ИЛЪЭС КУЭДКIЭ ЗЫПЭПЛЪА ФЭТЭР

Хъыбар гуапэ
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къуэдзэ  полицэм и полковник  Мамхэгъ Назир   министерствэм  СледствиемкIэ и  управленэм и следователь, юстицэм и подполковник   Къардэн Ильяс  фэтэрыщIэм и IункIыбзэр иритащ.
ЦIыхуиплI хъу  Къардэн Ильяс и унагъуэр КъБР-м щыIэ МВД-м  псэупIэр егъэфIэкIуэнымкIэ и учетым щытщ 2002 гъэм и  мэкъуауэгъуэ лъандэрэ.   Министерствэм и   псэупIэ-псэукIэхэмкIэ и комиссэ нэхъыщхьэм   ирагъэкIуэкIа зэIущIэм унафэ къыщащтащ абы Налшык къалэ и Московскэ урамым  тет унэщIэм  пэшитI хъу фэтэр къыщратыну.   
Мамхэгъ Назир фэтэрыщIэм и IункIыбзэр Къардэн Ильяс щыIэщIилъхьэм, псэупIэ къызэрыратамкIэ, узыншагъэ быдэ, насыпрэ унагъуэ зэIузэпэщыгъэрэ иIэну ехъуэхъуащ.                                 

УАРДЭ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.