахуэупсэнырщ, гупсысэ пэжым тесшэнырщ, фIым къыхуезджэнырщ. Фащэ здыуэ сымыщэ щхьэкIэ, зыдыф куэд згъэсауэ, Мейкъуапи, Краснодари, нэгъуэщI къалэхэми щолажьэ. Нобэ «Налмэс» ансамбль цIэрыIуэр зыхуапэр сэ си гъэсэнщ», - къыддогуашэ Юрэ.

Ар зэи тезашэркъым и Iуэхум, иужэгъунуи игу къэкIыхакъым. Лъэпкъ фащэ къызэрыгуэкIым къыщымынэу, дунейпсо гугъуехьхэм топсэлъыхьыф ар и IэдакъэщIэкIхэмкIэ. Зэманым зыкъыкIэримыгъэхуу къыдогъуэгурыкIуэ. БлэкIар къегъэщIэрэщIэж, щыIэр утыку кърехьэ, къэкIуэнум хуолажьэ.

Юрэ и IэдакъэщIэкIхэр, къанэ щымыIэу, и псалъэхэм щыхьэт ятохъуэ, ахэр дахэ къудейкъым, атIэ Iуэхугъуэ гуэр къаIуатэ. Тхылъ, газет укъеджэм хуэдэу, дэтхэнэми зыгуэр къыбжеIэ. Куэд щIащ СтIащым и лэжьыгъэхэр «псалъэу» журналистхэм зэрытрагъэIукIрэ. ИкIи пэж дыдэщ ар.

Абы сытым дежи къыхегъэщ: фащэхэмкIэ къигъэщIыр дахагъэм и закъуэкъым, атIэ зыгуэр жеIэ. Философие гупсысэ зыщIэмылъ куэд яхэткъым. И IэдакъэщIэкIхэр къигъэсэбэпурэ цIыхухэм, дунейм яхуеIуатэ гуапагъэм, дахагъэм, мамырыгъэм, зэгурыIуэныгъэм, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным, цIыху зэхущытыкIэм, нэгъуэщIхэми ятеухуа чэнджэщхэр. Ди лIыхъужьхэм, бзылъхугъэ щIыкIафIэхэм я теплъэхэр дахэу къегъэлъагъуэ. Ди къэралым и къекIуэкIыкIам и пIалъэ гуэрхэм, Хэку зауэшхуэм, зэхъуэкIыныгъэхэм я гугъу фащэхэмкIэ ещIыф.

Дунейр лъэныкъуэ куэду зэхэлъщ, зэмылIэужьыгъуэ куэди щызокIуэ. ФIыи, Iеи, сэбэпи, мыхъумыщIи къыщохъу, дрохьэлIэ. Юрэ и лэжьыгъэмкIэ нэхъ игъэбелджылыр фIыращ, цIыху зэхущытыкIэм куэд зэрелъытарщ.

Фащэ нэхъ цIэрыIуэу зыбжанэ иIэщ модельерым. ЗэрыжиIауи, ахэр зыгуэрым и дамыгъэу нобэ музейхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр ягъэдахэ. Сэ фIыуэ слъагъур Адыгэ Республикэм и цIэр зытет фащэ удзыфэрщ, дыщэ IуданэкIэ хэдыкIауэ. Уафэ къащхъуэр зи плъыфэ фащэр ООН-м хуигъэпсащ, уеблэмэ журналистхэм я лэжьыгъэр зэрымытыншыр къригъэлъэгъуащ фащэ плъыжь дахэм. Абы ди газетым и цIэр, «Адыгэ псалъэр», щыхэдыкIауэ къызэрыщызгъуэтар, ямылейуэ гуапэ сщыхъуащ. Апхуэдэуи «Тыргъэтауэрэ» «Джэгъэтейрэ» фащэхэм сатхьэкъуащ. Абыхэм ятеухуауэ мыращ Юрэ жиIэр: «Гъэлъэгъуэныгъэхэм сыхэтурэ Америкэми сыкъыщащIэ хъуащ 1990 гъэхэм. 1993 гъэм Нью-Джерси къикIри письмо къысIэрыхьащ, абы щыIэ ди лъэпкъэгъухэм я къэфакIуэ ансамблым фащэ яхуэздыну срагъэблагъэу иту. Апхуэдэ жэрдэм зыщIахэм зыкъыпхуагъэзауэ «хьэуэ» къыхэбгъэкI хъурэт. МазихкIэ сыщылэжьауэ щытащ. «Тыргъэтауэ», «Джэгъэтей» цIэхэр зыфIэсща фащэхэри, нэгъуэщI зы цIыхубз фащэ дахи здэсшат абы. Абы ирихьэлIэу Вашингтон Унэ Хужьым и утым Лъэпкъ щэнхабзэхэм я махуэм ирихьэлIэу гъэлъэгъуэныгъэ щекIуэкIырти, сэри сыхагъэхьащ.

Гъэлъэгъуэныгъэм еплъыну жэрдэм зиIэ цIыхур бэт, лъэпкъыу щызэхуэсар къэлъытэгъуейт. Сэри хуабжьу сригушхуэрт Адыгейм икIа фащэхэр дуней псом щызэрахьэхэм я гъусэу Iуэхум зэрыхэтым. А гъэлъэгъуэныгъэм темытхыхьа америкэ хъыбарегъащIэ IэнатIэ щыIэжтэкъым. Абы къекIуэлIахэм я еплъыкIэр зратха тхылъым Адыгэ фащэм теухуа гупсысэ дахэхэр бзэ зэмылIэужьыгъуэу 23-кIэ къыщаIуэтат. «СтIащ Юрэ и IэдакъэщIэкIхэр гъуазджэм и бзэкIэ мамырыгъэм топсэлъыхьыф», - яхэтащ абыхэм. Апхуэдэу цIыхур къыдихьэхат «Тыргъэтауэрэ» «Джэгъэтейрэ» я фащэм.

2015 гъэм ООН-м къызэригъэпэща «Дунейпсо щэнхабзэ» форумым срагъэблэгъауэ щытащ. Абы си лэжьыгъэхэр видеокIэ щызгъэлъагъуэурэ сыщытепсэлъыхьащ, куэдми фIыщIэ къысхуащIу къызбгъэдыхьащ. «ООН-м и фащэр» лъэпкъ зэгурыIуэныгъэмрэ зэIузэпэщыныгъэмрэщ зи дамыгъэр. Зэ IуплъэгъуэкIэ ар адыгэ бзылъхугъэ фащэ къызэрыгуэкIщ. Ауэ пщащэм и IитIыр иIэта нэужь, зэпэхъурей мэхъу, планетэр уи нэгу къыщIигъэхьэу. ООН-р къыщызэрагъэпэщамрэ (1945) фащэр щыздамрэ (1995) тетщ абы. Мыбдежым зэбгъапщэ хъунущ кавказ хабзэжьымрэ ООН-р зытетыпхъэу къэслъытэ хабзэмрэ. ЦIыхуитI зэпэщIэувам бзылъхугъэм и IэлъэщIыр я зэхуаку дидза нэужь, зэзэуэныр щагъэту щытащ. ООН-м и мыхьэнэм теухуа бзылъхугъэ фащэм си нэгу къыщIигъэхьэр аращ.

Фащэ плъыжьри журналистхэм ятезухуащ. 2008 гъэм Дыгъэмыс щекIуэкIа Журналистхэм я дунейпсо конференцэм сыхэтащ, гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэзгъэпэщауэ. Абы сыкъикIыжа нэужь, здащ а фащэр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, илъэс къэс журналисти 100 хуэдиз зэпэщIэувэныгъэхэм, зауэхэм хокIуадэ. Сэ фIыщIэ яхузощI а лэжьыгъэ гугъум пэрытхэм. АдыгэбзэкIэ къыдэкI газетыр хэзмытхэнкIэ Iэмал иIакъым. Тхьэм фигъэпсэу вжызоIэ журналист псоми, «Адыгэ псалъэм» щылажьэхэми.

Адыгэ Республикэм хуэзгъэпса фащэм лъабжьэ иIэщ. Совет Союзым и лъэхъэнэм дэ автономие къызэрыдатам ди лъэпкъыр къригъэлауэ жыпIэ хъунущ, ар зыхъумэжыныгъэмкIэ лъэбакъуэшхуэт. Илъэс 30 ипэ республикэ дыхъуащ. Абы и мыхьэнэ псори къагурыIуэну сыхуейщ дэтхэнэ зы адыгэми. Мис абыхэм сыхуашащ къэрал ныпу узыIуплъэ фащэр дыным. Абы дыщэ IуданэкIэ щыхэдыкIащ вагъуэ 12-мрэ шабзищымрэ. Апхуэдэуи ди хэгъэгум и цIэмрэ ар къыщыунэхуа гъэмрэ (1991) тетщ».

Дэрбзэр цIэрыIуэр куэдрэ лэжьэн хуей хъуащ адыгэ фащэр тыкуэнхэм къыщIалъхьэжын папщIэ, нобэрей щIалэгъуалэм щатIэгъэжын щхьэкIэ. ЗэманкIэ узэIэбэкIыжмэ, абы хуей щIагъуэ щыIэу щытакъым.

Сыт хуэдэ лъэпкъми и псэр зыхэлъыр и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэщ, и анэдэлъхубзэрщ. Нобэ дунейм тетщ абыхэмкIэ бей лъэпкъ куэд, адыгэхэри абыхэм язщ. Лъэпкъ республикэхэм япэ къакIуэхэм ялъэгъуну нэхъ къащтэр щыпсэу лъэпкъым и хабзэрщ, бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэрщ, адрей псори Москва, Санкт-Петербург е нэгъуэщI щIыпIэхэм щалъагъу. «Мис абы и лъэныкъуэкIэ лъэпкъ щэнхабзэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Апхуэдэ дыдэщ бзэр хъумэным дызэрыхуэсакъын хуейри. Дэтхэнэ хьэпшыпми адыгэцIэ иIэщ, атIэ а бзэр хъумэн щхьэ хуэмейрэ?!», - жеIэ Юрэ.

СтIащым и гъэлъэгъуэныгъэхэм ирихьэлIэ куэдым ягъэщIагъуэ ди лъэпкъыр IуэрыIуатэкIэ, тхыдэкIэ, хабзэкIэ зэрыкъулейр. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Iэдииху, Лашын, Сосрыкъуэ, Нартхэр, нэгъуэщI цIэхэр зиIэ фащэхэр щалъагъукIэ, щIоупщIэ. Юрэ абыхэм я хъыбархэр яжреIэж хьэщIэхэм. Зы фащэм и теплъэмрэ ар зезыхьа лIыхъужьым и хъыбарымрэ уи нэгу къыщIигъэхьэфынущ зэбгъэцIыхуа лъэпкъым и шыфэлIыфэр.

«Нобэ тынш хъуащ фащэр бдыныр, ар зыщэхун зэрыщыIэми ущогуфIыкI. Иджыпсту абы епхьэлIэну псори хьэзыру къыпхуощэху. Сэ а псори си IэкIэ сщIыжырт. Уеблэмэ гъущIым къыхэщIыкIа ету иным илъ фIамыщIыр зэщIэплъэн папщIэ си Iэр игъэузауэ щIэзупскIэу зэрыщытар иджыри сощIэж. Ауэ а узыхуэныкъуэу умыгъуэтым уи акъылыр игъэлажьэрт, хэкIыпIэ гуэрхэр къуигъэгупсысырти, уи лэжьыгъэр нэхъри щIэщыгъуэ ищIырт», - жеIэ СтIащ Юрэ.

 Юрэ, зэрытцIыхур фащэхэрами, панно щхъуэкIэплъыкIэ дахэхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Декоративно-прикладной гъуазджэкIэ зэджэу иужьрей лIэщIыгъуэм къежьа а Iуэхум адыгэмэ щигъэуащ.

- Дауи, ухуитщ мыпхуэдэ адыгэм иIакъым жыпIэну, ауэ уи нэгу къыщIэгъыхьэт, блыным фIадзэу щыта арджэнхэр, пщащэхэм фащэ щащыгъым и деж яIыгъыу щыта жьыхур, дыщэидэкIэ хадыкIыу щыта щэкI кIапэхэр. Ахэракъэ панно хъужыр, жеIэ СтIащым. - Сэ сытым дежи жьымрэ щIэмрэ зы Iуданэ псыгъуэкIэ зэспхыну сыхэтщ. Мис мы лэжьыгъэхэм къагъэлъагъуэ а тIур къызэдэгъуэгурыкIуэну Iэмал зэрыщыIэр.

Мы Iуданэ щхъуэкIэплъыкIэ дахэхэри зыщIыжыр сэращ. СфIэфIщ панномкIэ зы Iуэхугъуэ гуэр къэзгъэлъэгъуэну, философие гупсысэ гуэр щIэслъхьэну, абы еплъым и гур псэху къудей мыхъуу зы щхьэпагъ гуэр «къыжриIэу» хэздыкIыну. Ахэр къыхэщIыкIащ щэкIым, фэм… Сытми къыхэсщIыкIыфынущ ар сэ. ПхъэнкIийми къыхэсщIыкIыфынущ къабзагъэм и нэщэнэу, кIэрыху-бжьэрыхукIэ дунейр умыуцIэпIу ар зыгуэркIэ къэбгъэсэбэп зэрыхъуным цIыхухэр къыхуезджэу. Апхуэдэ лэжьыгъэ куэд сиIэщ.

Ахэр къызыхэщIыкIам мыхьэнэ есткъым, сэркIэ нэхъыщхьэр абы и купщIэрщ. ТхылъымпIэми къыпхухощIыкI панно, дахэу, мыхьэнэ иIэу, цIыхум къыхуэщхьэпэн, абы и гум зы фIы гуэр къыщигъэушын хуэдэу. Театрым кIуа цIыхум, абы щIэсыху, и дунейм зехъуэж, зы фIы гуэр, гуапагъ гуэр и гум къыщоуш. Апхуэдэщ паннохэм ягъэзащIэ къалэнри.

Мыбыхэм я щIыкIэр, зэхэджэкIэр зыгуэрым къигупсысауэ щыIами сщIэркъым, ауэ сэ езыр-езыру сыхуэкIуащ. Пэжщ зэIущэныр, дауи, ди лъэпкъ IэпэIэсагъэщ. Арджэныр абы и щыхьэткъэ! Сэ куэд щIэзджыкIащ адыгэм и тхыдэм, IуэрыIуатэм, хабзэм теухуауэ. Декоративно-прикладной гъуазджэм ухэмыувэфынкIэ Iэмал иIэкъым апхуэдэ беягъ убгъэдэлъу. Япэу сщIахэм ящыщщ «I864», «Ирахуахэр» паннохэр, ахэр къызэрыбгурыIуащи, зытеухуар I864 гъэм къэхъуа Iуэхугъуэ гуузхэрщ, адыгэ лъэпкъым и хэкур зэрырагъэбгынарщ. Ахэр хуабжьу ягу ирихьащ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу иджырей адыгэхэм. Лъэпкъ паннохэм яхыубжэ хъунущ «Мамырыгъэ ирелъ уи унагъуэм» лэжьыгъэри. Ар адыгэ жьэгум хуэдэу щIащ, гуапагъэ, мамырыгъэ, зэгурыIуэ илъыным и нэщэнэщ. Абы и щхьэм тетщ Iуданэ зэмыфэгъуу блыкIэ хэдыкIа лэгъупыкъур. Ахэр зэбгъурылъ щыхъукIэ, зыкIи зэмыщхь лъэпкъхэр, цIыхухэр мамыру къызэдэгъуэгурыкIуэ щхьэ мыхъурэ?! Дунейпсо мыхьэнэ зиIэхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, щIы хъурейм и макет цIэрыIуэр. Ар ди планетэм щыпсэу цIыхухэм, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм, шыIэныгъэм хуэгъэпсащ. Ар зэрыхэздыкIа данэ Iуданэхэр къыщIэсIукIауэ щытащ, апхуэдэуи цы IуданэкIи селэжьащ. «ЩыIагъэ» («ШыIэныгъэ»-Н.З.) – жиIэу адыгеибзэкIи тетщ абы. ЦIыху псори, зыщыщ лъэпкъми, зэрихьэ динми емылъытауэ, шыIэныгъэрэ зэгурыIуэрэ я зэхуаку дэлъу зэбгъэдэтын хуейщ. АбыкIэ дэ сэбэп къытхуэхъунущ дахагъэмрэ гъуазджэмрэ.

Гъунэншэщ СтIащ Юрэ бгъэдэлъ зэфIэкIым и инагъымрэ адыгэ лъэпкъым хуищIамрэ. Адыгэ фащэр нобэ щыIэным хэлIыфIыхьа лIы ахъырзэманым дохъуэхъу узыншэу иджыри куэдрэ ди япэ итыну.

Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ. Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.