Гъуэгу махуэ, «Адыгэ дуней» лъэпкъ фонд!

«Зыхэдывгъалъхьи щымыIа лIыгъэ, дыкъыщIэвгъэкIхэ зэрамыгугъэу!»
IутIыж Борис.
Налшык дэт Кавказ Ищхъэрэм управленэмкIэ и академием щызэхашащ адыгэбзэр, адыгэ хабзэр, щэнхабзэр хъумэнымкIэ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и лъэтеувэ пшы­хьыр. Ар иригъэкIуэкIащ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Табыщ Мурат.
Фондыр къызэрагъэпэщащ философие щIэныгъэхэм я доктор, Кавказ ­Ищхъэрэм управленэмкIэ и академием и япэ проректор Хъурей Феликс, Урыху (Къугъуэлъкъуей) дэт курыт еджа­пIэ №2-м адыгэбзэм­-рэ адыгэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ, педагогикэ щIэ­ныгъэхэм я кандидат ХьэцIыкIу Рае, экономист, жылагъуэ лэжьакIуэ Къып Гупсэ сымэ. Хасащхьэм ­хэтхэщ УФ-м и Федеральнэ зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым КъБР-м къыбгъэ­дэкIыу щыIэ сенаторым и дэIэпыкъуэгъу Махуэ Владимир, усакIуэ, «Горянка» га­зетым и редактор нэхъыщ­хьэ Къаныкъуэ Заринэ, юрист, жылагъуэ лэжьакIуэ Аскэр Атилэ, КъБР-м ЩIы Iуэхухэмрэ мылъкур зегъэ­кIуэнымкIэ и министерст­-вэм и IэщIагъэлI, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и егъэджакIуэ Гугъуэтыж Ахь­­мэд, Къэбэрдей-Балъкъэр те­левиденэм адыгэ нэ­тынхэр гъэхьэзырынымкIэ и ­къудамэм и редактор, журналист Бакъ Мадинэ сымэ.
- Ди хабзэмрэ бзэмрэ ­къагъэщI дунейм гъуни нэзи иIэкъым. Нобэ апхуэдэ дуней къытхузэрагъэпэщы­жыну, нэгъуэщI мыхъуми абы и зы кIапэ дытрагъэп­лъэну, адыгэм гукъэкIкIэ, гукъыдэжкIэ, гулъытэкIэ ­зыкърагъэцIыхужыну гупыж зыщIа анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ хъу­мэнымкIэ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и лъэтеувэр нобэ догъэлъапIэ, - жиIащ Табыщ Мурат пшыхьыр къы­щызэIуихым. - Дуней къутахуэ жыдоIэ. Дэ нобэ хым и ­IуфитIымкIэ дыщIэкIуэр зэ­лъэпкъэгъухэр дызы­лъэ­Iэ­сын, дызэрыщIэн, зым ­имыгъуэтыр, хуримыкъур, хущы­щIэр адрейм и деж къы­щилъыхъуэжын, ар зэ­халъ­хьэжу зы лъэпкъ ды­зэрыгъэхъужын папщIэщ. «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и лъэтеувэр зытеухуа­-ри а тхуримыкъур зы щIыпIэ къыщытлъыхъуэжу, ар из тщIыжу иридгъэкъужын пап­щIэщ. Нобэрей Iуэхум къекIуэлIа псоми фIыщIэ фхудощI, сыту жыпIэмэ абы пыщIа дэтхэнэри ди зэхуэдэ пщэрылъщ. Зи Iуэху дэкIым и ужь итыр къыщIэхъуэ бы­ныращи, хамэ бын, хамэ сабий щыIэкъым - щIэблэр псоми ди зэхуэдэщ. А щIэб­лэм и дахэмрэ и фIымрэ зыхэлъ Iуэхугъуэ хъуну дыщогугъ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондыр. Дэ лъэпкъ цIыкIукIэ укъыдэджэну ­игъуэу къыщIэкIынукъым, ауэ къыддекIуэкI хабзэр, IуэрыIуатэр, адыгэшыр, адыгэ гупсысэр дуней псом хэIущIыIу щыхъуащи, абы иджы нэхъ щIэщыгъуэу ­нэгъуэщIынэкIэ хэдгъэп­лъэжыну утыку къитхьащ.
- Дунейм дылъэщIэмы­хьэу зехъуэж. Къалэныш­хуэщ ди нэхъыжьхэм къытхуагъэна хабзэ дахэхэр ­тхъумэжыным теухуа ди пщэрылъыр. Зи чэзу а Iуэхур жэрдэм ищIащ акъылрэ щIэныгъэрэ зыбгъэдэлъ Хьэ­цIыкIу Рае. Адрейхэр псо­ри абы дридэIэпыкъуэ­гъуу аращ. Нобэ фыкъы­зэ­рыхьа мы жьэгум куэд ­илъэгъуащ. Нэхъыбэрэ ­фыкъакIуэу, мы фондым фы­хэту фылажьэмэ ди гуа­пэщ. ГъащIэм къызэригъэ­лъагъуэщи, фондым къи­Iэ­та Iуэхугъуэхэр лъэпкъым дэр-дэру зэфIэдмыхмэ, зыми игъэкIуэтэнукъым. Дэ зыдмыхъумэжмэ, апхуэдэ Iуэху къытхузэрахуэну­къым. Къэунэхуа фондым лъэп­къым насыпрэ зыужьыныгъэрэ къытхудэкIуэну ды­щогугъ, - жиIащ Хъурей ­Феликс.
АдэкIэ псалъэ зылъагъэ­-са ХьэцIыкIу Рае къыхигъэщащ Къэбэрдейми, Шэрджэсми, Адыгейми ис ди лъэпкъэгъухэм я диалект­-хэр къанэу зы литературэбзэ диIэ хъуауэ, хамэщI щыпсэу адыгэхэр къекIуэлIэжу зы къэралышхуэ дыхъужыну и нэгу къызэрыщIигъэхьэр, ди щIэблэр щIэныгъэм зэ­ры­хуэ­мынэхъуеиншэр, щIэныгъэр лъапIэныгъэу зэры­щы­тым и щапхъэ адэ-анэ­хэм я быным зэрырамыгъэ­лъа­гъур, щIэныгъэ зы­бгъэ­дэлъыр къы­зэрып­хуэ­мы­гъэп­цIэнур, апхуэдэхэр зэ­рыщхьэхуитыр, тыншу зэ­ры­дамы­шэ­хы­фыр, еджапIэ кIуэ я сабийхэм хуэфащэ ­гулъытэ адэ-анэхэм зэры­хуамыщIыр, абы­хэм цIыху къищIыкIын папщIэ я гъащIэм хэтын зэрыхуейр нэсу зэрызэхамыщIыкIыр, къалэхэм я мызакъуэу, иджыпсту адыгэ ­къуажэхэм уна­гъуэхэми, сабий гъэсапIэхэми, курыт еджапIэхэми щIэи жьыи ­хамэбзэкIэ зэры­щызэпсалъэ хъуар лъэп­къым ди тхьэмыщкIагъэхэм зэращыщыр, урысыбзэмрэ инджылызыбзэмрэ яджми, къэзылъхуам къыIуралъхьа бзэр япэ ирагъэщын, ягъэ­кIуэтэн, ди IэмыщIэ илъ ­лъапIэныгъэхэр тхъумэжын зэрыхуейр, анэдэлъхубзэкIэ мыпсалъэ сабийм ди лъэп­къым къытемыхуэ нэгъуэщI гупсысэ зэриIэнур, нобэ бы­ным ирамыта адыгэ щыIэ­кIэм, гупсысэкIэм, Iурамылъхьа адыгэбзэм къыпэ­кIуэу жьы хъуа цIыху зеин­шэхэр здапIыжым адэ-анэр къыщыхутэныр къызэ­рыхэ­кIынкIэ хъунур, лъэпкъым Iуэху зэрызэдащIэфыну, зэ­ры­зэкъуэувэфыну, хъыбархэр зэрызылъагъэIэсыфыну «Адыгэ псалъэ» газетым Iэ зэрытрамыдзэр, ар къы­зэ­рамыгъэсэбэпыр.
- Лъэпкъхэм тфIэфIщ ­гушыIэ гуэрхэр зыхэтлъ­хьэурэ зыр адрейм тIэкIу дыщIэнакIэу дыгушыIэну. Чукчэхэм апхуэдэ куэд зэ­раIэр дощIэ, ауэ адыгэхэр абыхэм дащыдыхьэшх ­хъунукъым. Ахэр мащIэщ, ауэ лъэпкъщ. ЮНЕСКО-м кIуэдыжыну къигъэлъэгъуа лъэпкъхэм чукчэхэр хиу­быдэркъым икIи зы щIэныгъэлIми жиIэркъым ахэр кIуэдыжыну, сыт щхьэкIэ жы­пIэмэ я бзэр яIурылъщ, я хабзэр яIыгъыжщ. Дэ кIуэ­дыжыным дыхабжащ, ар­щхьэкIэ дыпсалъэмэ, ди тхыдэм дрогушхуэ, лъэп­къыу щыIэм дранэхъыфIу зытлъытэжынкIи тIэу деп­лъынукъым. Дауэ хъуми, кIуэдыжыным дызэрыхабжар гуащIэмащIагъыу пIэ­рэ? Мис а гупсысэращ  адыгэ фондыр къэхъуныр къызыхэкIар, - къыхигъэщащ ХьэцIыкIу Рае. - ДиIэщ дыщыIэн, дыпсэун хуейщ жызыIэ нэгъуэщI зэгухьэныгъэхэри. Тхьэм я мурадыр къаригъэхъулIэ, дэри, Хьэ­тIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ хасэри дыщыIэщ. АбыхэмкIэ зытхуэхъумэжыфыну щытамэ, ди щхьэ кърикIуэнум дызэ­рытегузэвыхьым хэхъуэурэ дыIэпхъуэнтэкъым. Зэма­ным и гъусэу докIуэ жы­т­Iэу­рэ, зы щIыпIэ дынэса нэужь, дымыадыгэу дыкъыщIи­дзыжынкIи зэрыхъунырщ мы фондыр щIызыхэтшам и щхьэусыгъуэр. Ауэ абыкIи зэфIэкIыркъым, цIыхум я фIэщ ухъун, Iуэхур къыбдаIыгъын хуейщ. IутIыж Борис лъэIуауэ щытащ: «Зы­хэдывгъалъхьэ щымыIа ­лIыгъэ, дыкъыщIэвгъэкIхэ зэрамыгугъэу!», - жиIэри. Мис абы нобэ и чэзущ. До­гугъэ ди гупсысэр зы хъуну, зым адрейр и фIэщ хъуну, ди бзэм хуэфащэ пщIэ ­игъуэтыжыну, ди щэнхабзэм зиужьыну, ар зыхузэфIэ­кIын, ар адэкIэ зыгъэкIуэ­-тэн щIэблэ къытщIэхъуэну. Аращ дызытелэжьэнури. А гугъэшхуэр фондым хэт гупым ди закъуэкIэ тхузэ­фIэкIынукъым. Фыкъы­щIе­д­гъэблэгъар дыздэвгъэ­ла­жьэ, дыздэвгъэIэпыкъу. Умыу­выIэу укIуэмэ, зы щIы­пIэ уносри, дымыувыIэу дыкIуэну дызэгурывгъаIуэ. Къетхьэжьа Iуэхур къыдэ­хъулIэну, ди сабийхэм адыгэ­бзэр яIурытлъ­хьэ­жы­фыну, зыкъэдужьыжыну, де­фIэкIуэну Тхьэм жиIэ.
Къаныкъуэ Заринэ пшы­хьым кърихьэлIахэм зыуб­гъуауэ яхутепсэлъыхьащ «Адыгэ дуней» лъэпкъ ­фондыр зэрылэжьэнумрэ зыфIихыну Iуэхухэмрэ. Ап­хуэдэу псом япэу мылъкур зытекIуэдэну къигъэлъэ­гъуахэм ящыщщ щэнхабзэр, щIэныгъэр, бзэр, хабзэр хъумэнымрэ абыхэм зегъэу­жьынымрэ, фондым и уп­равленэм хэтхэм зэгухьэ­ныгъэр къагъэсэбэпу ­мылъку зэрагъэпэщынуи, дэIэпыкъуэгъухэм къыхалъ­хьэхэр я щхьэ IуэхукIэ къагъэсэбэпын мурад зэрамыIэр, управленэм хэтхэри абыкIэ зэрыарэзыр, фондыр лэжьэну зэрыхуитым­-кIэ къэралым тхылъ къы­зэрыритар, гупыж зыщIхэм абы зэрызыщагъэгъуэзэ­фынур, политикэм пыщIа Iуэху къызэрыдамыхынур, зэ­рыхэмытынур, политикэ партхэм зэрадэмылэжьэнур, цIыхухэм я гупсысэр зы щIыпIэ трашэнымкIэ ап­-хуэдэхэм зэрадэмыIэпыкъунур, гукъыдэж зыщI цIыху щхьэхуэхэм къыхалъхьэ IуэхуфI­хэм зэрытелэжьэнур. Фондыр зэрыщыIэну пIалъэр зэкIэ яубзыхуакъым. Нэхъыщхьэр бзэр ягъэ­лэ­жьэнырщ, лъэпкъыр зэкъуэ­ту щыIэнырщ, ар зэкъуэзыгъэувэ нэщэнэхэм, анэ­дэлъ­хубзэм зрагъэужьынырщ, щIэблэр зыщыщ лъэп­къым­рэ абы и тхыдэмрэ ирагъэщIэнырщ, пщIэ хуащIу, зыужьыныгъэм, мамырыгъэм ягу етауэ къагъэхъу­нырщ, зым адрейм пщIэ,  нэмыс хуэщIын лъапIэныгъэхэр нэгъэсауэ къыгурагъэIуэнырщ, ахэр яхъумэ­нырщ. А Iуэхугъуэхэр къе­хъулIэн папщIэ лъэпкъым и тхьэмадэхэм, зэгухьэныгъэ­хэм ядэлэжьэныр яфIэи­гъуэщ.
- ЗэгурыIуэ зи яку дэлъ­хэрщ, ипэкIэ плъэхэрщ Iуэху зэдэзыщIэфыр, дэзыхы­фыр. Ди пщэ дэтлъхьэжащ зэпеуэ, фестиваль, семинар хуэдэхэр къызэдгъэпэщыну, Iуэху зэIумыбзхэм хэкIы­пIэхэр къахуэдгъуэтын папщIэ. Сыт длэжьми дытеп­сэлъыхьми зытедгъэпсауэ щытынур лъэпкъ гупсысэкIэ шэщIа диIэнырщ, адыгэ ­гъащIэм щIэныгъэр нэгъэсауэ хэтынымрэ узэщIыныгъэм гулъытэ хуэщIы­ным­рэщ. Хасащхьэм хэтхэм япэ идгъэщынур адыгэбзэращ. Си щхьэкIэ фондым сы­щIыхыхьар аращ. Адыгэбзэр къыщежьэр унагъуэращ, ар зыIулъхьэн хуейр адыгэ сабийращ. ХьэцIыкIу Рае сымэ япэ ирагъэщри аращ - я гъащIэ псор зытраухуари сабийм ядэлэ­жьэ­нырщ, - жиIащ Къаныкъуэм. - Хамэ къэралхэм къыдагъэкIа таурыхъхэр ди бзэкIэ щызэддзэкIа щыIэщ. Сыдихьэхыуи селэжьат, ауэ гу­ры­Iуэгъуэщ сыт хуэдизу екIуу зэбдзэкIми, нэгъуэщI къэралым щытраха мультфильмкIэ ди сабийм адыгэ хьэл зэратхухэмылъхьэнур. Фондым япэ иригъэщ Iуэху­гъуэхэм ящыщщ цIыкIухэм папщIэ апхуэдэ мульт­фильмхэр къызэгъэпэ­щы­ныр. Сабий IыгъыпIэхэм екIуалIэхэм анэдэлъхубзэр ящIэн папщIэ яхуэщхьэпэн щIэныгъэ тхылъхэр, къахуэсэбэпын лэжьыгъэхэр, зыхуеину аудио, видео, нэ­рылъагъу дэIэпыкъуэгъухэр къыдэдгъэкIынущ, курыт еджапIэхэм анэдэлъхубзэр щрагъэдж пэшхэр егъэ­джэныгъэм къыщысэбэп иджырей IэмэсымэхэмкIэ къызэдгъэпэщынущ. Курыт еджапIэхэм, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт ­еджа­пIэхэм щIэсхэм адыгэбзэмкIэ, адыгэ литературэмкIэ, лъэпкъ тхы­дэмкIэ зэпеуэхэм, олим­пиадэ­хэм къыщыхэжаныкI ­еджа­кIуэхэм стипендие яхуэдгъэувынущ, ахэр зы­гъэ­хьэзыр егъэджакIуэхэр дгъэлъэпIэнущ. Адыгэ дунейм щIэныгъэ, щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ Iэужь зиIэхэр гъэфIэныр, абыхэм защIэгъэкъуэныр пщэрылъ зыщещIыж фондым. ХамэщI щыпсэу адыгэхэм анэ­дэлъ­хубзэр зэрагъэщIэнымкIэ защIэдгъэкъуэнущ. ЩIэ­ныгъэ-узэщIакIуэ центрхэр щIыналъэхэм къыщызэдгъэпэщынущ. Хуитыныгъэ диIэщ дыщIыщыIэмрэ ды­зыхуеймрэ теухуа хъыбар­-хэр дгъэIуну, ди щIыналъэми хамэ къэралхэм щыIэ ­зэгухьэныгъэхэми запыт­щIэну, дадэлэжьэну, Iуэху ядэтщIэну, мылъкукIэ защIэдгъэкъуэну, зыдэдгъэ­Iэпыкъуну. Фондыр щыIэнущ, пщэрылъ зыщищIыжахэри игъэзэщIэнущ лъэп­къым къыдиIыгъмэ, и унэ­тIы­ныгъэхэр игъэзахуэ­-рэ абы фIыгъуэ кърикIуэну къилъытэрэ мылъкукIэ ­зыкъыщIигъакъуэмэ. Ар лэ­жьэ­фынукъым лъэпкъым зытегузэвыхьын имыIэу псори зэпэщу дыкъэгъуэгуры­кIуэу къилъытэмэ. Апхуэдэу къэралым щызекIуэ хабзэхэм къимытIэс фондым ищIэнукъым. Ахэр къалэн зыщещIыж «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым. Бзэм ехьэлIа Iуэху щыблэжьмэ, къемызэгъ Iуэху иужь уиту къазэрыщыхъу еплъыкIэ мыхъумыщIэр дызэхыхьэу дгъэкIуэдын хуейщ. Лъэп­къыр дымащIэми, дуней псом дытепхъами ди гур дымыухыжу щIэблэм ягу къыщIиубыдэн едгъэлъа­гъун хуейщ.
КъБКъУ-м ФилологиемкIэ и институтым адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и кафедрэм и лэжьакIуэ, институтым и унафэщIым и къуэ­дзэ Хьэщхъуэжь Заретэ фондыр зи жэрдэмхэм, ар гукъэкI зыщIахэм фIыщIэ яхуищIащ, «Адыгэ дуней» фондым и пщэ дилъхьэжа къалэнхэр къехъулIэну зэ­ригуапэр къыхигъэща нэ­ужь, и псалъэм къыхигъэ­щхьэхукIащ лъэпкъыбзэр, лъэпкъ гупсысэкIэр, лъэп­къым и дуней лъагъукIэр, зэхэтыкIэр пхъумэныр, адэкIэ бгъэкIуэтэныр зэры­Iыгъыу, зэрыубыдауэ егъэ­кIуэкIын, дэтхэнэ зыми и щхьэм, и унагъуэм деж ар къыщыщIидзэу зэдагъэ­кIуэ­тэн хуей Iуэхуу зэры­щытыр, фондым мыхьэнэ иIэну зэрыщыгугъыр, лъэпкъ Iуэ­хур бгъэкIуэтэныр нобэ мытыншми, къэралым ди пщэ кърилъхьэжа а лэжьыгъэр Iэпэдэгъэлэл тщIы зэ­рымыхъунур, псори зэ­къуэувэмэ абы зэрыпэ­лъэ­щынур.
Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и артист икIи режиссёр Къанкъул Ислъам къытеувыIащ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым ядэлэжьэн зэрыщIидзэрэ куэд мыщIами, икъукIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIахыну зэрыхунэсам, ­дапщэрэ яхыхьами и гуапэ дыдэу гукIи псэкIи зэрахэтыр, нэхъыбэрэ сахэтарэт, лэжьыгъэ нэхъыбэ дэс­щIащэрэт зэрыжиIэм. Абы щIалэгъуалэр къыхуриджащ нэхъыбэу фондым IуэхукIэ зыщIагъэкъуэну, лэжьыгъэ щхьэпэхэр да­щIэну.
- ЦIыхухэм нэхъри зыкъ­рагъэцIыхуну гукъыдэж ящIу фондым и лъэтеувэр иджы зэхашами, ар куэд щIауэ мэлажьэ, мыхьэнэ зиIэ IуэхугъуэфI куэди ­ящIэну хунэсащ. Иджыпсту дунейм и къэхъукъащIэхэм, зэхъуэкIыныгъэхэм хэхъуэ, гъащIэр нэхъ псынщIэу кIуэ хъуащ. Аращи хъума хъу­нури тхуэхъумэнури тщIэркъым. Ахэр къэдгъэнэхуэн хуейщ. Убэлэрыгъ хъунукъым, узэплъэкIыжмэ лъэп­къыр щымыIэжынкIэ хъунущ. «Адыгэ дуней» фондым лъэпкъыр къыдэ­щIэ­рэщIэжыну Тхьэм жиIэ! - къыхигъэщащ сурэтыщI цIэрыIуэ Црым Руслан и ­псалъэм.
АдэкIэ зэхыхьэм къы­щыпсэлъахэм къыхагъэщащ къыхалъхьа фондым игъэзэщIэну къигъэлъэгъуа пщэрылъхэр гурэ псэкIэ зэрыдаIыгъынур, нобэ хуэ­дэу дяпэкIи хамэбзэр япэ ирагъэщмэ, илъэс 30-40 дэкIмэ адыгэбзэ зыIурылъ щымыIэжынкIэ зэрышынагъуэр, анэдэлъхубзэр щIэб­лэм хуахъумэн зэрыхуейр, абы щхьэкIэ аудио тхылъхэр, видеонэтынхэр и тхьэкIумэм имыкIыу адыгэбзэкIэ ирагъэдэIуэн, анэхэр я бынхэм адыгэбзэкIэ епсэлъэн зэ­рыхуейр, бзэр лъэпкъым фIэкIуэдмэ, и хабзэри щэнхабзэри зэрыфIэкIуэдыр, къызыхэкIар ямыщIэжу дунейм къызэрытенэнур.
Фондым и лъэтеувэм ­ирихьэлIэу къагъэхьа ­хъуэхъу телеграммэхэм ­къеджащ. Апхуэдэхэщ Мэзкуу къалэм узыншагъэр ­хъу­мэнымкIэ и къулыкъущIа­пIэм и кардиосымаджэщ Iуэху­щIапIэм и реанимацэ къудамэм и унафэщI, гууз лIэужьыгъуэхэмкIэ IэщIагъэлI Щоджэн Заур, Хьэ­тIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ хасэм и къудамэу КъШР-м щыIэм и унафэщI Шэрджэс Расият, Кавказ лъэпкъхэм я щэн­хабзэр хъумэнымкIэ Ис­тамбыл дэт хасэм и тхьэмадэ Щоджэн Iумит, Тыркум и Адыгэ хасэхэм я ха­сащхьэм и Iэтащхьэм къаб­гъэдэкIхэр
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ «Черкесский ренессанс» ­зэгухьэныгъэм и унафэщI Жылэгъащтэ Хьэчим, «Нартиадэ» гупым и тхьэмадэ ГунжафIэ Тобий сымэ, нэ­гъуэщIхэри.
Зэхыхьэр ягъэдэхащ «Бзэ­рабзэ» гупым, абазэ-адыгэ пшыналъэхэмкIэ «Бзабзэ» гупым и пшынауэ Iэзэ Iэпсэ Дианэ сымэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)