Уз зэрыцIалэм пэщIэт къарур зэщIагъэуIуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ эпидемиологие щытыкIэм теухуауэ оперативнэ зэIущIэ иригъэкIуэкIащ.
Зэхыхьэм хэтащ «Роспотребнадзор»-м и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республи­-кэм щыIэм и унафэщI Пагуэ Жыраслъэн, ­КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Хъубий Марат, республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рус­там, муниципальнэ щIыналъэхэм я Iэтащ­хьэ­хэр.
Пагуэ Жыраслъэн жиIащ щIыналъэхэм сымаджэхэм я бжыгъэм зэрыщыхэхъуэр. Республикэм и санитар дохутыр нэхъыщхьэм къызэ­рыхигъэщамкIэ, коронавирус узыфэ зэрыцIалэм земыгъэубгъунымкIэ хэкIыпIэ нэхъыщхьэу щыIэр вакцинэхэр зыхегъэлъхьэнырщ.
Хъубий Марат и гугъу ищIащ промышленнэ, мэкъумэш хозяйствэмкIэ IуэхущIапIэхэм эпидемие щытыкIэр екIакIуэмэ, жылагъуэм я узыншагъэр хъума хъун, производствэр къы­зэ­темыувыIэн папщIэ узыфэм зэрыпэщIэт мас­тэр зэхегъэлъхьэным иIэ мыхьэнэм теухуауэ жыджэру лэжьыгъэ зэрыщрагъэкIуэкIым.
Республикэм вакцинэр щыхалъхьэ щIыпIэу 51-рэ къыщызэIуахащ, ахэр зыгъэпсэхугъуэ ­махуэ ямыIэу мэлажьэ, зи узыншагъэм къимыхьхэм я унэхэм, IуэхущIапIэхэм мастэр хэ­зыIу гупхэр макIуэ. Иджыпсту къагъэсэбэп «Спутник-V», «ЭпиВакКорона», «КовиВак» вакцинэхэр - щхьэж зыхуейр къыхихыну хуитщ. Тхьэ­махуэ блэкIам мастэ хэлъхьэгъуэу 13800-рэ къаIэрыхьащ, ахэр вакцинэхэр цIыхухэм щрахьэлIэ щIыпIэ хэхахэм трагуэшащ. Мыгувэу иджыри къыхуашэнущ.
Мы махуэхэм ирихьэлIэу вакцинэр зыхра­гъэлъ­хьащ республикэм щыпсэу цIыху ­64554-м, абыхэм ящыщу 39125-м етIуанэ Iыхьэ­ри ящIэкIащ. БлэкIа тхьэмахуэм къриубыдэу узыфэ зэрыцIалэм зэрыпэщIэт мастэр хаIуащ цIыху мин 14-м нэблагъэм, ику иту махуэ къэс вакцинэр зэзыхьэлIэхэр минитIым щIегъу.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ узыфэм пэщIэтыфын папщIэ зэман кIэщIым къриубыдэу цIыху мин 270-м нэхърэ мынэхъ мащIэм вакцинэр халъ­хьэн зэрыхуейр. Республикэм и Iэтащхьэм къалэ, щIыналъэ администрацэхэм я унафэщI­хэм пщэрылъ ящищIащ вакцинэр зыхегъэлъ­хьэным и сэбэпынагъыр жылагъуэм я деж ­нахьэсыну. «Ди къарур зэщIэдгъэуIуэу лэжьыгъэр щIэдгъэхуэбжьэн хуейщ а унэтIыныгъэмкIэ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2024 - 16:58

ПУТИН ВЛАДИМИР И КЪУЛЫКЪУМ ПЭРОХЬЭ

Путин Владимир Урысейм и Президент къулыкъум иджы етхуанэу пэрыуващ, хэхыныгъэхэм щытекIуа нэужь. А Iуэхум иращIэкIа зэхуэсышхуэр сыхьэтым нэблагъэкIэ екIуэкIащ.

09.05.2024 - 15:02

ЗАУЭМ И БЫНХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУАЩIУ

Налшык дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм теухуа пшыхь.

09.05.2024 - 09:03

ШАБЗАУЭХЭМ Я ЗЭФIЭКIЫР

Ростов областым хыхьэ Таганрог къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ.

09.05.2024 - 09:03

ЗАУЭЛIЫМ ДЕЖ ХЬЭЩIАПIЭ

Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIынущ.

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.