ЗауэлIым и щIыхьыр

Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъ­къэрым щиIэ управленэм иригъэкIуэкI «Фэеплъым и хъумакIуэ» къэралпсо акцэм къриубыдэу, Май щIыналъэм иджы­благъэ щекIуэкIащ Хэку зауэш­хуэм хэта, хъыбарыншэу кIуэдауэ къалъытэхэм ящыщ совет зауэлIищым я къупщхьэлъапщхьэ къагъуэтыжахэр щIэлъхьэжыным епха Iуэхухэр. Ахэр зэфIагъэкIащ апхуэдэ къэлъыхъуэныгъэхэр езыгъэкIуэкI «Кавказ гъунапкъэ» гупым хэтхэм.

Май щIыналъэм хиубыдэ Красная ­Полянэ къутырым и Iэшэлъашэхэм щы­щIалъхьэжащ зауэлIхэр. Тхыдэм къы­зэрыхэщыжымкIэ, 1942 гъэм и фокIадэм и 29-м а щIыпIэм зэзауэ гуащIэхэр ще­кIуэкIащ. Кавказ Ищхъэрэм и фронтхэм къадза 392-нэ фочгъауэ дивизэр хэтащ Шэрэджыпсым и Iуфэхэм деж щыIа зэ­хэуэхэм. Апхуэдэу а илъэс дыдэм и жэп­уэгъуэм и 1-м Красная Полянэ жылэм ­зауэ хьэлъэхэр щыIащ. Абы хэкIуэдащ ди совет сэлэтхэм ящыщ куэд.
- Ди жагъуэ зэрыхъущи, ТекIуэныгъэ Иныр Хэку зауэшхуэм къыщытхуэзыхьа ди совет зауэлIхэм ящыщ куэдым я цIэ-унэцIэхэр тщIэркъым - ахэр хъыбарын­шэу кIуэдащ. АтIэми, дэ хьэкъыу тпхы­кIауэ зы дощIэ: абыхэм ящыщ дэтхэнэми хуэфащэщ ЛIыхъужькIэ уеджэну, - жиIащ пэкIум къыщыпсэлъа, Урысей гвардием КъБР-м щиIэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ, полицэм и майор Лыкъуэжь ­Маринэ. - Мамырыгъэ къытхуэзыхьа а зауэлIхэм я фэеплъыр хъумэныр, абыхэм ятеухуа хъыбархэр къыдэкIуэтей щIэблэм яхуэтIуэтэжу дыкъекIуэкIыныр дэ, нэхъыжьхэм, ди къалэнщи, ар зэрыдгъэзэщIэным жэуаплыныгъэ тхэлъу дыбгъэдэвгъэхьэ. Нобэ зи хьэдэ къупщхьэ пщIэ хуэтщIу щIэтлъхьэжахэми я псэр тыншыжауэ Тхьэм къыщIигъэкI.
ХэкIуэдахэм пщIэ лъагэ зэрыхуа­щIыр къагъэлъагъуэу, щIыхь къэрэгъу­лыр иу­выкIауэ щыту, екIуэкIащ Iуэхур. Кхъащхьэхэм фочхэр щхьэщагъэукIащ. Иужь­кIэ зауэлIхэм я фэеплъым дакъикъэкIэ хуэщыгъуащ зэхыхьэм кърихьэлIа псо­-ри.
Апхуэдэ къэлъыхъуэныгъэ лэжьыгъэхэм ноби пащэ «Кавказ гъунапкъэ» гупым хэтхэм. Хэку зауэшхуэм хэкIуэда псоми я кхъащхьэ ягъуэтыжауэ Тхьэм дигъэлъагъу. Жылагъуэм зэи щремы­гъупщэ ТекIуэныгъэ къытхуэзыхьа дэтхэнэ сэлэтми и цIэр.

 

КЪАРДЭН Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI