КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтынущ Петербург щекIуэкIыну дунейпсо экономикэ зэхыхьэшхуэм

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтынущ мэкъуауэ­гъуэм и 2 - 5-хэм Петербург щекIуэкIыну дунейпсо экономикэ зэхыхьэшхуэм.
«Мы зэIущIэм дыщыкIуэнум ипэ ­къихуэу дэ дегупсысащ республикэм и экономикэм зегъэужьыным и лъэныкъуэкIэ къытпэщыт къалэн инхэр дэдгъэ­кIынымкIэ хэкIыпIэхэм. Гулъытэ хэха хуэтщIащ къэралым и субъект зэмы­лIэу­жьыгъуэхэм дазэрыдэлажьэм зегъэуб­гъунымкIэ щыIэ Iэмалхэм. Дэ щIыналъэ щхьэхуэхэм дагурыIуащ экономикэм и IэнатIэ пыухыкIахэм зегъэужьынымкIэ зэщIыгъуу зэфIэдгъэкIыфынухэм ятеу­хуауэ икIи абыхэм япкъ иткIэ зэгурыIуэ­ныгъэ щхьэхуэхэм я проектхэр дгъэхьэ­зыращ. Экономикэ зэхыхьэшхуэм хиу­быдэу дэ а проектхэм Iэ щIэддзыну ди мурадщ. НэгъуэщI щIыналъэхэр нэхъ дэ­зыхьэххэм ящыщщ цIыхум зигъэп­сэхунымкIэ, абы и узыншагъэр зэтри­гъэувэжынымкIэ ди деж щыIэ Iэмалхэр, апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IэнатIэр. ЗэгурыIуэныгъэхэм ящы­щу нэхъ мыхьэнэшхуэ иIэу дэ къы­долъытэ «Росгеологие» акционер зэгу­хьэныгъэм дэлэжьэныр. Абы Iэмал ­къитынущ туризмэмрэ курортхэмрэ я ­инфраструктурэр егъэфIэкIуэнымкIэ, республикэм и социально-экономикэ зыу­­жьы­ныгъэр щIэзыгъэхуэбжьэну гео­логие къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIынымкIэ. Дунейпсо экономикэ зэхыхьэшхуэм и фIыщIэкIэ дэ IэмалыщIэхэр дгъуэтынущ къэралым и щIыналъэ нэхъ пэрытхэм я зэ­фIэкIым щыгъуазэ зытщIынымкIэ», - къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек, къэ­кIуэну зэIущIэшхуэм и гугъу щищIым.
Дунейпсо экономикэ зэхыхьэшхуэм ­хиубыдэ Iуэху нэхъыщхьэхэр щрагъэ­кIуэкIынущ «Экспофорум» гъэлъэгъуапIэ центрым.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ­Iэтащхьэр щIэсынущ Урысей Федерацэм и Президент Путин В. В. къыщыпсэлъэну пленар зэIущIэм, апхуэдэу Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм «Экономикэмрэ финансхэмрэ» унэтIы­ныгъэм теухуауэ иригъэкIуэкIыну зэхуэ­сым.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм икIы­­ну официальнэ делегацэмрэ абы и унафэщI КIуэкIуэ Казбекрэ щIыналъэ, ведомствэ, зэгухьэныгъэ щхьэхуэхэм я лIыкIуэхэм яхуэзэнущ икIи абыхэм ящыщ зыбжанэм зэгурыIуэныгъэ пыухыкIахэр иращIылIэну я мурадщ. Къапщтэмэ, ­Петербург щекIуэкIыну дунейпсо экономикэ зэхыхьэшхуэм хиубыдэу Iэ щIадзынущ «Росгеологие» акционер зэгухьэныгъэм зэрыдэлэжьэну зэгурыIуэныгъэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэмрэ Санкт-Петербург ­къалэм и Правительствэмрэ 2021 - 2026 гъэ­хэм зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ зэра­щIы­лIа зэгурыIуэныгъэр гъэзэщIэ­нымкIэ ­лэ­жьыпхъэхэм я планым, ап­хуэдэу Ново­сибирск областым, Удмуртие Рес­­пуб­ликэм, Коми Республикэм ядэ­лэ­жьэнымкIэ зэгурыIуэныгъэхэм.
Ди республикэм икIахэр хэтынущ мы зэхыхьэшхуэм хиубыдэу ирагъэкIуэкIыну семинархэм, конференцхэм, адрей зэп­сэ­лъэныгъэхэм.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI