Псыущхъуэ

Хы ФIыцIэ Iуфэм узыщрихьэлIэ фIэщыгъэр Iыхьищу зэхэлъщ: «Псы - у (ы) - шъ (у) хъо».
Шапсыгъ диалектыр къэзыгъэ­сэ­бэпхэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрыте­хъуэмкIэ, «псыущхъуэ» псалъэм къикIыр «узыпхрыплъу къабзэ», «уафэм хуэдэу къащхъуэ» мыхьэнэхэр аращ.
Бзэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор КIуэкIуэ Джэмалдин зэритхымкIэ, псалъэм и иужьрей пычыгъуэр «щхъуантIэ» егупсысыкIэм хуокIуэ. Псалъэпкъ бжыгъэу зэхэува жыIэ­гъуэм и кум ит «уы» префиксым и «фIыгъэкIэ», фIэщыгъэр «ущхъуэнтIын», «кIуэ пэтми нэхъ щхъуантIэ хъун» мыхьэнэхэм хуэпхь хъунущ.
Адыгэ Республикэм щыпсэу щIэныгъэлI Мерэтыкъуэ Къасым щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, кIахэ (адыгей) диалектым хэта «псыушъхъо» псалъэм «тхъурымбэ зыщI псы» мыхьэнэри ­къокI.
Шапсыгъ щIыналъэм ущрохьэлIэ «Псыущхъуэ» фIэщыгъэм ещхьу нэ­гъуэщI щIыпIэцIэхэми. Абыхэм ящыщ зыбжанэ:
- Псыущхъуэ Ин». Ар Ашэ псым сэмэгу лъэныкъуэмкIэ къыщыхолъадэ. И къе­жьапIэр Нэужьыкъуэпсщ. Километр 17 и кIыхьагъщ.
- Псыущхъуэ щхьэдэхыпIэ. Ап­хуэ­дэу зэджэ сэнтхым и джабэщIхэм къыщIэж псы къуэпсхэр Псыущхъуэ Инрэ Псыущхъуэ ЦIыкIурэ холъадэ. ИужьреитIым я къежьапIэр зы Iуащхьэ щхьэкIэ, зыдэлъэдэжхэр тIуащIэ зы­рызщ - япэр ТIуапсы, етIуанэр Ашэ «зыщызыгъафIэхэрщ».
- Джабащхьэм и лъэныкъуэ зэпыIухахэмкIэ щыIэ шапсыгъ къуажэхэми а цIэ дыдэхэр зэрахьэ: «Псыущхъуэ ЦIыкIурэ», «Псыущхъуэ Инрэ» (ады­гей­хэм «ШIоикъу», «Кодэшъахьып» жаIэ).
XIX лIэщIыгъуэм и кIэуххэм пащтыхь правительствэм игъэувыIащ урыс ­администрацэм и «жыIэ» къемыувалIэу бгым къафIинауэ щыта адыгэ тIэкIум я зэхэзехуэныр. Арати, Псыущхъуэ бгыжьым деж щыса пасэрей жылэжьхэм я гъунэгъуу, абыхэм, шапсыгъ-хьэкIувхэм, 1895 гъэм зи ­гугъу тщIы къуажэ цIыкIухэр къыщагъэунэхужащ.
ТIуапсы районым и бгылъэ щIы­пIэхэм щыIэ адрей къуажэхэми хуэдэу, мы жылэ цIыкIуитIым дэсхэм пхъэщхьэмыщхьэ хадэхэр зэрахьэ. Нэхъыбэу ягъэкIыр мыIэрысэ, кхъужь, дэ цIыкIу къызыпыкIэхэрщ. Мы щIыпIэм щыпсэухэр бжьэ гъэ­хъунми щохъулIэ.
Шапсыгъ къуажэ цIыкIуитIым я Iэ­гъуэблагъэр турист кIуапIэщ. Абыхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ, псом хуэмыдэжу гъэмахуэ зэманым. ЩIы­пIэм къакIуэхэр гъунэгъу Iуащхьэхэм, псыкъелъэ дахэхэм я Iэшэлъашэм яшэ, шытх екIуэкIым и щыгум зыщрагъэплъыхь, мэзылъэ тIуащIэхэм я нэгу зыщрагъэужь.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.