Сыт щыгъуи яфIэгъэщIэгъуэнщ

КъБР-м щыIэ МВД-м и Кинолог IуэхущIапIэ цент­рым и лэжьакIуэхэм я махуэм ирихьэлIэу полицэм и кадет япэ классым щеджэхэм я IэнатIэм зыщрагъэплъыхьащ, я лэжьыгъэм щыгъуазэ ящIащ. НыбжьыщIэхэм мыр я щыпэ къакIуэкъым, ауэ яужэгъуну къыщIэкIынукъым - хьэ фIыуэ зымы­лъагъу сабий щыIэ?!
Iуэху гуапэм хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и лIыкIуэ, Налшык къалэм дэт курыт еджапIэ №7-м и унафэщIым и къуэдзэ ЦIыпIынэ Заремэ.
IэщIагъэлI-кинологхэм я хьэ гъэсахэр ящIыгъуу ягъэ­лъэгъуащ щIэпхъаджащIэр къызэраубыдыр, лъэ­пощхьэпохэр къызэрызэранэкIыр, хьэпшыпхэр мэ­кIэ къызэрагъуэтыр.
Кадетхэр щыIащ Центрым и ветеринар клиникэм. Ахэр щигъэгъуэзащ лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп хьэхэм я узыншагъэм зэры­кIэлъыплъым. Хьэ­щIэхэр зыщIэупщIахэм хабзэхъу­мэхэм жэуап иратащ.
НыбжьыщIэхэм полицейхэм фIыщIэ хуащIащ гъэщIэгъуэн куэдым зэрыщагъэгъуэзам папщIэ.
А махуэ дыдэм хабзэхъумэхэм ирагъэкIуэкIащ хьэ гъэсахэр зыщIыгъу кинологхэм я парад.

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI