КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэм щадэлэжьэну центр къыщызэIуахым

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ хэтащ сабий мыузыншэхэм папщIэ центр Нарткъалэ къызэ­ры­щызэIуахым теухуа дауэдапщэхэм. Ар ирагъэхьэлIащ Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм.
ЗэIущIэм хэтащ центрым и гъэсэнхэр, абыхэм я адэ-анэхэр, егъэджакIуэхэр, КъБР-м и Правительствэм, щIыналъэм и администрацэм щыщхэр, Парламентым и депутатхэр, социальнэ мыхьэнэ зиIэ а ухуэныгъэм зи мылъку хэзылъхьа хьэрычэтыщIэхэр.
Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм, КIуэ­кIуэ Казбек ягу къигъэкIыжащ центрыр къызэрызэрагъэпэща щIыкIэр: «ЩIыналъэр мыпхуэдэ центр зэрыхуэныкъуэм теухуа Iуэхум япэу и гугъу ящIауэ щытащ 2015 гъэм. А проектыр пхыгъэкIыным и ­телъхьэу къэувауэ щытащ Ерчэн Тембулэт Хъусен и къуэр, Аруан щIыналъэм и хьэрычэтыщIэ куэдми ар даIыгъащ».
Центрыр къыщызэрагъэпэщыну щIы­пIэр Нарткъалэ и кум хуэзэу хухахат, дэIэпыкъуэгъухэм я фIыщIэкIэ лэжьыгъэшхуи ирагъэкIуэкIат, ауэ щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу проектыр гъэзэщIэныр къызэтрагъэувыIауэ щытащ.
Илъэс кIуам и шыщхьэуIум КIуэкIуэ Казбек «Мэшыкъуэ-2020» щIалэгъуалэ зэхуэсым кIуахэм онлайн мардэм тету щепсалъэм абы хэтхэм ящыщ Бжьэ­дыгъу Мурат къиIэтауэ щытащ проектыр и кIэм нэгъэсын зэрыхуейм теухуа Iуэхур икIи республикэм и Iэтащхьэр абы арэзы те­хъуэри диIыгъащ. «А жэрдэмым къыпэджэжащ а сабийхэм я гъащIэр зэрыхъунур къызыфIэIуэху хьэрычэтыщIэ гумащIэхэр. Ахэр зэхыхьэри, сабийхэм мы школ телъыджэр тыгъэ хуащIащ. Ину фIыщIэ яхудощI абы щхьэкIэ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
Зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэм щадэлэжьэну центрыр лажьэу яутIыпщащ республикэм щыщ хьэрычэтыщIэхэу Къудали Мухьэмэд, Настаев АлисулътIан, Лыджыдэ Аслъэн, Лъакъуэдыгъу Хьэзрит, Щоджэн Руслан, Шунгаров Самат, Сунш Iэдиб сымэ я фIыщIэкIэ.
Республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ унагъуэхэм, сабийхэм защIэгъэ­къуэнымкIэ хьэрычэт IэнатIэм, къэрал политикэм кIуэ пэтми нэхъ къалэнышхуэ я пщэ къыдэхуэурэ зэрыкIуэр. «Урысей ­Федерацэм и Президентым къэралым иригъэкIуэкI политикэм и къалэн нэхъыщхьэу къегъэув сабий зиIэ унагъуэ­хэм защIэгъэкъуэныр», - къыхигъэ­щхьэ­хукIащ КIуэкIуэм.
Сабийхэм я узыншагъэм кIэлъы­плъы­ным, ар егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ ­зыхуеину псомкIи къызэгъэпэщащ центрыр: тыншыпIэхэр хэтщ, сабийм и узыншагъэр зэфIэгъэувэжыным хуэщхьэпэну иджырей тренажер Iэмэпсымэ лъэщхэр щIэтщ. Сабийхэм ядэлэжьэну гъэса­кIуэхэр мы зэманым яужь итщ зи узыншагъэм сэкъат иIэ цIыкIухэм ядэлэжьэну ­хуит зыщI дэфтэрхэр къыIахыным, лэжьакIуэхэр къащтэ. Иджыпсту щыщIэ­дзауэ Центрыр жыджэру пыщIащ зи узыншагъэкIэ гуныкъуэгъуэ зиIэхэм ­папщIэ Налшык къалэм дэт сабий-ныбжьыщIэ спорт школым, апхуэдэ сабийхэм ядэ­лэжьэным и иджырей пIалъэхэр зрагъэщIэн мурадкIэ.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ