Паспортхэр иратащ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Павлов Василий школакIуэ ныбжьыщIэхэм паспортхэр яритащ.
Урысейм и махуэр щагъэлъапIэм ирагъэхьэлIэри, КъБР-м щыIэ МВД-м илъэс 14 ирикъуа ныбжьыщIэхэм щратащ паспортхэр. Абыхэм яхэтт еджэныгъэм щыпэрыт, спортымрэ гъуазджэмрэ ехъу­лIэныгъэхэр щызыIэрызыгъэхьахэр, ап­хуэдэуи къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэм я сабийхэр. Iуэху гуа­пэм кърихьэлIащ ныбжьыщIэхэм я адэ-анэхэри.
ЗэIущIэм хэтащ ведомствэм Iэпхъуэшапхъуэ IуэхухэмкIэ и управленэм и уна­фэщI, полицэм и полковник Бахъуэ Аслъэн, ­КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жы­лагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Руслан, ­КъБР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я ветеранхэм я советым и президиумым хэт ­Пыхъ МуIэедрэ минис­терст­вэм дэлажьэ Жылагъуэ советым хэт ШкIэжь Ирэнэрэ.
Iуэху гуапэм щыщIидзэм, полицэм и генерал-майор Павлов Василий ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ къэралым и дэфтэр нэхъыщхьэр яIэ зэрыхъуамкIэ, къыхигъэщащ Урысейм и цIыхуу ущы­тыныр зэрыщIыхьышхуэр.
- Мы махуэм щыщIидзащ фи гъащIэм и IыхьэщIэм. Иджы хуитыныгъэ фиIэнум къыдэкIуэу жэуаплыныгъи фхьынущ фи пщэ къыдэхуэ Iуэхухэм ятеухуауэ. Сы­ны­вохъуэхъу ди Хэкушхуэм хуэфащэ цIыхуу фыщытыну, ди къэралыр зыхуэдэнур зэлъытар фэращи,- къыхигъэщащ министрым.
НыбжьыщIэхэм псалъэ гуа­пэ­хэмкIэ зыхуагъэзащ Мэкъушэ Русланрэ Пыхъ МуIэедрэ.
Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ ­№33-м щIэс Мэкъуауэ Мансур ныб­жьы­щIэхэм къабгъэдэкIыу фIыщIэ яхуищIащ Iуэхур къызэзыгъэпэщахэм. Абы нэ­хъыжь­хэр къигъэгугъащ фIыуэ еджэну, и Хэкум хуэщхьэпэу псэуну.
ЗэIущIэ гуапэм пащащ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ зыхэта концерткIэ, IэфIыгъэкIэ гъэнщIа стIоли ныбжьыщIэхэм къы­хуаузэдат.

УЭРДОКЪУЭ Женя.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ