СПОРТСМЕНХЭМ Я ЕХЪУЛIЭНЫГЪЭ

Урысей гвардием Къэбрэдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэр «Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК-м и хьэщIащ. «Урысей гвардиер эфирым итщ» зи фIэщыгъэ, зэпымыууэ екIуэкI радиорубрикэм къыщыпсэлъащ спортсменхэр. Ахэр къедаIуэхэм яхутепсэлъыхьащ я лэжьыгъэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм, нацгвардием и дзэхэм я чемпионату Кавказ-Ищхъэрэ щIыналъэм щекIуэкIам увыпIэфIхэр къызэрыщахьам.

Зэхьэзэхуэм зэрызыхуагъэхьэзырам гупсэхуу и гугъу ищIащ спорстсменхэм я тренер Х. Анзор. «Лэжьыгъэшхуэ, псори зэдэууэ зи ужь ита гугъуехь къызэднэкIащ абы дыхэтын щхьэкIэ, - жиIащ абы. – Дэ езым ди зэхьэзэхуэ едгъэкIуэкIащ, абы щытекIуахэр Къэбрэдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу чемпионатым хэтащ. Щхьэхуэу фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ зэIущIэр къызэгъэпэщыным зи гуащIэ хэзылъхьа псоми». 
Эфирым къыщыщыпсалъэм спортсменхэм къыхагъэщащ нацгвардием ухэтыну зэрыгугъур икIи зэрыгъэщIэгъуэныр, спорт зэхьэзэхуэхэм текIуэныгъэр къыщыпхьыным абы узэрыхуигъасэр. Дзэ къулыкъу епхьэкIыным цIыхур зэпIэзэрыт, бэшэч зэрищIри жаIащ. ЦIыхур физическэу псыхьа хъуным гулъытэшхуэ щыхуащI IуэхущIапIэр къызэгъэпэщащ тренировкэ пщIын щхьэкIэ узыхуей псомкIи. Урысей гвардием хэтхэм ехъулIэныгъэ щаIэщ спорт лIэужьыгъуэ куэдым, псалъэм папщIэ, дзюдом, самбом, нэщанэ еуэным, псым есэным, нэгъуэщIхэми. Зэман благъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэр хэтынущ Урысей гвардием самбомкIэ и чемпионатым и урысейпсо теуэгъуэм.  
 

ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)