«Къэбэрдей-Балъкъэрыр - псоми ди зэхуэдэ унэщ»

Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ къэралпсо форум иным хиубыдэ зэIущIэ  иджыблагъэ  Аруан щIыналъэм и щыхьэр Нарткъалэ щыIащ. Ди республикэм етIуанэу щекIуэкI иджырей зэхуэсыр ирагъэхьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 щрикъум.

Жылагъуэм къыщыхъункIэ ­хъуну щытыкIэ къызэрымыкIуэхэм укъызэрикI хъуну Iэмалхэм, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщ цIыхухэм я зэхуаку дэлъ зэху­щытыкIэхэр егъэфIэкIуа зэ­рыхъунум тепсэлъыхьыну абы ­щы­зэхуэсат ди республикэм хы­хьэ Аруан, Шэрэдж, Лэскэн, Май щIыналъэхэм я лIыкIуэхэр. Апхуэдэхэт щIыналъэ, щIыпIэ советхэм я депутатхэр, жылагъуэ, дин лэжьа­кIуэхэр.
ЗэIущIэр къызэригъэпэщащ ­КъБР-м Жылагъуэ зэгухьэныгъэм ядэлэжьэ­нымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм. Абы жыджэру хэтащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ советым и унафэщIым и ­къуэдзэ Федченкэ Людмилэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий сымэ, нэгъуэщIхэри
Коронавирус уз зэрыцIалэ лIэужьы­гъуэщIэм зыщыхъумэ­ным­кIэ къигъэув мардэхэм тету екIуэкIащ зэIущIэр. Ар къызэIуаха нэужь, лэжьыгъэм щыпащащ цIыху 50 нэхърэ мынэхъыбэ къызэщIэзыубыдэ гуп щхьэхуэхэм, зытепсэлъыхь IуэхугъуэхэмкIи зэ­щхьэщыхауэ. Апхуэдэхэт «ЦIыхубэ дипломатие», «Динымрэ цIыхумрэ», «ГъащIэмрэ хабзэмрэ», нэ­гъуэщI унэтIыныгъэхэри.  
- Ди къэралыгъуэр нэхъ лъэщ зэрытхуэщIыну, щIыналъэм и экономикэр,  псэукIэр, жылагъуэм щыщыIэ зэхущытыкIэхэр зэребгъэкIуэфыну Iэмалхэм ящыщщ, шэч хэмылъу, лъэпкъхэм яку дэлъ зэгурыIуэныгъэ быдэр, - жеIэ ­КъБР-м жылагъуэ зэгухьэныгъэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор. - Аращ а унэтIыныгъэм гулъытэ хэха дапщэщи щIигъуэтыр.
ЗэIущIэм хэтахэм Iэмал яIащ къахуе­блэгъа хьэщIэхэм езыхэр зыгъэпIейтей упщIэхэмкIэ зы­хуагъэзэну.

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.