Гъатхэ лэжьэгъуэр яух

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ бадзэ­уэгъуэм и 3-м иригъэкIуэкIащ ­гъатхэ сессием и кIэух зэIущIэр.

«Къэбэрдей-Балъкъэрым и зэ­зыгъэкIуж хеящIэхэм ятеухуауэ ­КъБР-м и Хабзэм и 7-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и Законым и проектыр етIуанэ еджэгъуэм къащтащ. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, зэ­зыгъэкIуж хеящIэхэр я къулы- къум етIуанэу щыхахыжкIэ ахэр зэрылэжьэну пIалъэр илъэси 10-м тещIыхьауэ щытынущ. КъБР-м и Парламентым Хабзэр зегъэкIуэ­нымрэ абы тетынымкIэ и комитетым и унафэщI Кривко Михаил жиIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и зэзыгъэкIуж хеящIэхэм ятеухуауэ» КъБР-м и Хабзэм и 7-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм мы зэманым зэритымкIэ, зэзыгъэкIуж хеящIэр и къулы­къум етIуанэу щыхахыжкIэ и къалэныр илъэситху пIалъэм тещIы­хьауэ зэрыщытыр. Къэпсэлъам къы­зэ­рыхигъэщамкIэ, зи гугъу ящI Iуэхум илъэс пщыкIутху хъуауэ зэ­хъуэкIыныгъэ халъхьакъым, абы къыхэкIыу къаIэта Iуэхум мыхьэ­нэшхуэ иIэщ. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр Урысей Федерацэм и щIыналъэ 29-м, Адыгей, Тэтэрстан республикэхэр, Ленинград, Волгоград областхэр яхэту, къыщащтащ, илъэситху къэс зэзыгъэкIуж хеящIэхэр хахыныр лейуэ къалъытэу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюд­жетыр 2018 гъэм и япэ илъэс ны­къуэм зэрагъэзэщIам зэIущIэм щы­тепсэлъыхьащ КъБР-м финансхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Кала­беков Азэмэт. Абы зэрыжиIамкIэ, республикэм и хэхъуэр сом меларди 6-рэ мелуан 358-рэ мэхъу (2017 гъэм апхуэдэ и пIалъэм елъытауэ, сом зы мелардрэ мелуан 632-кIэ нэхъыбэщ), къигъэсэбэпар - сом меларди 5-рэ мелуан 961-рэщ.

- 2017 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм еплъытмэ, мы гъэм республикэм налогыу, нэгъуэщI хэхъуэу иIар сом мелуан 422-кIэ нэхъыбэщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, псори зэхэту сом ­меларди 2-рэ мелуан 388-рэ ар ­хъуащ. Социальнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэм илъэс ныкъуэм къриубы­дэу текIуэдащ сом меларди 4-рэ мелуан 539-рэ. 2018 гъэм щIы­шылэм и 1-м ирихьэлIэу, щIыналъэм къэрал щIыхуэу сом мелард 12,2-рэ телъщ. Абы щыщу 2018 гъэм и япэ мазищым сом мелуани 129-рэ тпшынащ (дгъэзэщIэн хуейм и ­процент 11-р), - къыхигъэщащ Калабековым.

Депутатхэр едэIуащ КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш политикэмкIэ, щIыуэпсыр хъумэнымкIэ, ар къэгъэсэбэпынымрэ щIы IуэхухэмкIэ и комитетым и жэрдэмкIэ УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий Зэрызыхуагъэзэнум. Комитетым и унафэщI Мокаев Кемал зэрыжиIамкIэ, жэрдэмыр зытеухуар мэкъумэш техникэ къэ­щэ­хунымкIэ ят субсидием зэрыхагъэхъуэн Iуэхурщ. «2018 гъэм щIы­шылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ зи гугъу тщIы субсидием зэрыхагъэ­щIар лъэпощхьэпо хуэхъуащ республикэм и мэкъумэш техникэр зэхъуэкIыным. Дигу къэдгъэкIыжмэ, 2016 гъэм республикэм щхьэкIэ мэкъумэш техники 100-м щIигъу къащэхуауэ щытащ, псоми зэхэту сом мелуани 100 текIуадэу. Ауэ мы ­зэманым а ахъшэм дызэрыщы-щIэм гугъуехь куэд махуэ къэс къегъэув», - жиIащ Мокаев Кемал.

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыщекIуэкI налогым теухуа-уэ» КъБР-м и Хабзэм и 2-нэ Iыхьэм хэлъхьэн хуей зэхъуэкIыныгъэхэр къыщыгъэлъэгъуа законопроек-тым Калабеков Азэмэт щытепсэ­лъы­хьым жиIащ мы зэманым респуб­ликэ законымкIэ налогыу проценти 7,10 зытхэм 2019 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ процент тIурытI зэ­рыхухагъэхъуэнур.

Депутатхэр зэIущIэм щедэIуащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым 2018, 2019 - 2020 гъэхэм я бюджетым теухуауэ» КъБР-м и хабзэм хэлъхьапхъэ зэ­хъуэкIыныгъэхэм.

Бахъсэн районым хыхьэ Ислъэ­мей къуажэм Наурыз фIэщыжы-ным теухуауэ КъБР-м и Парламен- тым зыкъызэрыхуагъэзар даIыгъа­-къым. КъБР-м и Парламентым ­ЗаконодательствэмкIэ, къэрал ухуэ­ны­гъэмрэ щIыпIэ самоуправле­нэмкIэ и комитетым и унафэщI Мэлбахъуэ Борис зэрыжиIамкIэ, Ислъэмей къуажэм и щIыпIэ самоуправленэм и Советым хэтхэм жылэдэсхэм я Iуэху еплъыкIэр къащIащ икIи нэхъыбэм жаIащ ар зэрафIэмыфIыр. Абы къыхэкIыу депутатхэр а Iуэхум арэзы техъуа­къым.

Депутатхэм даIыгъащ парламентаризмэм зегъэужьыным и зэфIэкI зэрыхилъхьэм папщIэ УФ-м и Къэрал Думэм и ЩIыхь дамыгъэр КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и ­къуэдзэ Жанатаев Сэлим къратыну къызэ­ра­гъэлъэгъуар.

ЗэIущIэр щызэхуащIыжым, хабзэ дахэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Парламентым и депутат зыбжанэ ягъэ­лъэпIащ. УФ-м, КъБР-м я хабзэхэр егъэфIэкIуэным зэрыхэлIыфIы-хьым папщIэ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и ЩIыхь тхылъыр хуагъэфэщащ КъБР-м и Парламентым УхуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ Iэ­натIэмрэ гъэсыныпхъэ-энергетикэ комплексымкIэ и комитетым и унафэщI Гриневич Валерий. УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и ФIыщIэ тхы­лъыр иратащ Мэкъумэш политикэмкIэ, щIыуэпсыр хъумэнымкIэ, ар къэгъэсэбэпынымрэ щIы Iуэху­хэмкIэ и комитетым хэт Прытков Михаил. КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъкIэ ягъэпэжащ депу­тат­хэу Токъмакъ Михаил, Попов Виктор, Настаев Алий-СулътIан сы­мэ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)