«Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэ Бжьахъуэ Ранетэ

КъБР-м и Правитель­ствэм 2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м къыдигъэкIа Унафэ №222-РП-м ипкъ иткIэ, «Кабардино-Бал­карская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэу ягъэу­ващ КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм зегъэу­жьы­ным­рэ цIыхубэ хъыбарегъа­-щIэ политикэмкIэ и ­комитетымрэ КъБР-м и Пар­ламентым КIэ­лъып­лъыныгъэмрэ регламентымкIэ и комитетымрэ хэт, «Урысей зэкъуэт» Урысейпсо политикэ партым и Къэ­бэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм къыбгъэдэкIыу КъБР-м и Парламентым и депутат Бжьахъуэ Ранетэ.
Ранетэ Башир и пхъур Дзэлыкъуэ ­щIыналъэм хыхьэ Сэр­макъ къуажэм 1964 гъэм къыщалъхуащ, Ростов ­къалэм дэт къэрал уни­верситетым журналист IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналистщ.
Абы 1988 гъэм лэжьэн щIидзащ «Заря коммуниз­ма» (1990 гъэм и фIэщыгъэр «Зольские вести» ­жи­Iэу зэрахъуэкIащ) щIыналъэ газетым и корреспонденту. 1990 гъэм къы­щыщIэдзауэ 2009 гъэ пщIондэ «Зольские вести» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу щытащ. 2009 гъэм къыщыщIэ­дзауэ редактор нэхъыщхьэм и къалэнхэр игъэ­зэ­щIащ, иужькIэ редактор нэхъыщ­хьэ ­къулыкъум ягъэуващ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ