КъБР-м и Парламентым УхуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмрэ гъэсыныпхъэ-энергетикэ IуэхущIапIэхэмкIэ, ПромышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу IэнатIэмкIэ и комитетхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Къалэ зэIузэпэщ» Iуэхур Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэрыщагъэзащIэм.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэхэу Афэ-щIагъуэ Михаилрэ («Урысей зэкъуэт» политикэ партым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и секретарь) Жанатаев Сэлимрэ, КъБР-м и Парламентым УхуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмрэ гъэсыныпхъэ-энергетикэ IуэхущIапIэхэмкIэ и комитетым и унафэщI Гриневич Валерий, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу КъБР-м и Парламентымрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, Тэрч, Бахъсэн, Прохладнэ къалэ-хэм я щIыпIэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэмрэ абыхэм я къуэдзэхэмрэ.
АфэщIагъуэ Михаил жиIащ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым къыхилъ-хьа жэрдэмхэм я фIыгъэ-кIэ муниципальнэ щIыналъэхэм зыхэт гугъуехьхэр къызэранэкIын зэрахузэфIэкIыр, псом хуэмыдэу къалэхэр зэIузэпэщ щIынымкIэ, зыгъэпсэхупIэхэмрэ пщIантIэхэмрэ зыхуей хуэгъэзэнымкIэ ахэр зэрысэбэпыр.
- Фэтэр куэду зэхэт унэ-хэм я пщIантIэхэр зэIузэпэщ щIын хуейщ, щыпсэухэм я Iуэху еплъыкIэхэри къэлъытауэ. Абы щхьэкIэ мы проектхэр зытеухуам ахэр хэгъэгъуэзапхъэщ. Программмэр иджыри илъэситI-щыкIэ лэжьэнущи, зэманыр дымыгъэкIуэду псори зэпэшэчауэ нэхъыбэ зэрытхуэщIэным дыхущIэкъун хуейщ, - жиIащ АфэщIагъуэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым «Къалэхэр зэIузэпэщ щIын» Iуэхур щыгъэзэщIэным теухуауэ Iэ зыщIадза зэгурыIуэныгъэхэм псоми зэхэту сом мелуани 127-рэ мин 14,719-рэ къызэщIеубыдэ. Абы щыщу зи уасэ щIатар сом мелуани 101-рэ мин 932,809 мэхъу (про-цент 80,3-рэ).
Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмрэ зэIузэпэщ щIынымкIэ и управленэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ АфэщIагъуэ Руслан жиIащ Налшык къалэм 2018 гъэм зэIузэпэщ ща-щIа пщIантIэхэр 8 зэрыхъур, псоми зэхэту сом мелуан 23-рэ мин 515,630-рэ зэрытекIуэдар. КъищынэмыщIауэ, ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэм и лъагъуэ нэхъыщхьэм тет псыутхыр зэрагъэпэщыжащ.
Бахъсэн къалэм мы гъэм пщIантэхэр зыхуей хуагъэзэным сом мелуани 10-м щIигъу трагъэкIуэдащ. «Къалэ цIыкIухэм я зыгъэпсэхупIэхэр» къэрал программэм хыхьэу, Бахъсэн парк щыухуэным сом мелуани 2-рэ мин 200-м щIигъу хухахащ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ унэм и гупэр зэгъэпэщыжыным - сом мелуани 5-рэ мин 463-рэ. Бахъсэн къа- лэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Къардэн Назир зэрыжиIамкIэ, а утыр нэхъапэу зэIузэпэщ щIын хуейхэм зэращыщыр гъатхэпэм и 23-м ирагъэкIуэкIа IэIэтым къыщагъэлъэгъуащ.
Тэрч районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алъхъэс Аскэр ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм щытепсэлъыхьым жиIащ 2018 гъэм зэIузэпэщ ящIа пщIантIи 9-м зэхэту сом мелуани 9-рэ мини 163-рэ зэрытекIуэдар.
Прохладнэ къалэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Тараев Игорь къыхигъэщащ зэраубзыхуам тету лэжьыгъэхэр зэрызэфIагъэкIар икIи 2018 гъэм сом мелуан 18,4-рэ къызэрагъэсэбэпар.
АфэщIагъуэм дыщIигъужащ цIыхухэм яIущIэным, я лэжьыгъэм ахэр щагъэгъуэзэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Апхуэдэуи гу лъаригъэтащ федеральнэ ахъшэхэр къызэрагъэсэбэпым адэкIи я нэ-Iэ трагъэтын зэрыхуейм.