Абхъазым и Дыщэнэ

Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтыр мы гъэм зратахэм ящыщщ оперэ уэрэджыIакIуэ Герзмавэ Хиблэ.
Ар Пицундэ къалэм къыщалъхуащ. А щIыналъэм и дахагъэм сыткIи хуэфэщэн теплъэрэ макърэ зиIэ Хиблэ «дыщэнэщ» и цIэм къикIыр, ауэ дыщэр зы­хуэхьыпхъэр и макъыр арагъэнщ, дунейм цIэрыIуэ щы­зыщIар аращи.
Хиблэ Сыхъум и музыкэ училищэм фортепианэм щыхуеджащ. Ауэ зэрыцIыкIурэ уэрэд жызыIэ хъы­джэбзым макъ зэриIэм гу лъызыта егъэджакIуэхэмя чэнджэщкIэ 1989 гъэм щIэтIысхьащ Москва и консерваторэ цIэрыIуэм. Иджы езым абы щрегъаджэ.
Чайковскэм и цIэр зезыхьэ зэпеуэм щытекIуа Хиблэ, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, Театр Иным лэжьапIэ ящтэн хуейт, арщхьэкIэ Лон-дон, Рим, Мюнхен, Венэ, Цюрих, Париж, Милан, Нью-Йорк я театрхэм зэпеуэу ирагъэблагъэу, ехъулIэныгъэшхуэ иIэу абыхэм зыкъыщигъэлъагъуэу хъуа нэу­жьщ Театр Инымрэ Мариинкэмрэ гу къыщылъатар…
2001 гъэм Хиблэ Абхъазым къыщызэригъэпэща фестивалым гъащIэ иIэу къыщIэкIауэ, иджы а зэ­хы­хьэхэм я программэ дыдэмкIэ дуней псом зыкъы­щагъэлъагъуэ, уеблэмэ Карнеги-холлым нэсащ.
ЗэфIэкI зиIэ, гулъытэ зыхэлъ бзылъхугъэм и нэIэ ятригъэтщ Пицундэ дэт музыкэ еджапIэмрэ Сыхъум щыIэ музыкэ училищэмрэ. Уи хэкужьрэ абы и щIэб­лэм­рэ уадэIэпыкъуным нэхъыфI сыт щыIэ!

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI