КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ «Урысей зэкъуэт» партым и сессием

Петербург щекIуэкI дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэм щыIэу КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ «мыхьэнэшхуэ зиIэ зи чэзу Iуэхухэм щытепсэлъы-хьу Урысей зэкъуэт» партым мэкъуауэ­гъуэм и 4-м иригъэкIуэкIа сессием.
ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ партым и Совет нэхъыщхьэм Секретарь Турчак Андрей. Урысейм и Правительствэм щыщу абы хэтащ вице-премьерхэу Хуснуллин Марат, Новак Александр сымэ. Сессием кърихьэлIащ щIыналъэ щэщIым щIигъум я унафэщIхэр.
«Партым къыхилъхьа жэрдэмхэу къэралым и УнафэщIым Федеральнэ Зэхуэ­сым Зэрызыхуигъэзам хыхьахэм ящыщщ газыр щIы Iыхьэхэм я гъунапкъэхэм нэс яхуэ­шэ­ным теухуар. А унафэм цIыхухэр куэд ­щIауэ пэплъэрт. Вэсэмахуэ, мэкъуауэгъуэм и 2-м, ФедерацэмкIэ Советыр арэзы те­хъуащ абы теухуа федеральнэ законым. Дэфтэрым къыхелъхьэ «газ щIэшыныр зэкIэлъызыгъэкIуэну оператор» щыIэныр. Дэ дызэреплъымкIэ, абы и фIыгъэкIэ унэ мелуанитIым нэблагъэм зэман гъунэгъум газыр хуашэфынущ, - жиIащ Турчак, Петербург щекIуэкI дунейпсо экономикэ зэхуэ­сышхуэм хэтхэм защыхуигъазэм. - Къимы­дэкIэ, Iэмал зэриIэкIэ нэхъ тынш ящIащ абы пыщIа Iуэху псори, газыр ­щыпадзэну зэманри кIыхьлIыхь мыхъунри къалъытащ. Газ щIебгъэшэн щхьэкIэ МФЦ-м е къэрал Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм яхузэ­фIэ­зыгъэкI IуэхущIапIэхэм захуэб­гъазэми ­хъунущ, газыр щIэшэным текIуэдэну ­мылъкур къызыхэкIынури ягъэбелджылы. Щхьэ­хуэу ядэIэпыкъун хуейщ нэхъ зылъэ­мыкI­хэм - пенсионерхэм, ныкъуэдыкъуагъэ зыбгъэ­­дэлъхэм, унагъуэшхуэхэм».
Инфраструктурэм зегъэужьыным ехьэ­лIа проектхэр щIыналъэхэм щыгъэзэ­щIэ­ным хуэщхьэпэну Iэмалхэм теухуауэ къэпсэлъащ Хуснуллин Марат, губерна­торхэр зэхуэсым хэтхэм ядэгуэшащ а IэнатIэм щамурадхэмкIэ, проектхэр гъэзэ­щIэ­нымкIэ яIэ хъуа зэфIэкIхэмкIэ.
«ПсэупIэ» къэрал проектым хыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым 2022 - 2024 гъэхэм щы­зэфIагъэкIыну я мурадщ Налшык къа-лэ округым щащIыну псэупIэ хьэблэхэм псы яхуэшэнымрэ къагъэсэбэпар къыIу­шынымрэ къызэзыгъэпэщыну Iуэхухэр. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр Бахъсэн, Iуащхьэ­махуэ муниципальнэ щIыналъэхэмрэ Налшык къалэм и нэгъуэщI щIыпIэхэмри ­щрагъэкIуэкIыным теухуа Iуэхум хоплъэ. Лэ­жьыгъэхэр Урысей Федерацэм «Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм зегъэужьын» и къэрал программэм ипкъ иткIэ зэфIагъэкIыну я мурадщ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.