КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ Урысейм и Къэрал автоинспекцэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теухуа махуэшхуэ зэIущIэ.
ГИБДД-м (ГАИ)-м и лэжьакIуэхэм я махуэр щагъэлъапIэ зэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэ полицэм и генерал-майор Павлов Василий, КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретарь Тату Къазбэч, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Аникушинэ Татьянэ, Урысей МВД-м и Краснодар университетым и къудамэ, IэщIагъэм хагъэхъуэнымкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым и унафэщI полицэм и полковник Щхьэгъэпсо Заурбий, КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Руслан. Кърагъэблэгъа хьэщIэ лъапIэхэм ящыщт «Сбербанк» ПАО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Уэзрокъуэ Азэмэт, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и Перинатальнэ центрым и дохутыр нэхъыщхьэ Гаевэ Алёнэ, махуэшхуэр зыгъэлъапIэ къулыкъум щIыхь зиIэ и ветеранхэр.
Павлов Василий къызэхуэсахэм защыхуигъазэм къыхигъэщащ IэнатIэм гъуэгуанэ екIу къызэрикIуар, ГИБДД-м и лэжьакIуэхэм Iэмал псори къызэрагъэсэбэпыр гъуэгум къыщыхъу гузэвэгъуэр гъэмэщIэным теухуауэ. Сыт щыгъуи набдзэгубдзаплъэу щытын къалэн мытыншыр жэщ-махуэ ямыIэу зэрырахьэкIым, я IэщIагъэм зэрыхуэIэижьым, абы зэрыхуэпэжым папщIэ министрым фIыщIэ яхуищIащ зи махуэр зыгъэлъапIэхэм.
КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретарь Тату Къазбэч къэрал автоинспекцэм и лэжьакIуэхэм я махуэмкIэ ехъуэхъури, я лэжьыгъэм адэкIи ехъулIэныгъэхэр щызыIэрагъэхьэну, унагъуэ зэIузэпэщ яIэну зэригуапэр яжриIащ.
Къэрал автоинспекцэм и лэжьакIуэхэм я лэжьыгъэм пщIэшхуэ къыхуищIащ Урысейм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм Гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэныр къызэгъэпэщынымкIэ и управленэ нэхъыщхьэм и унафэщIым. КъБР-м щыIэ МВД-м и ГИБДД-м и лэжьакIуэхэм ялъэгъуащ Урысей МВД-м и ГУОБДД-м и унафэщI полицэм и генерал-лейтенант Черников Михаил къазэрехъуэхъуар. «Къэрал автоинспекцэм щIэгъэкъуэнышхуэ иIэщ нобэ, щIыналъэхэм я автопаркхэр ирагъэфIэкIуащ, яIэрыхьащ я лэжьыгъэр ящызыгъэпсынщIэ IэмэпсымэщIэхэр икIи махуэ къэс гу лъыдотэ абыхэм фIы къазэрыпэкIуэм», - жеIэ Черниковым икIи фIыщIэ къахуещI я къалэныр тэмэму зэрагъэзащIэм папщIэ.
Къызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжьакIуэ 54-м я цIэхэр, я фэеплъым пщIэ хуащIу дакъикъэкIи щымащ.
Махуэшхуэ зэхыхьэм хэтахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и ГИБДД-м и Управленэм и унафэщI полицэм и подполковник Яльмеев Роберт. Абы фIыщIэ яхуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ МВД-м и унафэщIхэм республикэм и гъуэгухэм хабзэр щагъэзэщIэнымкIэ я жэрдэмхэр къызэрыдаIыгъым папщIэ. Ар тепсэлъыхьащ я къулыкъур зэрызэфIэувам и тхыдэм, къыхигъэщащ ветеранхэм Къэрал автоинспекцэм и IэнатIэхэм я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIар.
АдэкIэ Урысей МВД-м «За доблесть в службе», «За боевое содружество» и медалхэр, Урысей МВД-м и щIыхь тхылъхэр иратащ я лэжьакIуэ пэрытхэм. «Урысей МВД-м и ГИБДД-р илъэс 85-рэ ирокъу» фэеплъ медалхэр хуагъэфэщащ Урысей МВД-м и Краснодар университетым и къудамэ, IэщIагъэм хагъэхъуэнымкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым и унафэщI полицэм и полковник Щхьэгъэпсо Заурбий, Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэмрэ Къэрал кIуэцIыдзэхэмрэ я ветеранхэм я советым и президиумым хэт Пыхъ МуIэед, КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Руслан сымэ.
«Сабиигъуэр шынагъуэншэу» федеральнэ егъэджэныгъэ программэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щегъэжьэным теухуа пресс-конференцыр къызэрагъэпэщу зэрырагъэкIуэкIам папщIэ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъхэр иратащ Яльмеев Робертрэ КъБР-м щыIэ МВД-м и УГИБДД-м и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ полицэм и майор Моторовэ Аллэрэ.
IэнатIэм и лэжьакIуэ нэхъыфIхэм иратащ нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми къабгъэдэкI саугъэтхэр.
ЗэIущIэ гуапэр иухащ концерткIэ. Къызэхуэсахэм я нэгу зрагъэужьащ, я гукъыдэжыр къаIэтащ республикэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ цIэрыIуэхэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ГИБДД-м и гимныр игъэзэщIащ лъэпкъхэм зэдай, урысейпсо зэпеуэхэм я лауреат ДыщэкI Артур.
.