КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ «муниципальнэ сыхьэт»

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ири­гъэкIуэкIащ зи чэзу «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр.
Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэ­дзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим, муници­пальнэ зэгу­хьэныгъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.
Мусуков Алий зэIущIэм хэтхэр щы­-гъуазэ ищIащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъу щIыкIэм. Республикэм и жылэхэр псыкIэ къызэгъэпэща зэрыхъум ехьэлIа Iуэхухэр зэпкърахащ.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ республикэм щыпсэухэм иджыпсту ирикъуу псы зэрамыгъуэтым теухуауэ цIыхухэр зэрытхьэусыхэр.
«А Iуэхум кIэлъыплъыпхъэщ икIи ап­хуэдэ дэтхэнэ зы мыарэзыныгъэри зэхэгъэкIауэ хэкIыпIэ къыхуэгъуэтын хуейщ», - къыхигъэщхьэхукIащ КъБР-м и Iэтащхьэм. ЩIыналъэм и УнафэщIым зыхуэфащэ IэнатIэхэм пщэрылъ ящищIащ псыр гуэшыныр зи къалэн IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр къы­зэрызэгъэпэща щIыкIэр щIыналъэ псоми къыщапщытэну.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ зэIузэпэщ ящIыну щIыпIэхэр гъэбелджылыным теу­хуа Урысейпсо IэIэтым нэхъ жыджэру ­хэтхэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэращы­щыр. 2022 гъэм зыхуей хуагъэзэну щIы­пIибл къыхахын хуейщ. КъБР-м и Iэтащ­хьэ КIуэ­кIуэ Казбек гулъытэ хэха хуищIащ IэIэтыр зэфIэкIа нэужь абы кърикIуахэм япкъ икIэ зэгурыIуэныгъэхэр зэщIылIэным щIадзэн зэрыхуейр, лэжьыгъэхэм нэхъ пасэу яужь ихьэн хуэдэу.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.05.2024 - 10:52

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТРАУХУЭ

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм зэIущIэ щекIуэкIащ, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщауэ.

13.05.2024 - 15:35

МАМЫРЫГЪЭМ И ЖЬЭГУР НАЛШЫК ЩЫЗЭЩIАГЪЭБЛАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр.

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.