Гъэсэныгъэм и зы Iэмал

ЩыцIыкIум щегъэжьауэ щIэблэм егъэ­цIыхун хуейщ къы­зыхэкIа лъэпкъыр. Абы Iэмал иIэщ: и ныбжьым хуэгъэза­ ­тхы­гъэхэм укъыхуеджэурэ, хуэщIэн хуэдизкIэ лъэпкъ Iуэхум хэбгъэхьэурэ.
Къармэхьэблэ къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-м адыгэм ди щыгъуэ-щIэж махуэм техуауэ дерсхэр щекIуэкIащ. Абы хэтащ пэщIэдзэ классхэри нэхъыжьыIуэхэри. ЕгъэджакIуэхэм дерс зэIухахэр ирагъэкIуэкIащ. ЦIыкIухэр тхыдэм ирагъэплъэжащ, адыгэ фащэм, лъэп­къым къыдэгъуэгурыкIуа хабзэхэм яхутеп­сэлъыхьащ, щы-гъуэ-щIэж махуэм и мы­хьэнэм - лъэпкъым ар къызэрыгурыIуэн ­хуейм и гугъу ящIащ, лъэпкъ дамыгъэхэр ирагъэщIащ, апхуэдэуи а махуэ гуауэм и нэщэнэ лентI удзыфэхэр хуагуэшащ.
НыбжьыщIэхэр гъэхуауэ къеджащ адыгэм и тхыдэ гуузым, ИстамбылакIуэ гъуэгур къызы­хэ­щыж усэхэм. Нэхъыбэу гулъытэ хуащIащ ­хамэ щIыпIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъу уса­кIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм. Класс блыным фIадза Адыгэ ныпым хуэфэщэн щIэблэ къыдэбгъэкIуэтеиным гуа­щIэ ехьэлIэн зэ­ры­хуейр къызыгурыIуэ егъэджакIуэхэр бэ­лэ­рыгъхэркъым цIыкIу­хэм я лъэпкъ гуп­сы­сэр псыхьыным теухуауэ.

Гугъуэт Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ