Хэкурыдж зекIуэхэр

«Урысейм и щIэинхэр. Iуащхьэмахуэ ихъуреягъкIэ» фIэщыгъэр зиIа хэкурыдж проектым хиубыдэу, мы махуэхэм Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщызэрагъэпэщащ квадроциклхэмкIэ щIыпIэр къыщызэхажыхьа зекIуэ хьэлэмэт. Iуэхум и жэрдэмщIакIуэ хъуащ гъуэгу пхыдзахэм къыщыжыхьыным дихьэххэм я «Квадроостров» клубу Москва щылажьэмрэ Урысей географие зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ «Альтаир» щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэмрэ хэтхэр.
Ди щIалэхэм нэмыщI, зекIуэ гъэщIэгъуэным хэтащ Москварэ Москва областымрэ ящыщ щIалэхэу гъуэгу пхыдзахэм квадроциклкIэ къыщыжыхьыным дихьэххэр. Ахэр зрикIуэну лъагъуэр зыубзыхуар Урысей географие зэгухьэныгъэм хэт хэкурыдж цIэрыIуэ Мокаев Тенджызщ. ЗекIуэм и унафэщIу щытар «Квадроостров» клубым и пашэ Зимин Александрщ. Абы зэрыжиIэмкIэ, проектыр къызэрыунэхурэ илъэсищ мэхъу, абы и мурад нэхъыщхьэри щIыналъэ щIыуэпсыр нэсу джыныращ.
ЩIалэ хахуэхэм квадроциклхэм тесу зэпачащ километр 500-м щIигъу гъуэгу зэмылIэужьыгъуэхэр, шынагъуэхэри, пхыдзахэри, лъагъуэ мыцIыхухэри, кIыхьхэри хэту. Апхуэдэу Кавказ къуршхэм хиубыдэ бгы зэхуакуи 6-рэ щхьэдэхыпIи 7-рэ къызэранэкIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпс дахэр зрагъэлъэгъуащ, тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэ зыбжанэм къыщыувыIащ. Апхуэдэт, къапщтэмэ, генерал цIэрыIуэ Эммануэль Георгий и цIэр зезыхьэ хуейр, Къэнжал щIыпIэр, нэгъуэщIхэри.
ЗекIуэм къриубыдэу абы хэтахэм Iуащхьэмахуэ ихъуреягъыр къажыхьащ, ипщэ лъэныкъуэмкIэ къыщыщIа­дзэри. Iуэхум адэкIи къыпащэнущ. ДяпэкIэ абы хэтынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кавказ Ищхъэрэм я мызакъуэу, Урысей Федерацэм и нэгъуэщI щIыналъэхэми къикIа щIалэхэри.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.