Кадетхэр ягъэгушхуэ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щы­Iэ Павлов Василий кадетхэмрэ абыхэм я егъэджа­кIуэхэмрэ ехъуэхъуащ гъэ еджэгъуэр къызэрау­хамкIэ.
Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм ирихьэ­лIэу, КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ Iуэху гуапэ. Абы кърагъэблэгъащ Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №7-м полицэм и япэ кадет класс къыщызэрагъэпэщам щеджэхэмрэ абы­хэм я егъэджакIуэ­хэмрэ.
Министерствэм ЩэнхабзэмкIэ и центрым иубзы­-хуа Iуэхухэм япкъ иткIэ кадетхэр щыгъуазэ ящIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ МВД-м и ­IэнатIэхэм я лэжьыгъэм. Гъэ еджэгъуэм хиубыдэу ка­детхэр щыIащ ведомст­вэм и IуэхущапIэ зэмылIэу­жьыгъуэхэм. ЕджакIуэхэм къагъэлъэгъуащ жэуап­лы­ныгъэ зэрызыхащIэр, зэ­ры­гъэсар, зэрыжыджэрхэр.
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, ­полицэм и генерал-майор Павлов Василий жиIащ и фIэщ зэрыхъур кадетхэр я ныбжьхэм сыт и лъэны­къуэкIи щапхъэ зэрахуэ­хъунур.
- МВД-м и лэжьыгъэр ­зы­теухуэжар жылагъуэр мамы­рынырщ, фи адэ-анэхэм, Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ я шынагъуэншагъэр къы­зэ­гъэпэщынырщ. Дэтхэнэ ди лэжьакIуэми хэлъхьэ­ныгъэ хуещI щIэпхъаджагъэм пэщIэтыным, хабзэм ебакъуэ къэмыгъэхъуным. ИужькIэ фэ ныб­жьы­щIэ­хэрщ ахэр зи къалэн хъунур, фыпэ­лъэ­щын­кIи ды­зы­щыгугъыр, - къыхигъэщащ министрым.
Апхуэдэуи, ведомствэм и унафэщIым фIыщIэ яхуи­щIащ Налшык къалэ дэт МКОУ СОШ №7-м и уна­фэщI­хэмрэ егъэджакIуэ­хэмрэ школакIуэхэр егъэ­джэным, абы полицэм и ка­дет классхэм я гъэсэнхэри хыхьэу, я гуащIэ, лэжьыгъэшхуэ зэрыхалъхьэм папщIэ.
Курыт еджапIэ №7-м и унафэщI Хъарзынэ Заур КъБР-м щыIэ МВД-м и унафэщIхэм фIыщIэ яхуи­щIащ сыт щыгъуи я нэIэ къызэрытетым, гулъытэ къы­зэрыхуащIым папщIэ.
Кадетхэм псалъэ гуа­пэкIэ зыхуагъэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Русланрэ Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и IэнатIэхэм я ветеранхэм и Советым и президиумым хэт, тIысыжауэ зызыгъэпсэху милицэм и полковник Пыхъ Му­Iэедрэ. Абыхэм даIыгъащ кадет зэщIэхъхееныгъэм республикэм адэкIи зыщегъэубгъуныр икIи гъэ еджэгъуэр къэзыуха цIыкIухэм ехъуэхъуащ зыгъэпсэху­гъуэр сэбэп пылъу ягъэ­кIуэ­ну.
Махуэшхуэ зэхыхьэм и кIэухым министр Павлов Василий кадет классым щеджэхэр хэкупсэу гъэсэ­ным хуащIа хэлъхьэныгъэм папщIэ КъБР-м щыIэ МВД-м и щIыхь тхылъхэр яритащ школым и унафэщI Хъарзынэ Заур, абы и къуэ­дзэ, МВД-м дэлажьэ Жы­ла­гъуэ советым и лIыкIуэ ЦIыпIынэ Заремэрэ класс унафэщI Къэблахъуэ Эльмирэ сымэ.
Еджэныгъэм, спортым, творческэ, жылагъуэ гъащIэм ехъулIэныгъэ щы­зы­Iэ­рызыгъэхьа кадет клас­сым и гъэсэнхэм хуагъэ­фэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ МВД-м и щIыхь тхылъхэр. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министрым кадет псоми яритащ фэеплъ саугъэтхэр.
Къыхэдгъэщынщи, махуэшхуэ зэIущIэр щекIуэ­кIым къыхахащ кадет нэхъыфIыр. ЕгъэджакIуэхэр зэдэарэзыуэ ар хуагъэфэщащ еджэныгъэми спортми щыпашэ Энеев Амир.

УЭРДОКЪУЭ Женя.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.