Анэбзэм и IэфIыр зыхэзыщIэ сабийр насыпыфIэщ

Укъыщалъхуа щIыналъэр, абы илъ хабзэ дахэр, щэнхабзэ екIур фIыуэ плъагъуу, анэ­дэлъхубзэр анэ гумащIэм хуэдэу къыбдэгъуэгурыкIуэу, абы и IэфIагъыр гурэ псэкIэ зыхэпщIэу упсэуныр насыпышхуэщ. Апхуэдэ лъэпкъ фIыгъуэхэм щIапIыкIа адыгэ пщащэхэм ящыщщ Кэнжэ (Къуэшыркъуей) жылэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и методист, егъэджакIуэ икIи гъэсакIуэ Тэтэр Аминэ. Къуа­жэм дэт курыт школ №20-р ехъулIэныгъэ иIэу къэзыуха хъыджэбзым и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Социальнэ лэжьыгъэмкIэ, сервисымрэ туризмымкIэ и институтым. «ХьэщIэщ Iуэхур» унэтIыныгъэмкIэ абы и ­бакалавриатыр фIы дыдэу къиухащ, абыкIэ арэзы мыхъуу, «Туризм» IэщIагъэм магистратурэм щыхуеджэжащ.
Аминэ бгъэдэлъ зэфIэкIхэр, зыхуэIэзэ лэжьыгъэхэр, дэзыхьэх Iуэхугъуэхэр куэд ­мэхъу. АтIэми, абыхэм ящыщ дэтхэнэри нэрымылъагъу къуэпс быдэкIэ епхащ адыгэ лъэпкъым, ди щэнхабзэм, анэдэлъхубзэм. Пщащэ зэчиифIэр «Адыгэ псалъэм» и щIэ­джыкIакIуэхэм нобэ фи хьэщIэщ. Ар къедгъэблэгъащ, и гурыгъу-гурыщIэхэм, гъащIэм хуиIэ еплъыкIэхэмрэ мурадхэмрэ тедгъэ­псэлъыхьыну.
- Аминэ, уэ уащыщщ гурэ псэкIэ адыгэу зызыбжыжхэм, нэхъыщхьэращи, куэдым ­къалъытэ цIыхухэм. Абы и щыхьэтщ уи дуней тетыкIэ дахэр, Iуэху зехьэкIэ екIур, пхэлъ хьэл-щэнхэмрэ узэрыгъуазэ лъэпкъ хабзэмрэ. Апхуэдэ фIыгъуэхэм я къежьапIэр, шэч хэмылъу, унагъуэращ здэщыIэр…
- Упсэу. Пэж дыдэу, унагъуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ сабийм игъуэт зыужьыныгъэ, гъащIэм щиIэ увыпIэ елъытауэ. Къуэшыркъуей жылагъуэ дахэр зэрытIысрэ адыгэ хабзэфIхэр егугъуу ­яхъумэу дэс Тэтэр лъэпкъым сращIэблэщ. СыкъызыхэкIа унагъуэр, Тхьэм и шыкуркIэ, адыгагъэр щытепщэ, адыгэбзэр щIэчэ имыIэу дахэу щыIу «щIыналъэ» IэфI цIыкIущ. Унагъуэм къыщалъхуа быныр дыкъихъукIащ ди анэшхуэ IэфI Нащхъуэ и куэщIым. СощIэж: нанэ и псалъэ ­дахэхэм пщэдджыжь къэс сыкъыдэушу щытащ. Абы и бзэ гуапэр щабэу къызэдэхащIэурэ етхьэкIащ ди махуэхэр, гущэкъу уэрэдым сыдигъэжейрэ IэплIэис сабий джэгукIэхэмкIэ сытригъэууэ. «Iэбэдзыуэ» джэгукIэмкIэ сигъэнэщхъыфIэрэ «мыбдеж мэл щохъурэ» джэгукIэмкIэ си бзэм зригъэужьу - апхуэдэ защIэкIэ бзэм гу хузигъэщIащ, си акъылми зригъэужьащ. Къыздэджэгу защIэурэ адыгэ дунейм сыкъыщигъэхъуащ, аращ сэ нэхърэ нэхъ насыпыфIэ сабий дунейм къытемыхьауэ къыщIысщыхъури.
Анэм и щапхъэр зи фащэ си адэ Владимиррэ си анэ Ларисэрэ адыгэ лъэпкъым и гъэсэкIэ ­Iэмалхэр унагъуэм щахъумащ, адыгэбзэр унагъуэм щыIу зэпытт, урысыбзэр тщIэмэ, еджэныгъэм нэхъ дызэрыхэгъуэзэнур къагурыIуэрт, ауэ абыи зэман хэха иIэт - унэ лэжьыгъэхэр щыдгъэзэщIэжкIэ дызыхуеину-дызыхуэныкъуэну псори урысыбзэкIэ тха тхылъхэм дыщылъы­хъуэрт, псалъалъэхэмкIэ дылажьэрт, Интернетым къытхуэсэбэпыну ит псоми зыщыдгъэ­гъуазэрт. Апхуэдэурэ урысыбзэм и дахагъри и къулеягъри зыхэтщIащ си дэлъху Къантемыррэ сэрэ, ауэ ар зэи зэран хуэхъуакъым фIыуэ ­тлъагъу, сыт щыгъуи унагъуэм дыщызэрызэ­хуэгуапэ ди анэдэлъхубзэм. Нобэ бзитIми ­ды­хуэшэрыуэщ. Къантемыр Пятигорск дэт ­лингвистикэ еджапIэ нэхъыщхьэм илъэситхукIэ щеджами, адыгэбзэр игъэбгъунлъакъым, уеблэмэ къызыхэкIа лъэпкъым теухуауэ Iуэху­гъуэ дахэ куэд еджапIэм къыщиIэту, адыгэ лъэпкъым ди щэнхабзэм адрейхэр щыгъуазэ яхуищIу еджащ.
Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и фIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ. Ауэ ар зымылъытэ, абы пщIэ хуэзымыщI куэдым гъащIэм ущрохьэлIэ. Уахуозэ зи бзэкIэ мыпсэлъэжыфхэми, мытхэфхэми, уеблэмэ ар къызыгурымыIуэхэри щыIэщ. Апхуэдэхэр мымащIэу къытхэтщ адыгэхэми. АтIэ сыт абыхэм адыгэкIэ ды­щIеджэр, сыт хуэдэ пыщIэныгъэ абыхэм ди лъэпкъым хуаIэр?
Бзэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр фIыуэ къызгуроIуэ. Аращ лъэпкъхэр зыр зым къыщхьэщызыгъэкIыжыр. Дэтхэнэ лъэпкъми и къэкIуэнур щIэблэращ, икIи ар зыщыдмыгъэгъупщэу сабийхэм я анэдэлъхубзэр фIыуэ ящIэу къызэ­рыдгъэтэджыным дыхущIэкъун хуейщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм ящыщ куэдым я адыгэбзэр йощIэкъуауэ. АтIэ сыт ар къы­зыхэкIыр?
Псом япэрауэ, бзэм хуаIэ щытыкIэр къыщежьэр унагъуэращ. Адэ-анэхэм я нэхъыбэм я бынхэм хамэ къэралыбзэхэр ирагъащIэмэ нэхъ къащтэ. «Зэман тедгъэкIуадэу адыгэбзэр щIэдджынур сыт, дэ ар зыкIи сэбэп къытхуэхъунукъым», - жаIэ адэ-анэм я Iуэху еплъыкIэм щы­гъуазэ сабийхэми. Абыхэм къагурыIуэркъым зи анэдэлъхубзэр зэзымыпэсыж цIыхур зэрыкъулейсызыр. Адыгэ лъэпкъыр дызэрыгушхуэ усакIуэшхуэ, тхакIуэ щэджащэ КIыщокъуэ Алим иIэщ мыпхуэдэ усэ сатырхэр: «Адыгэбзэр зэзмыгъащIэу, урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым». УсакIуэр утыкушхуэ изышар и бзэм хуиIэ лъа­гъуныгъэрщ, абы кърит къарурщ и лъэ щIэзыгъэкIар. Еджагъэшхуэ куэдми къалъытэ, сабийм и акъылым, и зэхэщIыкIым зиужьыху и анэдэлъхубзэкIэ еджэныр нэхъ тэмэму. Ди бзэм дытеукIытыхьыжмэ, дыкъызыхэкIа лъэпкъри догъэикIэ. Бзэр яджыну зэрыхуэмейм и щхьэусыгъуэу куэдым жаIэ ар гугъуу, я гупсысэр къызэраIуэтэну псалъэхэр къахуэмыгъуэту. Укъэзылъхуам анэ быдзышэм хэту къыпIурилъ­хьа бзэм дауэ нэмыплъ зэрептынур?! Ягъэ­лъапIэрти аращ адыгэхэр абы зыхуэбгъадэ мыхъун псалъэ дахэкIэ - анэдэлъхубзэкIэ - щIеджэр.
- Уи гупсысэхэр къызэрыпIуатэ щIыкIэм гу лъыуимыгъатэу къанэркъым уэ езым уи анэбзэм хуиIэ лъагъуныгъэр зэрыабрагъуэм, Аминэ…
- Адыгэбзэм хуэдэу дахэ щыIэу къыщIэкIынкъым. А псалъэхэм я щыхьэтщ дуней псом щыцIэрыIуэ еджагъэшхуэхэм ди бзэм хужаIэ­хэр. Къэтхьынщ зы щапхъэ. «А бзэм (адыгэбзэм) и макъ зэхэлъыкIэр апхуэдизкIэ телъыджэщ, плъыфэбэщи, жьыбгъэ фийр, пщIащэ пылъэлъыжам и щхъыщхъыр, псы уэрым и макъыр, щIым и бэуэкIэр, псыхъуэм хэлъ мывэхэр зэрызэнтIэIур, гу къеуэкIэм и даущыр, къуалэбзум я уэрэдыр, нэгъуэщI куэди зэхыбох абы ущыщIэдэIукIэ. Апхуэдэ макъамэ зэ­щIэжьыуэр къызэрыбгурыIуэнур зыщ: адыгэхэм я бзэр нэщIысащ, дунейм и къэхъугъэ псори ­кърипIуэтэну. Аращ ар къызэрымыкIуэу зыгъэдэхэжри», - жиIэгъащ Трубецкой Николай. Апхуэдэ псалъэхэр уи бзэм къыхужаIэныр ­телъыджэщ! Хамэ лъэпкъым къыхэкIахэм ­апхуэдэ псалъэ хэIэтыкIахэр щыжаIэфкIэ, ар зи анэдэлъхубзэхэм абы мыхьэнэншафэ зэры­раплъыр, гугъуу къазэрыщыхъур пцIыщ. Ижь-ижьыж лъандэрэ зи цIэ фIыкIэ Iуа лъэпкъхэм дащыщщ адыгэхэр. Зауэ-банэ инхэми, дэкъу­зэныгъэ хьэлъэхэми къызэпхрахри, нэхъыжь­хэм нобэ къахьэсыжыфащ абыхэм я хабзэ ­дахэхэр, яхъумэфащ я анэдэлъхубзэр.
Сабийм и анэдэлъхубзэр фIыуэ илъагъунымкIэ жэуаплыныгъэшхуэ я пщэ къыдохуэ егъэджакIуэхэми. Абыхэм я къалэнщ я урокхэм сабийхэр щымызэшу щIэщыгъуэу къызэрагъэпэщыну, абы къищынэмыщIауэ, я анэ­дэлъхубзэмкIэ классщIыб лэжьыгъэхэр ира­гъэкIуэкIыну.
Хьэкъыу спхыкIауэ сощIэ: анэдэлъхубзэмкIэ еджэ сабийм абы и IэфIыр нэхъ зыхещIэ. ­Сабийр дунейм къыщытехьа махуэм къыщыщIэдзауэ анэбзэм и IэфIым щIапIыкIмэ, щеджэну ныбжьым ар IущIэнущ къыдалъхуа бзэр фIыуэ ­илъагъурэ апхуэдэу дахэ, къулей бзэ дунейм зэрытемытыр и фIэщ хъууэ.
- Ар жыжьэ унэзыхьэсыф къарущ, Аминэ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ узыхэта «Адыгэ пщащэ» зэпеуэм ухишащ абы, щагъэпэжахэми ящыщ уищIащ. Абы къытхутепсэлъыхьыжыт.
- Сыт щыгъуи си нэхуапIэу щыт анэдэлъхубзэм хузиIэ лъагъуныгъэр къызэныкъуэкъу зэпытт, аращ 20I7 гъэм Къуэшыркъуей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм Адыгэ хасэмрэ щэнхабзэмкIэ унэмрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкI «Адыгэ пщащэ» зэпеуэм сыхэтыну гукъыдэж сэзыгъэщIар. А ­зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщысхьащ. Ар фIы дыдэт, ауэ нэхъ си гуапэж хъуат Къэрэшей-Шэрджэсым къикIауэ къэпщытакIуэ гупым хэса ­Уэхъутэ Александр сэ нэхъыфI дыдэу сыкъызэрилъытар, езым и унафэ хэлъамэ, псоми япэ дыдэ сригъэувэну зэрыхуеяр.
ЖыпIэнурамэ, си дежкIэ апхуэдэу мы­хьэнэшхуэ иIэтэкъым къысхуагъэфэщэну увы­пIэр зыхуэдэм, сэ си къару сеплъыжыну ар­къудейт. ИтIани, абы къыщысхьа ехъулIэныгъэм нэхъри сытригъэгушхуэри, хьэкъыу си фIэщ ­хъуащ нэхъыбэжи зэрысхузэфIэкIынур. Зэпеуэм хэта бзылъхугъэ гупыр дызэхуэзэрей щы­хъум, ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Мамий ­Заретэ и жэрдэмкIэ «Адыгэ пщащэ» клуб къы­зэдгъэпэщащ. Си зэфIэкIыр зылъэгъуа уна­фэщIым ЩэнхабзэмкIэ унэм и методист лэжьыгъэр къысхуигъэлъэгъуащ абы щыгъуэ. Дауи, сэ арэзы сы­хъуащ. Лэжьыгъэм сыщIытегушхуари си ­хъуэпсапIэм гъунэгъу сызэрыхуэхъур арат. Ауэ хэт ищIэнт а гурылъым апхуэдэу псынщIэу Урысейпсо форумым и утыку сришэну?!
- Уэ зи гугъу пщIыр ди къэралым и къалащ­хьэ Москва иджыблагъэ щекIуэкIа «Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ анэдэлъхубзэмкIэ урысейпсо зэпеуэ» зэхыхьэ иныращ, дауи. Ди гуапэ зэрыхъущи, уэ уахэхуащ абы и лауреат хъуахэм, зи цIэр фIыкIэ къэралпсо утыкум къыщраIуахэм.
- НтIэ. Абы жыджэру хэтахэм сащыщащ сэ. Зэпеуэм къыхузэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэ­рат псом нэхърэ нэхъ хьэлэмэт хъуар. УФ-м и Жы­лагъуэ палатэрат Iуэхур щаублар. Ди къэралым и щIыналъэхэм къикIа хьэщIэ куэд щыIэти, жыпIэнурамэ, абыхэм ящыщу зыри къэнауэ си фIэщ хъуркъым ди плIанэпэм къемыкIуэлIа. Ахэр яфIэгъэщIэгъуэну щIэупщIэрт адыгэхэм лъэпкъ нэщэнэ тхуэхъу хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэм. Гъэлъэгъуэныгъэм дыдихьэхыу псори деплъа нэужь, лъэпкъ щэнхабзэм къэралым щигъуэт зыужьыныгъэм теухуа «Щэнхабзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ я зэпыщIэныгъэр» семинар купщIафIэм дыхэтащ, УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэри ди гъусэу. АбыкIэ гурыIуэгъуэ тщыхъуащ дызыхэт Iуэхум къэрал мыхьэнэ зэриIэр.
Зэпеуэм хэтхэм адэкIэ ди къалэнт лъэпкъ щэнхабзэм и нэщэнэхэр ди лэжьыгъэм къызэ­рыщыдгъэсэбэпым дытепсэлъыхьыну. Адыгэ фащэ дахэр сщыгъыу сэри ситащ утыку, ар зэрызэхэлъ Iыхьэхэми сытепсэлъыхьащ. Ап­хуэдэу сыкъытеувыIащ сабийхэр зыхуэзгъасэ Iуэхугъуэхэмрэ си дерсхэр зэрызэхэзгъэувэмрэ. ЩэнхабзэмкIэ унэм и методисту сызэрылажьэ лъандэрэ, сэ Iуэхум Iэмал куэд щIэуэ хэслъхьащ, сызыпэрыт IэнатIэр хуабжьу сфIэхьэлэмэтт, сабий гъэсэным сыдихьэхырти. Си гъэсэнхэм яхузэфIэкIхэр къызыхэщ видеогъэлъэгъуэ­ны­гъэхэ­ри Iуэхум къыхэслъытащ. Куэдым яфIэ­хьэлэмэтащ арджэн щIыным, дыщэидэм, хъагъэм (изящное плетение), хъэрэмэхъищэм (узорное плетение), Iудэ зэрыхъэм, нэгъуэщI IэпэIэсагъэхэм сабийхэр зэрапэлъэщыр. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, сабийм и IэхэмкIэ, псом хуэмыдэу и IэпэхэмкIэ, игъэзащIэ сыт хуэдэ лэжьыгъэми абы и гупсысэм, зэхэщIыкIым зрегъэужь. А Iуэхухэр лъэпкъ щэнхабзэм епхауэ щытмэ, лъапIэныгъэу иIэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ, ди щIэблэм я лъэпкъ гупсысэм хуа­бжьу зрегъэужьри, яIурылъ анэдэлъхубзэми хэпщIыкIыу зрегъэшэщIри. А лэжьыгъэхэр щезгъэгъэзащIэкIэ, дерсым куэдрэ къыщыдгъэсэбэп адыгэ псынщIэрыпсалъэхэр, къуажэхьхэр, жыIэгъуэ­хэр сэбэп зэрыхъури наIуэ ящысщIащ зэпеуэм кърихьэлIахэм.
КъищынэмыщIауэ, сыкъытеувыIащ лъэпкъ ­джэгукIэхэм, адыгэ уэрэдыжьхэм, театр теплъэ­гъуэхэм ящыщу лэжьыгъэм куэд къызэрыхэзгъэхьэми. Ди IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэр абы и лъэныкъуэкIэ дызэлэжь проект зэмылIэужьыгъуэхэми кIэщIу сатепсэлъыхьащ. Зи гугъу сщIахэм ящыщщ «Адыгэ пщащэ», «Театр педагогикэ», «Зэчийм и гъунапкъэхэр», «Фэеплъ», ­«Жьэгу пащхьэ», «Псэм и лъащIэ», «Къафэм и бзэ», «Ныбжьэгъугъэ» проектхэр. Абыхэм иужькIэ ­къакIэлъыщIэупщIэжаи къахэкIащ къэралпсо зэхыхьэм хэта IэщIагъэлIхэм, апхуэдизу ахэр яфIэхьэлэмэт хъуати.
«СтIол хъурей» щIыкIэм иту екIуэкIа иужьрей зэхыхьэми сэбэпынагъэшхуэ куэдым къытхуихьащ. Абы дыщытепсэлъыхьащ лъэпкъыбэу зэхэт ди къэралым щэнхабзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ я зыужьыныгъэм гулъытэ зэрыщи­гъуэтым, а лэжьыгъэр зэи къэбгъэтIасхъэ зэ­рымыхъунум.
- Адыгэбзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ хуиIэ лъагъуныгъэмрэ уи зэхэщIыкI куумрэ апхуэдэ лъагапIэ куэдым ухуашэнущ уэ пщащэ цIыкIур. Сытхэм удихьэхрэ иджыри зэчиифIэр?
- Пэжщ, анэдэлъхубзэращ Интернетым и губгъуэшхуэм сришэу, адыгэбзэкIэ зэпсалъэу, адыгэ лъэпкъым и Iуэху тетхыхьу абы щызэхэт гупхэм сахэзышар. СфIэгъэщIэгъуэну а псоми ноби сыкIэлъоплъ. АдыгэбзэкIэ къыдэкI газетхэм, журналхэм сфIэхьэлэмэту соджэ, адыгэ усакIуэхэм, тхакIуэхэм я тхыгъэхэм сыдахьэх. Нобэ бзэ нэхъыбэ сщIэнуи гупыж сиIэщ, ари адыгэбзэм зэран хуэхъуну къэслъытэркъым. Ар си дежкIэ IэмалыфIщ си лъэпкъым и щэнхабзэм адрейхэри щызгъэгъуэзэнымкIэ.
ЩэнхабзэмкIэ унэм и Интернет напэкIуэцIыр согъэлажьэ, абы щыIэ гупжьейхэм я лэжьыгъэр къызыхуэтыншэу екIуэкIынымкIэ жэуап сохь. Сэ къызэзгъэпэщыжауэ «IэпэIэсэхэр», «Адыгэпсэ» гупжьейхэм адыгэбзэкIэ садолажьэ. Гупыж сщIауэ, апхуэдэу садоIэпыкъу ди деж къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэм адыгэбзэр зрагъэщIэжынымкIэ, урысыбзэр ящIэнымкIэ. СфIэфIу изогъэкIуэкI адыгэ джэгухэр, лъэтеувэхэр, ди лъэпкъ хабзэм и жыпхъэм иту. ­КъищынэмыщIауэ, адыгэ псалъэжьхэмрэ жыIэгъуэ­хэмрэ зэхузохьэс. Ахэр тхылъ щхьэхуэу къыдэзгъэкIыну си мурадщ. Сызыхуеджа IэщIагъэми гурэ псэкIэ сыпыщIащи, лъэпкъ туриз­мэм ди лъахэм зыщиIэтыжыну сыщIохъуэпс.
ЖысIэнуращи, си анэшхуэм и щапхъэр фащэ схуэхъуауэ, си хэкумрэ си анэдэлъхубзэмрэ ехьэлIа псори згъэпажэу, фIыуэ слъагъуу сопсэу. Си гу къуэпсхэм хэухуэна а лъагъуныгъэр ящыщщ дунейр cхуэзыгъэнэхухэм, гъащIэр щIэщыгъуэ, дэрэжэгъуэ къысщызыщIхэм.
- Хэкупсэ пщащэ цIыкIум уи мурадхэри уи хъуэпсапIэхэри къохъулIэну ди гуапэщ. Уи гурылъ къабзэхэм лъагэу ураIэт, дамэ лъэщхэм хуэдэу.

ЖЫЛАСЭ Маритэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2024 - 15:02

ЗАУЭМ И БЫНХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУАЩIУ

Налшык дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм теухуа пшыхь.

09.05.2024 - 09:03

ШАБЗАУЭХЭМ Я ЗЭФIЭКIЫР

Ростов областым хыхьэ Таганрог къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ.

09.05.2024 - 09:03

ЗАУЭЛIЫМ ДЕЖ ХЬЭЩIАПIЭ

Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIынущ.

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу