КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий хэтащ мылъку зэхэдзэкIэ псэупIэ езыгъэщI цIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэным теухуа урысейпсо селектор зэIущIэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий ­хэтащ Урысей Федерацэм и законода­тельствэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэ­- хэм ящыщу дызэрыт мазэм къару ­зы­гъуэтахэм япкъ иткIэ мылъку зэхэ­дзэкIэ ирагъэкIуэкI ухуэныгъэр зэ­-рызэблагъэкI правовой мардэхэм ­ятещIыхьауэ Урысей Федерацэм ­ухуэ­ныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хо­зяйст­вэмкIэ и министр Якушев В. В. иригъэкIуэкIа видеоконференцым.

Абы щыжаIащ зи мылъкур зэхэзылъхьа цIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ, ухуэныгъэм и IэнатIэм гъэпцIагъэхэр къы­щымыгъэхъунымкIэ, Урысейм и Президент Путин Владимир псэупIэу яухуэр гъэ къэс тIукIэ нэхъыбэ щIыным теухуа­-уэ къигъэува къалэнхэр гъэзэщIэнымкIэ ­законодательствэм иужьрей зэманым халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэр сэбэп зэрыхъунур.

ЗэIущIэм апхуэдэу хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэ­дзэ - КъБР-м инфраструктурэмрэ бжыгъэ­-хэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Бэлэтокъуэ В. Хь., КъБР-м ухуэныгъэмрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр Къуныжь В. Хь., ХъумапIэ банк акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Урысбий Хь. Хь., республикэм и ухуакIуэ компание нэхъ инхэм я лIыкIуэхэр.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)