Къэбэрдей-Балъкъэрыр Лъэпкъ инвестицэ рейтингым увыпIэ 17-кIэ щыдокIуэтей

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Петербург щызэхэта ­дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэм ­кърикIуахэм щытепсэлъыхьыжа зэIущIэ.
Республикэм и Iэтащхьэм къихьащ Урысейм и щIыналъэхэм щыIэ инвестицэ щытыкIэм теухуауэ, Лъэпкъ инвестицэ рейтингыр зыхуэдэр и тегъэщIапIэу, Стратегие жэрдэмхэмкIэ агентствэм зэ­хуэсышхуэм хэIущIыIу щищIа бжыгъэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр яхэ­хуащ инвестицэ щытыкIэр щефIэкIуа щIыналъэ 40-м. Ар илъэс кIуам нэхърэ пункт 17-кIэ къыдэкIуэтеящ, балл 250,2-рэ къихьри. Къэпщытэныгъэхэм япкъ иткIэ, къэралым и щIыналъэ 85-ри увыпIэ 29-м трагуэшащ. Республикэм 16-нэ увыпIэр къихьащ, и Iуэхухэр иригъэфIакIуэри.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правитель­ствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Пра­вительствэм и УнафэщIым и япэ къуэ­дзэхэу Къуныжь МуIэедрэ Говоров Сергейрэ, КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, ­КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис.
КIуэкIуэ Казбек жиIащ рейтингыр щIы­зэхалъхьар инвестицэ щытыкIэр щIы­пIэхэм щегъэфIэкIуэным теухуауэ гъэзэ­щIакIуэ властым и органхэм зэфIагъэкI­хэр къапщытэн папщIэу зэрыщытыр. УнафэщIым къыхигъэщхьэхукIащ республикэм и экономикэм дежкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ туризм, мэкъумэш хозяйствэ, псэупIэ ухуэн IэнатIэхэм гулъытэ хэха яхуэщIын хуейуэ абы къызэригъэувыр.
2021 гъэм и лъэпкъ рейтингыр щыты­-кIэ 42-рэ унэтIыныгъиплIымрэ я лъабжьэу зэхалъхьащ: «ЩытыкIэр зэрырагъэфIэкIуэж щIыкIэр», «Хьэрычэт IэнатIэм епха институтхэр», «Инфраструкту­рэмрэ ресурсхэмрэ», «Хьэрычэт IэнатIэ мыиныр дэIыгъыныр». Мыбдежым къыхалъытащ хьэрычэтыщIэхэмрэ экспертхэмрэ зэрахэупщIыхьам кърикIуахэр, апхуэдэу статистикэм къит бжыгъэхэр. Iуэхур ефIэкIуэным сэбэп хуэхъуащ, къапщтэмэ, гъуэгухэм я фIагъыр, лэжьы­-гъэр зэтеухуэным нэхъ IэкIуэлъакIуэ зэ­ры­хуэхъуар, хьэрычэт IэнатIэм къэралыр мылъкукIи нэгъуэщIхэмкIи зэрыдэIэпыкъуар.
ЗэIущIэм щызэпкърахащ ирагъэкIуэ­-кIа зэпсэлъэныгъэхэм къарикIуахэр, инвесторхэм ядэлэжьэнымкIэ щыIэ Iэмалхэр, апхуэдэуи щIыналъэхэр зэпыщIауэ щытынымкIэ хэкIыпIэхэр. Iэтащхьэм рес­публикэм и Правительствэм хуигъэуващ щIыналъэм и инвестицэ щытыкIэр адэкIи егъэфIэкIуэным жыджэру яужь итыну. Къапэщытщ ухуэныгъэ ирагъэкIуэкIыну хуит зэращI къэрал дэфтэрхэр тэмэму икIи нэхъ псынщIэу къыIахыным, мылъкур тхыным, электросетхэм, нэгъуэщI коммуникацэхэм пыдзэным ехьэлIа Iуэхухэр зэкIэлъыгъэкIуэным теухуа къэ­рал Iуэхутхьэбзэхэр зэфIагъэкIыну.
«ЩIыналъэм и хьэрычэтыщIэхэм адэ­кIи зэIухауэ епсэлъэн хуейщ хьэрычэт ­IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ зегъэу­жьынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм, экономикэм инвестицэхэр къыхегъэлъхьэным ­теухуа IуэхухэмкIэ», - къыхигъэщащ КIуэ­кIуэ Казбек.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ