Сабийм нэхърэ нэхъ лъапIэ щыIэкъым

Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ депутатхэр и гъусэу щыIащ Прох­ладнэ къалэм дэт сабий унэ-интернатым.
Абыхэм зыщагъэгъуэзащ сабийхэм я псэукIэм. Интернатым хэтщ цIыкIу­хэм я узыншагъэр щрагъэ­фIакIуэ къудамэ, щыжей, щыджэгу пэшхэр. Iуэху­щIапIэм и унафэщI Лаши­-нэ Еленэ зэрыжиIамкIэ, ме­дицинэ Iуэхутхьэбзэ псори сабийхэм и чэзум хуа­щIэ.
Интернатым зыщаплъы­хьа нэужь, хьэщIэхэр ирагъэблэгъащ IуэхущIапIэм и пэшышхуэм. Егоровэ Татьянэ интернатым и гъэ­сэнхэм ехъуэхъуащ Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэмкIэ.
- Мы махуэшхуэм мы­хьэнэшхуэ иIэщ, сабийм нэхъ лъапIэ мы дунейм тет­къыми. Абыхэм я гугъэр къедгъэхъулIэн папщIэ, я гъащIэр насыпыфIэ хъун щхьэкIэ ди къару деблэж хъунукъым. Дэтхэнэми ­сы­нывохъуэхъу фи гъащIэм фыщыIущIэну дэIэ­пы­къуэгъу къыфхуэхъуну цIы­ху ­гуапэхэм. Насыпыш­хуэу къызолъытэ апхуэдэ цIыху­хэм ноби фыкъызэраухъуреихьыр, - жиIащ Егоровэм, сабий унэм щыла­жьэ­хэм я фIыщIэр къыхигъэщу.
- Сабийхэм фи нэIэ ятев­гъэтыным фи гъащIэр тевухуащ. Гулъытэрэ къа­лэны­шхуэрэ щыгъэзэщIэн хуей IэнатIэм гу хуабагъи щыпхэмылъу хъунукъым. Ахэр псори фэ вбгъэ­дэлъ­щи, фи лэжьыгъэм щытхъу ин хуэфащэщ, - пищащ Егоровэ Татьянэ. - IуэхущIапIэр къызыхуэтыншэу зэры­щытыр нэрылъагъущ, нэхъыщхьэращи, сабийхэм Iэмал яIэщ медицинэ Iуэху­тхьэбзэхэр мыбдеж ща­гъуэтыну. Псоми махуэш­хуэмкIэ, гъэмахуэм и япэ махуэ дыгъэпсымкIэ сыны­вохъуэхъу.
Егъэджэныгъэмрэ цIыху­хэм социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэнымрэ щиIэ ехъулIэныгъэм папщIэ, Прох­ладнэм дэт сабий ­унэ-интернатым психолого-педагогикэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и къудамэм и уна­фэщI Зайцевэ Еленэ иратащ КъБР-м и Парла­ментым и УнафэщIым и ФIы­щIэ тхылъыр.
Депутатхэм IуэхущIапIэм тыгъэ хуащIащ унэм къыщагъэсэбэпыну техникэ, сабийхэм - зэрыджэгуну хьэп­шыпхэр, IэфIыкIэхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр.
Лашинэ Еленэ депутатхэм фIыщIэ яхуищIащ зыкъызэрыщIагъэкъуам пап­щIэ.
- Фи Iуэху гуапэхэр щэрэ ми­ну фхуэбэгъуэжыну, фи лэжьыгъэм ехъулIэныгъэ щы­виIэну сынывохъуэхъу, - жиIащ абы.
Къыхэгъэщыпхъэщ КъБР-м­ и Парламентым зэ­пымыууэ гулъытэ хэха зэ­рахуищIыр гугъуехь пэ­щIэ­хуа сабийхэм.
- Нобэрей махуэшхуэм жылагъуэр, къэралыр дыкъыхуреджэ сабийхэм да­зэрыдэIэпыкъуным зэпы­мы­ууэ дыхущIэкъун зэры­хуейм. Псом хуэмыдэу ­сабийхэм я узыншагъэм и гугъу тщIымэ, мыбдеж ­гущIэгъу тхэмылъу хъунукъым. Дэтхэнэри, гува-щIэхами, зэупщIыж къы­щIэ­кIынщ: «Сыт сэ абыхэм яхуэсщIэфынур?», «СыткIэ дэIэпыкъуэгъу сыхъуфыну?» - жиIэу. Дэ тщыщ дэтхэнэми сабийхэм лъагъу­ныгъэрэ гугъэрэ еттыфынущ. Псапэ зыпылъ Iуэху лэжьыныр ди гъащIэм и IыхьэфI зэрыхъуам ущогуфIыкI. Абы къикIращи, зэ­хэщIыкIрэ гущIэгъурэ ды­щыщIэнукъым. ИкъукIэ сыхуейт сабий псори узын­шэ, насыпыфIэ хъуну, - дыщIигъуащ Егоровэ Татьянэ.
Депутатхэр зэхуэсыгъуэ зыбжанэ хъуауэ доIэпыкъу сабий зеиншэхэм, адэ-анэхэм я нэIэ щIэмы­тыж­хэм, ­гугъуехь пэщIэхуа­хэм. Ап­хуэдэщ: Сабий унэр, ­Ба­лигъ ныбжьым нэмы­сахэм я «Нэмыс» республикэ центрыр, республикэм и школ-интернатыр (Нартан къуа­жэ), Приближнэ станицэм дэт школ-интернат №2-р, Сабий-ныбжьыщIэ спорт-адаптивнэ школыр. Мыбы­хэм ящыщ дэтхэнэ IуэхущIапIэми депутатхэм езыхэм я ахъшэкIэ къащэ­-хуа саугъэтхэр ирагъэшащ.

Мурат Даринэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ