НыбжьыщIэхэри егъэджакIуэхэри щогуфIыкI

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и «ЩIэблэщIэ гвардие» зэщIэхъееныгъэм ди республикэм щиIэ къудамэм мы махуэхэм лэжьыгъэ щхьэпэ щызэфIахащ. Зэгухьэныгъэм и унафэщI Абазэ Албэч я пашэу, зэщIэхъееныгъэм жыджэру хэт щIалэгъуалэм Налшык и курыт школ ­№10-м къедза щIыпIэм къыщызэрагъэпэщащ спорт утыку хъарзынэ.
ЕджакIуэхэм мы лъэхъэнэм загъэ­псэхуми, абыхэм ящыщу спортымрэ физкультурэмрэ дахьэх куэд къокIуалIэ школым, я Iэпкълъэпкъым зрагъэужьу, топ щы­джэгуу. Метр зэбгъузэнатIи 100 къызэ­щIэзыубыдэ утыкущIэр нэхъапэм баскетбол джэгупIэ къудейуэ щытамэ, иджы абы зыщыхуэбгъасэ хъунущ нэгъуэщI спорт лIэужьыгъуэхэми. Къапщтэмэ, ныбжьыщIэ­хэм папщIэ къызэрагъэпэщащ жэным хуэщIа лъагъуэ хэхахэр, лъэным епха, зыщыщIэпIэтэ, гырэ хьэлъэхэм ущеIэ хъу, нэгъуэщI спорт Iуэхугъуэхэми хуэщIа щIы­пIэхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри хуэунэтIащ ныбжьыщIэхэм я узыншагъэр, ябгъэдэлъ спорт зэфIэкIхэр ирагъэфIэкIуэным, нэхъ къарууфIэ хъуным.
- А курыт еджапIэм екIуалIэхэр щIыбым щыIэ спорт утыку тэмэм зэрыхуэныкъуэм гу лъытта нэужь, дэ мурад тщIащ ди зэфIэкIрэ къарурэ а Iуэхум етхьэлIэну, - жеIэ Албэч. - МылъкукIэ зыкъытщIагъэ­къуэну дызэлъэIуа Штаб нэхъыщхьэми къыддаIыгъащ ди жэрдэмыр. Иджы мис: зи узыншагъэр езыгъэфIэкIуэну хуей, спортымрэ физкультурэмрэ дахьэх ныбжьы­щIэхэри абыхэм я егъэджакIуэхэри хуабжьу зыщыгуфIыкIа утыкур хьэзырщ. Абы сабий нэхъыбэжи дяпэкIэ къызэрекIуэлIэнур ди фIэщ мэхъу.
ГуфIэгъуэ щытыкIэм иту щэбэт кIуам къызэIуаха спорт утыкущIэм нобэ сабийхэр изщ. Ахэр зэпоуэ ГТО-м къигъэув мардэхэр гъэзэщIэнымкIэ, топ щоджэгу, къыщажыхь.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.