Зи улахуэр бюджетым къыхэкIыу зратхэм я лэжьапщIэм щыхагъэхъуэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрым

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек иригъэ­кIуэ­кIащ бюджет IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я улахуэм хэгъэхъуэным теухуа Iуэху­хэм щыхэплъа зэIущIэ. Зи улахуэр бюджетым къы­хэкIыу зратхэм я лэжьапщIэм хэгъэхъуэным теу­хуа къалэныр, Урысейм и Президент Путин Владимир пщэрылъ къызэрыщищIам тету, щIыналъэм  и Iэтащхьэм къыщигъэувауэ щытащ дызэрыт илъэ­сым и накъыгъэм ­КъБР-м и Парламентым Зэ­рызыхуигъэзам.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым КIуэкIуэ Казбек жиIащ: «ЦIыхухэм я улахуэхэр, я ­хэхъуэхэр нэхъыбэ щIыныр ди республикэм дежкIэ нэхъ къалэн гугъухэм ящыщу ­къонэж. Инфляцэр кIуэ пэт­ми зэрыдэкIуейм а Iуэхум и мыхьэнэм нэхъри хегъа­хъуэ». Iэтащхьэм къыхигъэщащ нобэ республикэм и бюджет IэнатIэм цIыху мин 46-м щIигъу зэрыпэрытыр - ахэр социальнэ лэжьа­кIуэ­хэщ, егъэджэныгъэ, узыншагъэр хъумэн IуэхущIапIэхэм, щэнхабзэмрэ спортым­рэ епхахэщ.
Iэтащхьэм зэIущIэм уна­фэ щищIащ бюджет IэнатIэм и IуэхущIапIэхэм щыла­жьэхэм я улахуэхэм хэгъэ­хъуэным теухуауэ.
Лисун Еленэ жиIащ щэнхабзэ, егъэджэныгъэ, спорт, социальнэ IэнатIэхэм щыла­жьэ кIэзонэ, бюджет, автономнэ къэрал IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэм процентипщI 2021 гъэм шыщхьэуIум и 1-м къы­щыщIэдзауэ зэрыху­щIагъунур. Абы къыдэкIуэу, ­КъБР-м и Iэтащхьэм пщэ­рылъ зэращищIам ипкъ иткIэ, спорт гъэсакIуэхэм я лэ­жьапщIэр сом 26000-м нагъэсащ, гъэсакIуэхэм я лэ­жьапщIэр ику иту сом мин 17 - 18 фIэкIа мы зэманым зэ­рымыхъум къыхэкIыу. Муниципальнэ зэгухьэныгъэ­хэм я лэжьакIуэхэми я улахуэхэр апхуэдиз дыдэкIэ къэIэтыным теухуа Iуэхум щыхэплъэнущ муниципаль­нэ зэгухьэныгъэхэм я администрацэхэм.
Апхуэдэуи я улахуэхэм про­центипщIкIэ хухагъэ­хъуэнущ къэрал къулыкъущIэхэмрэ къэрал властым и органхэм я лэжьакIуэхэу къэрал граждан къулыкъум химыубыдэхэмрэ. Дэф­тэ­рыр яхуэгъэзакъым къэрал къулыкъу зыIыгъхэм, абыхэм республикэм и Iэтащхьэри, КъБР-м и Парламентым и депутатхэри, къэ­рал влас­тым и гъэзэ­щIакIуэ органхэм я унафэщIхэри (КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэ­щIыр, абы и къуэдзэхэр, министрхэр) яхэту.
Лисун Еленэ къыхигъэщащ дызэрыт илъэсым цIыху­хэм я лэжьапщIэхэм хэгъэхъуэным трагъэкIуэдэну сом мелуан 500-м щIигъу бюджетым зэрыщыхуха­-хар. Ахъшэр налогхэм, налогыу щымыт хэхъуэхэм, апхуэдэуи къэрал бюджетым щыщу республикэ ­бюджетыр зэтегъэпсыхьауэ щытыным трагъэкIуэдэн ­папщIэ къыхуаутIыпщахэр къыхуа­гъэсэбэпынущ.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ бюджет Iуэху­щIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэхэм хагъэ­хъуэныр щIахузэфIэкIар рес­публикэм иужьрей ­илъэситIым коммерцэ щIы­хуэ­хэр зэрызытригъэкIыжам зэрифIыгъэр, а ахъ­шэ­хэр къызэрагъэсэбэпам пэ­кIуэу, хабзэм тету мылъку­шхуэ щхьэщатыкIырт. Абы и мызакъуэу, республикэм 2020 гъэм езым и хэхъуэ­хэри нэхъыбэ зэрищIыфам къыпэкIуащ. КIуэтэхукIэ лэ­жьапщIэм хэгъэхъуэныр илъэсищ пIалъэм тещIы­хьауэ ирагъэкIуэкIынущ. 2022, 2023 гъэхэм а Iуэхум хухахыну я мурадщ, индек­сацэ зэращIынури къы­хэ­лъытауэ, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу сом мелард 1,2-рэ, сом мелард 1,5-рэ. Республикэм и УнафэщIым къы­хигъэщащ бюджет IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я улахуэм хуэм-хуэмурэ хэгъэхъуэныр зэрызэтраухуэфар финанс, экономикэ щытыкIэр тэ­мэму зэрызэпкърахымрэ псори зэпэлъытауэ унафэ къызэращтэмрэ зэрафIыгъэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм и кIэм гулъытэ ­хэха хуищIащ а унэтIыныгъэм адэкIи елэжьыныр республикэм япэ иригъэщ къалэнхэм зэращыщыр икIи абы зэрыпащэнур.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Админист­рацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэ­щIым и къалэнхэр зыгъэ­защIэ Къуныжь МуIэед, ­КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров Сергей, КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм ­социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и ­министр Асанов Алим, ­КъБР-м цIыхухэр егъэ­джэ­нымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор, ­КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м финансхэмкIэ и ­министр Лисун Еленэ, ­КъБР-м экономикэ зыу­жьы­ныгъэмкIэ и министр Ра­хаев Борис, КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.