Урысеймрэ Белоруссиемрэ хыхьэ щIыналъэхэм я Зэхуэсышхуэм ипкъ иткIэ бадзэуэгъуэм и 1-м, видеоконференц IэмалкIэ зэпащIэри, зэхэтащ къэралитIым я унафэщIхэр къыщыпсэлъа кIэух зэIущIэ зыубгъуар. Зэхыхьэр зытеухуауэ щытар дуней псор бжыгъэм тещIыхьа Iуэху къызэгъэпэщыкIэм щыхуэкIуэ мы лъэхъэнэм Урысеймрэ Белоруссиемрэ щIэныгъэ-техникэ IэнатIэм щызэдэлэжьэнырщ.
ЗэIущIэм хэтащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советымрэ Беларусь Республикэм и Лъэпкъ Зэхуэсым РеспубликэмкIэ и Советымрэ, къэралитIым я правительствэхэм, Союзнэ къэралыгъуэм Зэпымыууэ лажьэ и комитетым я унафэщIхэр, апхуэдэуи къэралхэм хиубыдэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр. Видеоконференц зэпыщIэныгъэ мардэм тету зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Зэхуэсым кърихьэлIахэм защыхуигъазэм, Урысейм и Президент Путин Владимир къыхигъэщащ Белоруссиер Урысейм дежкIэ гъунэгъуфIу зэрыщытым и мызакъуэу, псом япэрауэ, и дамэгъу нэхъ гъунэгъу дыдэу къызэрилъытэр. Урысей къэралыгъуэм и УнафэщIым жиIащ хэкуитIым яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр пщIэ зэхуэщIыныр, зызэщIэгъэкъуэныр, зым и сэбэп зыхэлъыр адрейм къилъытэныр я лъабжьэу зэраухуэр.
Беларусь Республикэм и Президент Лукашенкэ Александр къыщыпсалъэм къыхигъэщащ бжыгъэм тещIыхьа, Iуэху иризэфIахыныр зи лъабжьэ унэтIыныгъэхэмкIэ зэгурыIуэну и чэзу зэрыхъуар.
ЗэIущIэм унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэщIэзыубыдэ зэгурыIуэныгъэ щэ ныкъуэ хуэдиз щызэращIылIэну, доллар мелуан 800-м щIигъу и уасэ контрактхэм Iэ щытрадзэну я мурадщ.
Беларусь Республикэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и сату-экономикэ лэжьэгъу нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Урысеймрэ Белоруссиемрэ хыхьэ щIыналъэхэм я VII Зэхуэсышхуэу нэгъабэ екIуэкIам Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Белоруссиемрэ я правительствэхэм Iэ щытрадзащ сату-экономикэ, щIэныгъэ-техникэ, социальнэ-щэнхабзэ IэнатIэхэм щызэдэлэжьэным теухуа зэгурыIуэныгъэм. КъБР-м 2021 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Беларусь Республикэм сатууэ дищIащ доллар мелуаным щIигъу и уасэ, ар илъэс кIуам и апхуэдэ зэманым ирихьэлIэу зэрыщытам нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъыбэщ. 2020 гъэм кърикIуахэм къызэрагъэлъагъуэщи, Белоруссием сатууэ дащIым проценти 8,8-кIэ хэхъуащ икIи доллар мелуани 3,6-м нэсащ. Къэралым хурагъашэм и уасэр доллар мелуаным щIигъуащ, ди щIыналъэм сатууэ ищIым и процент 28,9-р а хэкум хуо- зэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленнэ IуэхущIапIэхэм Беларусым хуаутIыпщ налмэсым къыхэщIыкIа Iэмэпсымэхэр, кабелхэр, вакъэ щащIкIэ къагъэсэбэп картоныр, регуляторхэр, транзисторхэр, нэгъуэщI куэди. Белоруссием щащIа мэкъумэш техникэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъавэгъэкIхэм куэду къагъэсэбэп. Жыджэру щызэдэлажьэ IэнатIэхэм ящыщщ Беларусь Республикэм пасэу хъу нартыху лIэужьыгъуэхэм я жылэхэмрэ IэфIыкIэхэкIхэмрэ зэрыхурагъашэр. ДяпэкIэ зэрызэдэлэжьэну я мурадхэм хагъэхьащ «Селекцэ-жылэгъэкI центр къызэгъэпэщыныр» инвестицэ проектыр ягъэзащIэкIэрэ, Беларусь Республикэм нартыху, гъавэ, джэшхэкI жылэхэр хуегъэшэным хэплъэныр.