Дэфтэр зыбжанэ къащтэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэ­кIуэкIа зэIущIэм депутатхэр щытеп­сэ­лъыхьащ республикэм и закон зыбжанэм я проектхэм.
Абыхэм ящыщт «КъБР-м и зэзыгъэкIуж хеящIэхэм ятеухуауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» законопректыр. КъБР-м и ­Парламентым жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ и комитетым и унафэщI Кривко Михаил зэрыжиIамкIэ, дэфтэрыр ягъэхьэзыращ зэ­зыгъэкIуж хеящIэхэм я пщэрылъхэр зэ­рагъэзащIэ пIалъэр къыщагъэлъэгъуа Фе­деральнэ законыр мэлыжьыхьым и 5-м къызэращтам къыхэкIыу.
Депутатхэр хэплъащ «ЩIыщIагъ фIыгъуэхэм ятеухуауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законопроектым. КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, щIыуэпсыр хъумэнымрэ ар къэгъэ­сэ­бэпынымкIэ и комитетым и унафэщI ТекIушэ Артур жиIащ законопроектыр федеральнэ законодательствэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм тету зэрызэхагъэу­-вар. Абы щагъэбелджылыжащ щIы­-щIагъ фIыгъуэхэр къызэрагъэсэбэпыпхъэ щIыкIэмрэ зы фIэщыгъэ яIэу ахэр щытын зэрыхуеймрэ.
КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI Къэжэр Хъусен тепсэлъыхьащ «КъБР-м щыпсэухэм социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэнымкIэ лэжьыгъэхэр гъэтэмэ­мы­ным теухуауэ» КъБР-м и Законым и гуэ­дзэным зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законопроектым. Абы зэрыжиIамкIэ, зэхъуэкIыныгъэхэр зытещIыхьар зи ныбжь хэкIуэтахэмрэ ­ныкъуэдыкъуэхэмрэ (республикэм и ­IуэхущIапIэхэм щыпсэу сабий ныкъуэ­ды­къуэхэри яхэту) зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэр ирагъэфIэкIуэнырщ.
Зи гугъу ящIа законопроектхэм нэхъ ­куууэ хэплъа нэужь, КъБР-м и Парла­ментым и зи чэзу зэIущIэм къыщыхалъ­хьэну зэгурыIуащ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Дзэ щIы­хьым и махуэхэмрэ Урысейм и фэеплъ махуэшхуэхэмрэ ятеухуауэ» Федеральнэ законым и 1-нэ Iыхьэм зэхъуэкIыныгъэ­хэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» федеральнэ законым и проектым зэрыпэджэж Iуэхум. КъищынэмыщIауэ, депутатхэр хэплъащ хэхауэ яхъумэ щIыпIэхэм, жэуаплыныгъэ яхэлъу хьэкIэкхъуэкIэхэм я нэIэ зэрытрагъэтым, нэгъуэщIхэми ятеухуа федеральнэ закон, законодательнэ жэрдэм зыбжанэм я проектхэм, УФ-м админист­ративнэ хабзэхэр къызэпемыгъэудыным, Къалэухуэ, Лэжьыгъэ кодексхэм зэхъуэ­кIыныгъэ хэлъхьэным.
ЗэIущIэм депутатхэм зэдэарэзыуэ къыщагъэлъэгъуащ республикэм и лэжьа­кIуэ нэхъ пажэхэм ящыщу КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъкIэ ягъэлъэ­пIэнухэр. КъыкIэлъыкIуэ зэIущIэхэр ирагъэкIуэкIынущ мэкъуауэгъуэм и 17-мрэ и 29-мрэ.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI