КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А. иригъэкIуэкIащ Iуащхьэмахуэ районым къызэрымыкIуэ щытыкIэм и лъэужьхэр щыгъэзэкIуэжыным теухуа зэIущIэКIуэкIуэ Ю. А. Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ Iуащхьэмахуэ районым къызэрымыкIуэ щытыкIэм и лъэужьхэр щыгъэзэкIуэжыным теухуа зэIущIэ. Правительствэм, министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ, хабзэхъумэ органхэм, къегъэлакIуэ IэнатIэхэм я унафэщIхэм я пащ-хьэ къыщыщыпсалъэм республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщхьэхукIащ лей зытехьа, хэкIуэда щымыIэми, щытыкIэ гугъу зэрызэтеувар. Бахъсэн псыр ину къызэриуам къыхэкIыу А-158 федеральнэ автомобиль гъуэгур щIыпIэ 12-м щыгуилъэсыкIащ, лъэмыжу плIы трихащ, электрокъару зрикIуэ пкъохэр къигъэуащ. Иджыпсту электричествэ яIэкъым Терскол, Байдаевэ, Тегенекли жылагъуэхэм, газ зрикIуэ бжьамийм зэраныгъэ игъуэтащ. Абы къыхэкIыу газыр зэкIэ иратыркъым. А щIыпIэм иджыпсту щолажьэ Правительствэм къызэрымыкIуэ щытыкIэ-хэр къэмыгъэхъунымрэ абы и лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ, мафIэсым и шынагъуэ къэмыгъэхъунымкIэ и комиссэ. Иджыпсту Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщагъэпсэху цIыху миниплIым щIигъум. Абыхэм ящыщу ежьэжхэр гузэвэгъуэ хэмыхуэн папщIэ зыхуэфащэ Iуэхухэр зэфIагъэкI. Транспортыр щыземыкIуэ щIыпIэхэм ахэр лъэсу зэпраш. Хуей хъумэ къагъэсэбэпыну хьэзыру щытщ вертолёту плIы. Зыхуэфащэ IэнатIэхэм хуагъэуващ медицинэм и IуэхущIапIэхэр, еджапIэхэр тэмэму ягъэлэжьэну, псымрэ ерыскъыпхъэхэмрэ кърашэлIэну, электрокъарур зрикIуэ линэхэр икIэщIыпIэкIэ зэфIагъэувэжыну. КIуэкIуэ Юрий яжриIащ къызэрымыкIуэ щытыкIэ-хэр гъэзэкIуэжыным пыщIа псори я щхьэм хуэсакъыжыну. «Абы и лъэныкъуэкIэ дэ дигу къэдгъэкIыжын Iуэху мыщхьэмыпэхэр щыIэщ», - къыхигъэщхьэхукIащ щIыналъэм и унафэщIым. КIуэкIуэ Ю. А. зэIущIэм хэтахэм я пщэ ирилъхьащ цIыхухэм сыт и лъэныкъуэкIи ядэIэпыкъуну, гузэвэгъуэхэм защыхъумэнымкIэ хабзэхэр гурагъэIуэну, Iуащхьэмахуэ районым и администрацэм, Iуэхум егъэщIылIа министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ цIыхухэр пIэщIэгъуэкIэ здэпсалъэ хъуну телефонхэр ягъэнэIуэну, гидрологие щытыкIэм я нэIэ трагъэтыну. Дзэлыкъуэ, Бахъсэн, Аруан, Май, Шэрэдж, Тэрч, Прохладнэ районхэм псы-хэр къыщиунымкIэ шынагъуэ зэрыщыIэм къыхэкIыу КъБР-м и Iэтащхьэм къыдигъэкIа унафэмкIэ бадзэуэгъуэм и 5-м щегъэжьауэ республикэм и щIыналъэ псом къызэрымы-кIуэ щытыкIэм и хабзэ щагъэуващ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|