Данэ IэлъэщIхэм елэжь сурэтыщI

Данэ IэлъэщIхэм елэжь сурэтыщI, дизайнер Газиевэ Мадинэ и IэрыкIхэр щыцIэрыIуэр Шэшэным и закъуэкъым. Ар ящэху Европэмрэ США-мрэ щыпсэухэм.

Езы Мадинэ зэрыжиIэмкIэ, дизайнер IэщIагъэр зэрызригъэгъуэтрэ щIэхъуэпст Гермес франджы фирмэм и IэлъэщI дахэхэм хуэдэ ищIыну. И хъуэ­псапIэм ар тIэкIу-тIэкIурэ хуэкIуащ. Уеблэмэ нэхъри тезыгъэгушхуауэ жыхуиIэр Гермесым «Кавказ шууейхэр» зыфIаща IэлъэщI лIэужьыгъуэхэр щащIауэ илъэгъуа нэужьщ.
- Дэ нэхърэ Кавказыр, абы и тхыдэмрэ и щэнхабзэмрэ хэт нэхъыфIу ицIыхурэ? - упщIэр зыхуигъэувыжа нэужь, абы теухуауэ ищIэфынури нэхъ IупщI хъуащ. Зи гугъу тщIа Iуэхугъуэхэр къызыхэщ тхыпхъэщIыпхъэхэр Мадинэ зытридзэр Италием къраш данэращ, езыр щабэу, псынщIагъуэ, Iэлъыным йож, жыхуаIэм хуэдэу.
Мадинэ и IэлъэщIхэр сом мини 8 - 15 я уасэщ, я инагъымрэ тхыпхъэщIыпхъэу хилъхьам я гугъуагъымрэ елъытауэ. IэлъэщIым трищIыхьа сурэ­тым къиIуатэр цIыхухэм ягурызы­гъауэ тхыгъэ дэщIыгъущ шэшэныбзэкIэ, урысыбзэкIэ, инджылызыбзэ­кIэ тхауэ. Ар зэкIуэцIалъхьэри IэлъэщIым дахэ дыдэу хуащIащ, я нэхъ цIыхубз цIэрыIуэми ­тыгъэ хуэпщIыну уте­мыу­кIытыхьыну.
Грознэ къалэм и Къэрал гале­реем 2017 гъэм щагъэлъэгъуауэ щытащ бзылъхугъэр илъэситхукIэ зэлэжьа IэлъэщI 22-рэ. Апхуэдиз зэман текIуэдат IэлъэщIхэр зытеухуауэ щытынум лъабжьэ яхуэхъуну тхыпхъэщIыпхъэхэр игъэхьэзырыным. А гупсысэхэр Мадинэ къыщIихащ я республикэм и архивхэм, библиотекэхэм, музейхэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.