Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ, Урысейм юстицэмкIэ и министр Чуйченкэ Константин кърихьэлIэу къызэIуахыжащ УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и Управленэу КъБР-м щыIэм и унэ къагъэщIэрэщIэжар.
Чуйченкэ Константинрэ КIуэкIуэ Казбекрэ пэшхэр къаплъыхьащ, IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр къызэрызэгъэпэща щIыкIэм зыщагъэгъуэзащ. Министрыр апхуэдэуи кIуащ УФ-м и Суд приставхэм я къэрал къулыкъущIапIэм и Управленэу КъБР-м щыIэмрэ Тезыр зытралъхьахэм егъэпшыныжынымкIэ къэрал къулыкъущIапIэм и Управленэу КъБР-м щыIэмрэ.
ИужькIэ Чуйченкэ Константинрэ КIуэ-кIуэ Казбекрэ ирагъэкIуэкIащ Урысей Федерацэм ЮстицэмкIэ и министерствэм егъэщIылIа къулыкъущIапIэрэ IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэхэм я лэжьэкIэм теухуа зи чэзу Iуэхухэр щызэпкъраха зэIущIэ.
ЗэIущIэхэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министр Асанов Алим, Урысей Федерацэм ЮстицэмкIэ и министерствэм и Управленэу КъБР-м щы-Iэм и унафэщI Кужонов Жантемыр, Суд приставхэм я федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Бауаев Ахъмэт, Тезыр зытралъхьахэм егъэпшыныжынымкIэ къэрал къулыкъущIапIэм и Управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Лыхь Аслъэн, КъБР-м и Уэчылхэм я палатэм и президент Гегиев Юрий, КъБР-м и нотариальнэ палатэм и президент Хьэкъул Майе, ЦIыхухэм я граждан щытыкIэхэр тхынымкIэ управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI ПIаз Юлие.
ЗэIущIэхэм щызэхалъхьэжащ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэм кърикIуахэр, апхуэдэуи граждан жылагъуэм и институтхэр гъэзэщIакIуэ властым и органхэм зэрадэлажьэ щIыкIэми щытепсэлъыхьащ.
КIуэкIуэ Казбек Чуйченкэ Константин фIыщIэ хуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыкIуам икIи республикэм и правовой, социальнэ зэпIэзэрытагъыр зэлъытауэ щыт Iуэхухэм гулъытэ зэрахуищIам папщIэ. Республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ къалэн къэувхэр гъэзэщIа хъун щхьэкIэ къэрал къулыкъущIапIэхэм я къудамэу щIыналъэм щыIэхэмрэ республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и органхэмрэ быдэу зэпыщIауэ зэрызэдэлэжьапхъэр, апхуэдэуи абы и сэбэп екIын хуейщ республикэм щыпсэухэм хуащIэ къэрал Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъыр къэIэтыным.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
Правительствэмрэ я
пресс-IуэхущIапIэ.